НОБЭЩIышылэм и 15, махуэку Урысей Федерацэм СледствиемкIэ и комитетыр къыщызэрагъэпэща махуэщ Википедием - ИнтернеткIэ къагъэсэбэп щIэнгъуазэм - лэжьэн щыщIидза махуэщ (2001 гъэм) 1890 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, композитор, IуэрыIуатэдж Къубэ Шэбан. 1906 гъэм къалъхуащ 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и комиссару щыта, Лениным и цIэр зезыхьэ, Вагъуэ Плъыжь орденхэр зыхуагъэфэща Хьэтыкъуей Iэбубэчыр. 1912 гъэм къалъхуащ къэрал политикэ лэжьакIуэ, КъБАССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIу 1957 - 1969 гъэхэм щыта Ахъуэхъу Аслъэнбий. 1932 гъэм къалъхуащ пшынауэ Iэзэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артисткэ БырмамытI Гуащэкъарэ. 1936 гъэм къалъхуащ КъШР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхакIуэ, IуэрыIуатэдж, жылагъуэ лэжьакIуэ Шэрджэс Алий. 1962 гъэм къалъхуащ дин лэжьакIуэ, Кавказ Ищхъэрэм ис муслъымэнхэм и зэзыгъэIу центрым и унафэщIхэм ящыщ, дунейпсо ислъам зэщIэхъееныгъэм и президент ПщыхьэщIэ Шафихь. 1965 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и корректор, «Голос Чегема» газетым жэуап зыхь и секретарь Щоджэн Иннэ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм зы градус, жэщым щIыIэр градуси 6 - 8 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Iуэхутхьэбзэр щIыхуэщ. Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:
Читать также:
13.08.2026 - 07:55 →
НОБЭ
12.08.2026 - 12:25 →
НОБЭ
11.08.2026 - 09:07 →
НОБЭ
07.08.2026 - 15:30 →
МащIэ пэтми, беягъэщ
07.08.2026 - 13:44 →
Нобэ
| ||




