НОБЭ

ЩIышылэм и 16, мэрем

♦1922 гъэм Балъкъэрыр Горскэ АССР-м къыхэкIащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областыр РСФСР-м хэту къэхъуащ.

♦1929 гъэм къалъхуащ УФ-м и ЛIыхъужь, СССР-м щIыхь зиIэ и кхъухьлъатэзехуэ-къэхутакIуэ Мэзэхъу Владимир.

♦1932 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и член-корреспондент Тембот Аслъэнбий.

♦1943 гъэм къалъхуащ пшынауэ Iэзэу щыта, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, АР-м и цIыхубэ артист ЛIыцIэрыIуэ Ким.

♦1956 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ Къашыргъэ Мухьэмэд.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. ЩIыIэр махуэм градус 1 - 2, жэщым градуси 6 - 7 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

КъэкIуэгъуафIэр кIуэжыгъуафIэщ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

13.02.2026 - 14:33 НОБЭ
12.02.2026 - 07:13 НОБЭ
11.02.2026 - 10:56 НОБЭ
10.02.2026 - 13:00 НОБЭ
09.02.2026 - 11:35 НОБЭ