Лъэс лъагъуэхэр ирагъэфIакIуэ![]() ПэхуэщIэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр зэрагъэзэщIам и фIыгъэкIэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэхэм: еджапIэхэм, сымаджэщхэм, сабий садхэм, спорт комплексхэм, щэнхабзэмкIэ унэхэм, нэгъуэщIхэми екIуалIэ лъэс лъагъуэхэр зэпэщ ящIащ, цIыхухэм я тыншыпIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэща хъуащ. Псалъэм къыдэкIуэу, тротуарыщIэхэр щаухуащ Дей, Малкэ, Ташлы-Тала, Каменкэ, Нейтринэ, Александровскэ жылэхэм я уэрамхэм икIи уэздыгъэхэмкIэ ахэр къызэщIагъэнэхуащ. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр щекIуэкIащ Налшык къалэм Нэгумэмрэ КIыщокъуэмрэ я цIэхэр зезыхьэ и уэрамхэми икIи ахэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ. Ауэ мы щIыпIэхэм, асфальт мыхъуу, тротуар плиткэхэр щралъхьащ. Ислъэмей, Нартан, Зэрэгъыж къуажэхэми лъэс лъагъуэщIэхэр щаукъуэдиящ. Лэжьыгъэхэр щIыпIэ псоми щрагъэкIуэкIащ щыIэ мардэхэм тету, цIыхухэм я шынагъуэншагъэмрэ тыншыпIэмрэ къызэгъэпэщыным, пIалъэ жыжьэкIэ ахэр зэрызекIуэным хуэунэтIауэ икIи 2026 гъэм абыхэм пащэнущ.
Поделиться:
Читать также:
26.09.2026 - 09:30 →
IэщIагъэлIхэм я нэIэм щIэту
20.09.2026 - 12:00 →
Дахащэ къудей мыхъуу, бэшэчрэ къарууфIэу
19.09.2026 - 10:17 →
Урысейм и къарур - цIыхухэм я хуитыныгъэрщ
19.09.2026 - 10:00 →
Хэхыныгъэм щIидзащ
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
| ||





