Узыхуэщхьэхыр уи щхьэ къохуэж

 Журт лъэпкъым щхьэкIэ «ИсраIил и бынхэр» жаIэ. И тхьэшынагъымкIэ цIэрыIуэу, гуэныхьым зыщихъумэрэ шыIэныгъэшхуэ хэлъу лIыфI гуэр яхэтт абыхэм. Алыхьталэм деж а духьэшым и пщIэр апхуэдизкIэ щыинти, зыщIэлъэIу псори къыхуищIэрт. Бгыщхьэхэм къыщикIухьу, жэщ псом нэмэз ищIу апхуэдэт ари, Алыхьым абы и унафэм зы пшэ къыщIигъэуват, и ужьым имыкIыу. Щихъыр щыхуейм деж, пшэм псы къыхурикIыхырти, мыдрейм ар ирифырт, зритхьэщIырт. Апхуэдэ защIэу екIуэкIащ лIым и дин лэжьыгъэхэр нэхъ къыфIэмыIуэхуу хъуху. Арати, Алыхьталэми пшэр иубыдыжри, щихъыр нэщхъей къэхъуащ, Тхьэм и нэфIыр зэрыщхьэщыкIар къыгурыIуэри. Жэщ гуэрым абы макъ зэхех: «Мыпхуэдэ пащтыхьым деж кIуэи, духьэ пхуищIыну елъэIу, абы и псалъэр Алыхьым деж нос». 
 ЩIышхуэ зэпиупщIу, щихъыр макIуэ зи цIэ къыхураIуа къалэм. АрщхьэкIэ сэрейм щIагъэхьэркъым, пащтыхьым цIыхухэр щригъэблагъэ махуэр нобэкъым, къыжраIэ. ЛIыр йогупсыс: апхуэдэу цIыхухэм защызыгъэпщкIу пащтыхьыр Алыхьым пэгъунэгъур пэж? ЖыхуаIа махуэм егъэзэжри, щыгъын зыкъизыхкIэ зэщыхуэпыкIа уэзирым къыжреIэ: «Иджы лъэIу зиIэхэр фыкъыщIыхьэ». 
 АдэкIэ къэхъуар щихъым и псалъэкIэ къэтIуэтэжынщ: 
 - Уэзирым цIыхухэр зырызу пащтыхьым бгъэдишэурэ, сэри си чэзур къос. 
Пащтыхьым сэ зыкъысхуегъазэри жеIэ: «Къеблагъэ, пшэр зи гъусэ хьэщIэ! – ТIэкIурэ къызэжьэ, хуит сыхъунущ иджыпсту». 
 Сызэгупсысынур сщIэртэкъым пащтыхьым теухуауэ, ауэ абдежым ар зэрыцIыху лъагэр си фIэщ хъуащ. ЗэфIэнахэр зэригъэкIужми, и унафэ щIэтхэм я къалэнхэр ятригуашэми, ищIэнур зэфIигъэкIа нэужь, пащтыхьыр къэтэджщ, си Iэр иубыдри, и сэрейм сыщIишащ. Сэреибжэм деж IэщэкIэ узэда хъумакIуэ щIалэ щытт, и фэр фIыцIэу, пащтыхьым и жьэ къыжьэдэкIа псори игъэзащIэу. Си Iэр зыIыгъ пащтыхьыр абы Iуиха бжэмкIэ щIохьэ. Зэгъусэу дыздэкIуэм, бжэ цIыкIу гуэр къызолъагъу. Мо сэреишхуэм и кIуэцIым пэш ныкъуэкъутэр щIэту арати, дыщIохьэ, аргуэру нэгъуэщI пэшыбжэ Iуехри, зы нэмэзлыкъ, андез зэращтэ тас-къубгъанрэ чыцIыбжьэ тхьэмпэ зыбжанэрэ фIэкIа зыщIэмылъ пэш нэхъ цIыкIужым дыкъыщохутэ. 
 Пащтыхьым и щыгъын зэщIэлыдэр щехри, цы хужьым къыхэщIыкIа хъэлат пхъашэ щетIагъэ, упщIэ пыIэ щхьэретIагъэ. СигъэтIыса нэужь, и щхьэгъусэм йоджэ: 
 - Уа мыпхуэдэхэ япхъу! Нобэ ди хьэщIэр хэтми пщIэрэ? 
 - СощIэ, пшэр зи гъусэ щIалэращ ар, - кърет жэуап. 
 - КъыщIэкI, абы и хьэтыркIэ зыми зыкIи уигъэкъуэншэнукъым. 
 Ныбжьым ещхьу къыщIэкIа цIыхубзым и нэкIур мазэ лыдт, и щхьэм телъри щыгъри цы пхъашэм къыхэщIыкIа защIэт. 
 - Ди хъыбарыр къэпщIэну ухуей? – къызоупщI абдежым пащтыхьыр, - хьэмэрэ духьэ зэрыпхуэтщIу, укIуэжмэ, нэхъ къэпщтэну? 
 - Хьэуэ, - жызоIэ, - фи хъыбарым седэIуэнущ. 
 - Сэри апхуэдэу нэхъ къэсщтэнут, - жеIэ пащтыхьми, къыщIедзэ. – Си адэмрэ си адэшхуэхэмрэ зыр адрейм и ужьым иту, нэхъыщIэр нэхъыжьым и пIэ къиувэурэ, пащтыхьыгъуэр зэIэпахащ, тепщэгъуэр сэ къысIэрыхьэху. Алыхьым а Iуэхум апхуэдизкIэ сигу щигъэкIати, псори къызэхэзнэу сежьэжын си гугъащ япэщIыкIэ. ИтIанэ фитIнэ къежьэу, хабзэхэр кIуэдыжынкIэ, дин зезыхьэхэр зэкъуэхункIэ сышынэри, псори зэрыщыту къэзгъэнащ. Дэтхэнэ зыми улахуэ хуэзгъэувщ, сэри пащтыхь щыгъын щыстIагъэри, пщылIхэр куэбжэм деж езгъэтIысэкIащ, Iей зигу илъхэр фIы зигу илъхэм зэран яхуэмыхъуфын хуэдэу. Тезырхэр ткIийуэ сукъуэдийри, псори зэфIэкIа нэужь, си унэм сыщIыхьэжащ. Щыгъын дахэхэр зыщысхри, мис мыр щыстIэгъэжащ. 
 Мы плъагъу си щхьэгъусэр дунеягъэм симытхьэкъунымкIэ, диным гущIыIэ сыхуэмыхъунымкIэ къыздоIэпыкъу. Махуэм чыцIыбжьэ тхьэмпэхэм арджэн къахыдощIыкIри, абы пщыхьэщхьэм дызэрыхэщхьэщэжын къытхущIокI. Илъэс плIыщI хъуауэ, абы дытетщ. Ди арджэнхэр тщэху тIэкIу зыIэжьи, ди гъусэу ухэщхьэщэжынщ, ди деж жэщым ущыIэнщи, Алыхьым жыхуиIар бгъуэтынщ. 
 - Махуэр иуха нэужь, - пещэ адэкIэ щихъым, - пщылI щхьэпэлъагэ гуэр къыщIыхьэри, зэщхьэгъусэхэм ящIа арджэнхэр щIихщ, бэзэрым ихьщ, зы къэраткIэ ищэри, щIакхъуэрэ джэшрэ къахуищэхуащ. Пащтыхьымрэ и щхьэгъусэмрэ садэшхащ, жэщми я деж сыкъэнащ. Езы тIур жэщыкум къэтэджыжхэри, нэмэз ящIым, нэпсхэр къафIекIуэу щысахэщ. Нэхущым деж и тхьэелъэIупIэм къыIуна пащтыхьым и макъыр зэхызох: 
 - Уа ди Тхьэ! Мис уи пщылIыр мыбдежым щысщи, и пшэр ептыжыну мэлъаIуэ. Етыж, ди Тхьэ, абы и пшэр, егъэлъагъу и лъэIур зэрызэхэпхар! 
 И щхьэгъусэм «Iэмин» зэрыжиIэу, уафэм асыхьэтым пшэр къихутэжащ. 
 - Ар нэщэнэфIщ, - жиIащ пащтыхьым. 
 Арати, сэлам ясхыжхэри, си пшэр сщхьэщыту сыкъэкIуэжащ.
 Абдежым щегъэжьауэ, щихъым и зы тхьэлъэIуи мызащIэу къэнакъым.

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: