ХуэрэджейХуэрэджей Нэгъуей Радимэ Пщэдджыжь гуэрым нысащIэр аргуэру ирихьэлIащ къудамэ къыгуэщIыкIахэм. ЩтэIэщтаблэу ихъуреягъкIэ зиплъыхьри, зыри илъэгъуакъым. Я гъунэгъумкIэ бжыхьыбгъум Iуту зы хъыджэбз цIыкIу къакIуэрт, и нитIыр къытримыгъэкIыу къудамэ зэхэфыщIахэр къэзыщыпыжым къеплъурэ. – Лацэ, еплъыт мыбыхэм зэхащIыхьам. Сыту зэхэщIыкIыншэхэ! Хъыджэбз цIыкIум и нэгур зэхиуцэрэфа щхьэкIэ, зыри жиIакъым. – Уэ сыт, Лацэ, зыри щIажумыIар? Яхуэбдэн хуеякъым... ЩIалэжь цIыкIухэм яжриIэнIауэ зигъэхьэзыртэкъым Лацэ. АрщхьэкIэ къигъуэтащ нысащIэм жриIэн. – КъызжеIэт, – къригъэжьащ абы зэпишу. – Сыт уэ абы уи Iуэхуу хэлъыр, ууей? Жыгри фыфейкъым, фищIми къыщыкIкъым! Ар зи щIы кIапэ тетыр дэращ. ЦIыхубзыр щым хъуащ. Ар дауэ? Лацэ сабиижкъым, илъэс пщыкIутху мэхъу. Сыт апхуэдизуи къыщIэубэлэцар? И нэщхъыр зэхэуфащ, и нэхэр зэхуэшащи, зи тIэкIунитIэкIэ и дзэхэр къыIупсатэмэ, хьэзырыпсу дыгъужь шырт. НысащIэр пщащэм щыму еплъащ. Iэнкунт ар. Езы Лаци псыгъуэу ухуэна и щхьэц кIапэ цIыкIуитIыр иридзэкIри: – Жыгыр дыдейщ. Дыхуейм къэдгъэкIынщ. Дыхуэмейрэ – идупщIыкIыжынщ, – жиIэурэ я унэмкIэ иунэтIыжащ. НысащIэр жыжьэу IукIуэтыж чэсыргей бостей щхъуантIэм кIэлъыплът, къэхъуар хузэхуэмыгъэхъуу. Сыти и дыгъужь шыр, а цIыкIур нэхъ зэщхьыр къуаргъ бзаджейщ… Къудамэ къыгуэщIыкIахэр зэхуихьэсыжурэ, жыг къелIыхам зыхуигъэзащ: «Си дахэ, умынэщхъей. ЗэпцIыжынщ уIэгъэхэр гъатхэ къакIуэм... Зыбужьыжынщ. КъащIаи уи жагъуэ... Удыным быдэ уещI!» Бгылъэ щIыпIэхэм псынщIэу пшапэр щызэхоуэ. Дыгъэри къуршхэм щхьэдэхыжри, уэсэпси къытрикIутэжащ. Бзу гъуабжэ цIыкIухэри тесабырэжащ. Пщыхьэщхьэ къалэнхэр здигъэзащIэм, и гум зыгуэр ирижэурэ къыхэуэрт. Е жыг зэтракъутара, е хъыджэбз цIыкIум жьэ бзаджэ зэрызэщIихара? Сытми къыхуэмыщIэу, и Iуэхухэр игъэзэщIэжри лэгъунэмкIэ иунэтIащ жэщыбг нэблэгъауэ. Щхьэгъусэм гу лъимытэу къэнакъым нысащIэм и щытыкIэм. КъыщеупщIым, хуиIуэтащ и гурыгъузыр. Хэгупсысыхьауэ щIалэм и щхьэр игъэкIэрахъуэри: – ГъэщIэгъуэнщ! Лацэ апхуэдэу жиIауи?! – И напIэр къимыIэтыщэу и щхьэгъусэм и нэ щхъуантIитIым щIэплъэурэ, – умынэщхъей, зиужьыжынщ уи жыг цIыкIум. Ар гъащIэм хуэнэхъуеиншэщ, мес мобдеж хэлъ шыр цIыкIум ещхьу. Еплъыт абы! Умыгужьей. ГъащIэ иIэщ уи жыгым… Зиужьыжынщ! Пэшыр щымыбзэ къэхъуащ, ауэ а щымыгъэм шынагъуэ гуэр къыщIэлъу нысащIэм зыхищIэрт. Сабий цIыкIури и Iупэ пIащэхэр зэтежу пщIыхьэпIэ IэфIым хэтт. Мазэ изри щхьэхынэ-щхьэхынэу щхьэщысыкIт псэуалъэшхуэм. НысащIэр жейм зыхригъэлъэфэну хэтт. ЗыщIыпIэкIэ жьынду джэ макъ къыщыIурт. Жэщым къыхэIукI хьэ къугъ макъри абы къыхыхьэжырти, шынагъуэ гуэру гум ижыхьт. Аргуэру и гум ирижэт: мыр нэщэнэфIкъым. Сыт мыгъуэу пIэрэ… Ауэрэ нэхулъэр къызэкIэщIитхъри, адакъэр Iуащ. ШэджагъуэфIи хъуауэ нысащIэм иунэтIащ хадэмкIэ. Дыгъэми фIыуэ зиIэтауэ хуабэвэхт. Уэсэпсыр ирихъумпIыкIат хуабэм. НысащIэм и гум щIыIэ-щIыIэу зыгуэр къыдэжейри белым зытригъэщIащ. Игу къеуэкIэ зызыхъуэжами, зэуэ зыщIэзыIулIэу и щхьэ игъэкIэрэхъуами, и нитIыр зытриубыда бжыхьыбгъуми езым и Iуэху хэмылъу зыгуэрым шэч иригъэщI хуэдэт... Нысэр къызэпкърыхуащ: хуэрэджэ жыг цIыкIур итыжтэкъым… Псэ зыхэмытыж къудамэ къыгуэупщIыкIахуэхэр бжыхьыбгъум Iэтэу щызэтелът. И лъакъуитIым бдзапцIэ фIэжыхьа нэхъей, ар кIуэрт жыгыр здитамкIэ. ТIысыну зигъэхьэзыратэкъым абы, ауэ лъакъуэхэр щIэщIэри, ехуэхащ. Зы Iэ гуахъуэ гуэрым жыг цIыкIум и псэр игъэнат. Зэ еуэгъуэу джыдэ жанкIэ пагъэщхъатэкъым, атIэ губжь хэлъу зэхачэтхъат. ЩIым къыхэплъ пхъэ дзакIэр жыг лъэдакъэтэкъым зэщхьыр, сабий Iэблэ къутауэ уIуплъэт абы. НысащIэм и Iэр иригъажэри и Iэгур псыф къищIу зыхищIащ псыIагъэр… КъэмыувыIэжыфу нэпс гуащIэ щэхуу щIигъэкIт лъэдакъэ къинам. НысащIэм ищIэжкъым пшэ гуэрэн Iувым дыгъэр зэрыкъуилъэфари; и щхьэгъусэм сабийм и Iэпэр иIыгъыу къызэрыIухьари; зэжраIахэри... Абы псэ зыхэмытыж дыгъуасэрей къудамэхэр зэщIикъуэжт Iэрпхъуэру. И гур къыхэдзэкъыкIыурэ: мыр нэщэнэфIкъым, сыту пIэрэ къытщIэIуэнур жиIэурэ, и гур пыкIэзызыкIырт. Уафэгъуагъуэр етати, уафэр зэщIэчэт, къуршыжьхэри а зэрыщымт. Сыту макъ зэмыфэгъущэу зэщIэжьыуэрэ мы дунеижьыр! Сытуи мащIэ дыдэ абы и щэхухэр къызыгурыIуэхэр! НысащIэр игъэгумэщIт къыпкърышасэ шынагъуэм. КъэхъункIэ хъунум иригузавэт. Унагъуэм исхэм, дауи, ягу къемыуэу къэнакъым хуэрэджей баринэ цIыкIур, ауэ гъащIэр гъащIэти, щхьэж и Iуэху пэрыхьэжащ. Зыми ищIэртэкъым кIэкъуащIэм кIуэцIылъу бжьыхьэ егъум къахуихьынур. Моуэ бжьыхьэ уэфIыр икIыу жэпуэгъуэр къыщысым, емынэр къахыхьащ. Псори зэтещэщэжу, нысащIэм и щхьэгъусэр маршынэ фэбжькIэ кIуэдащ. Абы игъуса адэр къелауэ ягугъами, зы махуэ фIэкI ихьыжакъым. Зи щхьэгъуси, зи щIалитIи щIэзылъхьэжа лIыжьым и гум дэхуакъым а фэбжьыр. НысащIэм и IэплIэм зым нэхърэ зыр нэхъ цIыкIужу хъыджэбз цIыкIурэ щIалэ цIыкIуитIрэ тесу къэнащ. УщIэмыупщIэ щхьэтепIэншэ хъуа нысащIэр гъуэжькуийм зэригъэкIэрэхъуам! ГъащIэм и дурэшплIэрэшу зыдигъэплъам и гугъу умыщI! Псывэрэ псы щIыIэу и псэ тIэкIур зэрипсыхьам уемыIусэ... Дунейрати, и Iеигъуэт. ИгъащIэ лъандэрэ къэралыгъуэшхуэу щытар лъэлъэжырт. Гъунапкъэхэр зэрыхуейуэ ягъэкIуатэрт, цIыхухэрати, я хьэдащхьэ ямыгъуэтыжу щагъэкIуэд къэхъурт. Куэдрэ нысащIэм игу къэкIыжырт и тхьэмадэм и псалъэхэр: «Мы щIы кIапэм щхьэкIэ къулейсыз фыхъункъым, хуит яхуэфщIи, жыгыщIэм и гъащIэр къевгъэл». ЦIыхур гъащIэм щыщысхь къэхъурэ? Зэтрекъутэ, зэхефыщIэ, ироджэгу, езым хуэдэ щымыIэу къытфIэщI а цIыху дыдэм. Ар зэм пащтыхьщ, зэми хьэпIацIэ зепщыпщэщ. Аращ зэи зызымыхъуэж цIыху зэхэтыкIэр, зэманыр. Къуаргъ фIыцIэжь зэрызехьэу щIыгум щхьэщосыкI, жьапщэ закъуэм къыхэкъугъыкIыу псоми зэхуэдэу зарешэкI: жыгыщIэ ираупщIыкIами, фызабэ нэпсми, ублэрэкIыу хуежьа дунейми. ИтIани а зэрыщымщ къуршхэр. Гъатхэ дапщэ дэкIыжа абы лъандэрэ? Жыг дапщэ ираупщIыкIа, дапщэ зэщIэгъэгъэжа? ГъэщIэгъуэнракъэ, ерыщт а хуэрэджей жыг цIыкIур! И лъэхъц махэ цIыкIухэмкIэ щIыпцIэм зыхиукIэурэ, дауэрэ имыщIами а япэ зэрыта лъапсэм къиувэжащ ар. Бжыхьыр къызэпиупщIыу щIым къызэрытеувэжу, къудамэ лантIэхэр ишэщIыжщ, къарууэ иIэр зэхилъхьэжри, и лъапсэм къиувэжащ. Иджы мыбдеж лъабжьэр щигъэбыдэрт, хуэрэджэ IэфIхэмкIэ мы унагъуэм исхэм яхуэупсэну. НысащIэм щыгъупща? Дауи, щыгъупщакъым! Ар иджы жыг цIыкIум деж къокIуэ и къуэрылъхур дэщIыгъуу… КъокIуэ иджыри зэ зэщIэдэIукIыу, а жыжьащэ къиIукI макъым щIэдэIуну. Мо щхъуантIагъэ дахэм къыпхоIукI: «Умыгужьей, гъащIэ иIэщ уи жыгым… Зиужьыжынщ!» Аращи, аргуэру и щIалэгъуэм егъэзэж, зэхимыха, зыхунэмыса щIэншэхэм я теплъэгъуэхэр жыг пщIащэ Iущащэм къахецIыхукI. Хэт зыщIэр? Дуней зэщIэжьыуэм и зэхэлъыкIэр арагъэнщ. Къуршхэри зэхэтщ а зэрыщыму. Дохъушокъуэ Синэ.
Поделиться:
Читать также:
13.02.2026 - 17:34 →
Тхылъыр тыгъэ лъапIэщ!
13.02.2026 - 15:06 →
Сабийхэм я бзэм зезыгъэужь усэхэр
12.02.2026 - 12:14 →
Гупсысэ куукIэ гъэнщIащ
11.02.2026 - 11:02 →
УсакIуэр зыщIэхъуэпсахэр
10.02.2026 - 14:01 →
Хэплъэжынри щхьэпэщ
| ||




