КъарыкIым хэплъэжынри щхьэпэщ

Мыбдежым къыщытхь жыIэгъуэхэмрэ абыхэм къарыкIымрэ къызэрытхыжа тхылъыр, «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» жыхуиIэр, и IэдакъэщIэкIщ анэдэлъхубзэр япэ изыгъэщу зи гъащIэ псор езыхьэкIа, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, КъШР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий.

Дзажэпхъэбгъу – цIыху Iэчлъэч, къаруушхуэ зыхэлъ.

ДзакIуэ-дзашэ – дзэзешэ.

ДзакIуэ пашэ - дзэм ипэ ит пакIэ.

Дзапщэ – дзэм и пэрытхэр.

Дзахуэ – щхьэл уIуагъащIэм япэу къыщIэкI хьэжыгъэращ, джэд-къазхэм ирагъэшх.

Дзэгъасэ – дзэ пакIэм и унафэщI.

Дзэгъуэлъ – гъуэгу тет дзэ пакIэм я зыгъэпсэхугъуэ.

ДзэгъуэлъыпIэ - дзэм зыщигъэпсэху щIыпIэ.

ДзэкIэ – дзэм и кIэ дыдэр.

Дзэпкъей – зи дзапэхэр ипэкIэ гъэза цIыху, псэущхьэ.

Дзэуэкъуэдзыхь – Iуэху зэрихуэну дзыхь зыхуащIа цIыху.

Дзэукъуэ – дзэр хьэзежэ зыщI хъыбар е цIыху.

ДзэхэнапIэ – нэрыгъ щIын, зыгуэр мыгъэпсэун.

Дзэхъумэ – дзэ зызыгъэпсэхур е гъуэгу тетыр зыхъумэ цIыху е гуп (аванпост).

Дзэхъудзэшх – ерыскъым хэлъыпхъэ пкъыгъуэхэр щримыкъукIэ дзэлхэр, дзэхэр къэзыгъэтIасхъэ, жьэ кIуэцIыр къизыгъэху.

Дзэшу – зауэлI шу.

Дзеегъу – Iуэху зэдэзыщIэхэм (коллектив) ящыщ зы.

Дзосэ – шыбжий зэпыупщIа, хьэжа.

Дзыр – хьэцэпэцэр щахыжкIэ, ныбгъуэхьэш (ныбгъуэ е нэгъуэщI къуалэ къызэрыраубыд Iэмэпсымэ) хагъэувэн щхьэкIэ, къранэ мыха тIэкIу.

Дзыхъудзышх – дзэр гъуанэ зыщI уз.

ЕвэкъуэкIын – дэгушыIэн, сэмэркъокIэ гъэунэхун.

Едо – зызмыужьа, хэмыхъуэ.

Еджэрылажьэ – еджэнри лэжьэнри зэдэзыхь.

ЕдзэпыIэн – тIэкIу егъун.

ЕдзэхъулIэн – биидзэм епщылIауэ и тасхъэ къэщIэн.

Едзых – дыжьын бгырыпхым кIэрыщIа елэлэххэр.

ЕдзыхьэкIын – зыгуэрым и нэзым фэ, щэкI къедэкIын.

ЕжэгъуэкIын – зыгуэрым и жагъуэ щIын.

ЕкIуэщэн – щэхуу зыгуэрым бгъэдэкIуэтэн.

ЕлъэстэкIын – зэмыпэсын, епэгэкIын.

ЕлIэлIэней – Iуэху лэжьыгъуей, пэщэщэх.

Емсыку – мафIэ гуащIэ узэмыкIуэлIэф

Емылыдж – I) цIыху мыгъэса, IурыIэбэншэ; 2) зэи уанэ зытрамылъхьа, гум щIамыщIа шы.     

Емынэ - I) уз зэрыцIалэ шынагъуэ, щIыпIэ нэщIхэр къэзыгъанэу щыта; 2) шынагъуэ, щэджащэ гуэр, къаруушхуэ зиIэ; 3) цIыху бланэ, хахуэ, хъыжьэ, жыджэр.

Емынэрылъху – емынэм къилъхуа цIыху бзаджэ, угъурсыз.

Емынэм и бэракъ фIыцIэ – емынэ уз бзаджэм ихьа унагъуэм я унэм бэракъ фIыцIэ палъэу щытащ, цIыхухэр гъунэгъуу бгъэдэмыхьэн папщIэ.

ЕнцI – гъущI папцIэ захуэрэ гъэшарэ зыфIэлъ бжэгъу (багор).

Епэрыпс – мэ дахэ къызыкIэрих ткIуаткIуэ (дыху, одеколон хуэдэхэм).

ЕплIэкIуэн – I) уанэр шым и плIэм щэтэн; 2) узым, жьы хъуныгъэм къыхэкIыу цIыхур зэхэуэн.

ЕпкIэуэн – бдзэжьейр кIэ мажьэмкIэ епкIэуэн.

Ерей – Iей, мыхъумыщIэ.

Ерчын – куэд щыхъун, щыкуэдын.

Ерыуадж – щхьэхынэ хьэулей.

Ерыхь-ерышх – хъунщIакIуэ.

Еслъэней – адыгэ шы лъэпкъыу щыIат, Урыс-Кавказ зауэжьым хэкIуэдэжащ.

Етэрщэху – щэхуу бзаджагъэ зыщIэ.

Еун – мэр къыщIихьэн, мэр нэсын.

Еущхьэсын – дзыхьмыщIу, псори езым илэжьыжыну пылъ цIыху.

ЕфIэн – арыхъ е кIэн щыджэгукIэ трагъэсам еуэн.

ЕхуэфI – ер зылэжь цIыху Iей.

Ехутэм – цIыху пхъашэ, ткIий.

Ехьэрыкъуэн – къыжьэдэкъузэн, зэтеIыгъэн.

ЕхьэтиекIын – зыгуэрым хуэIэзэу бгъэдыхьэн, едэхэщIэн.  

Ехъуа – хуиту шха Iэщ (Къущхьэхъу).   

Ешхэблэжын – ехъуэпсэжын (хущIегъуэжауэ щIэфыгъуэкIыжын).

Ещтауэ – щтаучым иреуэу хъуаскIэ къызэрыхаху жыр кIапэ.

Ещхьэпэплъын – къыдэIэпыкъункIэ щыгугъыу зыгуэрым еплъын.

ЕI – цIыхум зыгуэр игу зэрыримыхьыр къызэрыригъэлъагъуэ псалъэ

ЕIуатэ – бзэгузехьэ, цIыху зэщызыгъыхьэ.

Жагъыщэ – цIыху гуапэ.

Жагъуэзэрабг – къызэрымыкIуэу цIыху гурымыхь, зи цIэр гъыбзэ пэлъытэ.

ЖагъуэлI – фIыуэ имылъагъуу егъэзыгъэкIэ бзылъхугъэр зрата лIы.

Жалгъэныщ – гурыщхъуэ нэпцI.

Жакъ – цIыху ерыщ, дауэрей, мызахуэми, езым жиIам пхутемыкI.

Жалыдж – нэхъыбэу зекIуэлIхэм зэрахьэу щыта, лъэпэду теха фэ гъэтэджарэ Iуэтыжам къыхэщIыкIа къэп.

Жанырыбз – джатэ.

Жэгуэт – пхъэ къызэрыраIущIыкI уадэ пэ жан, и жаныпIэр хуэхъурейуэ.

Жэмыжьыгу – егъэлеяуэ быным хуэгумыгъуэ, хуэнэхъуеиншэ анэ.

Жэрахъэ: кIэтIий зэрыхъэ – адыгэ шхыныгъуэ, мэл кIэтIий гъэкъэбзар зэрыхъарэ зэгъэкIуауэ, шхынхэдзэхэр лэпсым хэлъу гъэва.

Жэращты – адыгэшым и зы къудамэ, илъэсищэ зауэжьым здихьащ.

Жэрэгъу – гу къабзагъэ къыпхузиIэ ныбжьэгъу, хэгъэрей.

Жэруж – анэ-адэм я лIэужьыр быным езыт жылэхэр (генетика).

Жэрыбз – псэущхьэбзхэм я щахэрщ.

Жэталэ – цIыху IурыIэбэншэ.

Жэщтегъэу – щIапщэм ипIэкIэ бзылъхугъэ сымаджэм хуащIу щыта жэщырыхэс (бзылъхугъэхэм).

Жэщыргъэн – шыхэм шхэнкIэ загъэнщIауэ зэфIэту щыжейкIэ.

Жэщырыпщ: жэщырыпщ ихын – зыщIыпIэ нэху къыщекIын.

ЖейпакIэ – зэ къызэщыугъуэ хъуху цIыхум къижейр.

Жун – зырикI, «жун имыIэн» - зыри имыIэн.

Жыггуу – жыгхэм я гъэгъэгъуэм къепщэ жьы хуабэ.

Жыгкугъу – жыгхэм я IэфIыпсым щIэфу къатекIэ къэкIыгъэ лIэужьыгъуэ (омела белая – паразит).

Жыгыщхьэрыс – жыгыщхьэ къудамэхэм хэгъэпщкIуауэ хэс плъыр (зауэлI).

Жылэ – Мэздэгу адыгэхэр «дыгъэгъазэ» жыхуэтIэ къэкIыгъэм зэреджэ псалъэщ (подсолнечник).

ЖылэIурыж – щIым хаса жылэм (къэкIыгъэм) и «бынжэм» къикIыкI цIыкIурщ.

Жынж – щыгъыным ирадэ щIыIухэм я нэхъ цIыкIу дыдэ.

Жыпталъэ – бгъэгущталъэ, хьэзырылъэм и щагъкIэ иIэ жып.   

Жыпхъэ – зыгуэр ирагъэжыну ягъэхьэзыра щапхъэ.

ЖыпыIу – жыпым и иIэбапIэм (IумылэжьыкIын папщIэ) кърадэкI щэкI тIуащIэ.

Жырыщхъуэ – быдэу гъэщхъуа жыр (сталь особой закалки).

Жыхапхъэкъутэ – бжэкъуагъым къыфIэмыкI щIалэ цIыкIу.

                            Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.

Поделиться: