Сымаджэм и узыр щагъэгъупщэрт

ЩIэпщакIуэр лIэщIыгъуэкIэрэ адыгэхэм къадекIуэкI хабзэхэм ящыщщ. Ар зэрекIуэкIыу щытам дыщегъэгъуазэ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Гъут Ланэ.

“ЩIэпщакIуэм нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри кIуэхэрт, сымаджэр мызэшын щхьэкIэ джэгухэрт, къафэхэрт, хъыбарыжьхэр жаIэжырт. Пщащэр щIэпщакIуэм мыкIуамэ, адыгэ хабзэм зэрытемытыр губгъэн хуащIырт. Хъыджэбзхэр зэгурыIуэуэрэ, гъуэрыгъуэурэ щIэпщакIуэ шхын ягъэхьэзырырти сымаджэми абы и деж къекIуэлIэнухэми ирагъэшхырт. Ар псапэу ябжырт.

ЩIэпщакIуэм екIуалIэхэр хабзэ ткIийм темытми емыкIу хэлътэкъым, ауэ щхьэж и хьэл-щэн дахэхэр зыIэщIигъэгъупщыкIи хъунутэкъым. Псалъэм папщIэ, хъыджэбз гуэр укIытэу, гузавэу гу лъатамэ, занщIэу ауан зэращIын псалъэ ирадзырт. Абыи пщащэм зытригъэгусэ хъунутэкъым, щIэпщакIуэм деж ар къекIурт. Езы цIыкIуми пидзыжынуIауэ хуитт, емыкIу хэлътэкъым.

ЩIэпщакIуэм деж щIалэхэри хъыджэбзхэри нэхъ хуиту щызэпсэлъэфынут. Абы псалъэкIэ щызэдауэу щытахэщ, зэдэгушыIэхэу икIи псалъэ дахэхэр ягу ирихь хъыджэбзхэм щIалэхэм жраIэ хъурт. ГушыIэм къыхэкIыу мыр жаIэрт:

ФIыцIэр уагъэкIуасэ,

Сырымэр къыппех,

Цыбэр Къэралщ,

Лы телъмэ, Чэзибанщ,

Iупэ бэгумэ Былэч,

ЗэщIэчын хуейр Дыжьынэ,

Шыжь кIуэкIэр Налмэс,

Сырэм епхъуэр Нагъуэ,

Гъуанэм исыр Гуащэ,

Iупищыр Къарэлхъан,

Щэхуу щIашыр КIэфIыцIэ,

ЗэкIэщIэшар ЦIыкIулэ,

Яхуэмыхьыр Хужь,

Дыщ къимыкIыр Дзу,

Дзы и куэдмэ, Назифэ,

И фэр уахуэмэ, МытIутI,

МытIутI уишэнкIи хъунщ, ХьэкIуакIу,

Гур щIохъуэпсыр Гуагуэ.

ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэ къебжэкIхэм гушыIэу ящIэлъыр псоми зэдащIэ. ЗэдащIэ, псалъэм папщIэ, ФIыцIэр асыхьэтым зыми зэримыгъэкIуасэри, Налмэсыр зэрымышыжь кIуэкIэри, Гуащэ гъуанэм къиплъу зэримысри, КIэфIыцIэ щэхуу зэрыщIамышри. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми теухуауэ къебжэкIым зыгуэр щIыхужиIэр едаIуэхэр иридыхьэшхын щхьэкIэщ. Апхуэдэхэр псалъэрыIэзагърэ зэхэщIыкIкIэ зэпеуэм щыщ Iыхьэщ.

ЩIалэгъуалэ пшыхь зэхэсхэм щызекIуэу щытащ пщащэмрэ щIалэмрэ псалъэкIэ зэпеуэу. Абы кърикIуэрт усэ е уэрэд зэпрадзыж. Мис апхуэдэ щапхъэ:

Хъыджэбзым: Дыжьын лъэнкIэпсрэ уэсэпс хэмыхьэмэ - ар (щIалэм и цIэр)

ЩIалэм: Набдзапэ щIэплърэ лъэнкIапIэ гъуммэ - ар (пщащэм и цIэр)

Хъыджэбзым: Хьэсэм къыщымэхрэ хамэ Iыхьэ щIэхъуэпсмэ - ар (щIалэм и цIэр)

ЩIалэм: БостеикIэ лалэрэ щIалэ гъэделэмэ - ар (пщащэм и цIэр)

Хъыджэбзым: ЛIы цIыкIу къамэшхуэрэ фочышхуэ зэрихьэмэ - ар (щIалэм и цIэр)

Абы хуэдэурэ зэпеуэнут, я зым жиIэн къыхуэмыгъуэтыжыху. Япэ зэIынэу увыIар хэнауэ арат, модрейр къытекIуауэ ябжырт.

ЩIэпщакIуэм и джэгу нэхъ гъэщIэгъуэнхэм щыщт псэлъыхъу джэгур. ЩIэсхэм ящыщ зым лIыжь зищIырти, къыхиха пщащэ гуэрым лъыхъу псалъэ дахэхэр жриIэрт, къыдихьэхыну пылът. Модрейм ар пригъэхын щхьэкIэ дзыуэ игъуэтыр къриутIыпщырт. Модрейуэ унэм щIэсхэми гупитIу загуэшырти, зыр лIыжьым и лъэныкъуэу, адрейр пщащэм и телъхьэу къэувхэрт. «И щхьэр тхъуа щхьэкIэ, щIалэгъуалэм нэхърэ нэхъ Iейкъым», - жаIэрт лIыжьым и лъэныкъуэр зыIыгъхэм. - «Фомрэ тхъумрэ ухэсынущ, жьы къыздепщэ умыщIэу», - жраIэрт абыхэм хъыджэбзым. Пщащэм и телъхьэхэми апхуэдэ щауэ къуэкIий къэс щыбгъуэт хъуну жаIэрти, мор шыбгъэм къралъхьэрт. Мыбдежым цIыхухэр иридыхьэшхын щхьэкIэ сытри жыпIэ хъурт, сыт хуэдэ псалъэ икIэри къезэгъыу ялъытэрт. Нэхъыщхьэр пэжратэкъым, нэмыс дахэ гъэлъэгъуэнри аратэкъым, атIэ цIыхухэр сыткIэми зыгуэркIэ гъэдыхьэшхынырт, нэгухэр зэлъыIуегъэхынырт, тегъэунырт. Абы нэмыщIу, пасэрей цIыхухэм хьэкъыу я фIэщ хъууэ щытащ «бэзэрым къызэрытекIам хуэдэу» жыхуаIэ псалъэхэри хэту гушыIэным Iэзэгъуэ зэрыхэлъыр. КIэщIу жыпIэмэ, щхьэж игу къихьэ жиIэрт, псалъэкIэ зэхъурджауэхэрт пщащэм и телъхьэхэри лIыжьым и телъхьэхэри, апхуэдэурэ гушыIэкIэрэ бзаджагъэкIэрэ зэпеуэурэ псори зэрытегъэурт, сымаджэми и узыр щагъэгъупщэрт”.

БЕЗРЫКЪУЭ Данэ.
Поделиться: