Сэр нэхъ дахи уэ бгъуэтынщСыт цIыхубзхэм я нэхъыбэр зыщIэхъуэпсыр? Псом нэхърэ нэхъ дахэу щытыным. Ар хъарзынэщ уи дахагъэр фIым гъуэгу игъуэтын папщIэ къэбгъэщхьэпэмэ. Ауэ теплъэ нэIурытым укъызэфIигъэщIыжмэ, къыпщыщIынур пщIэнукъым. Феджэт «псом нэхърэ нэхъ дахэ хъуам» къыщыщIам. IисраIил и бынхэм диным и гур етауэ зы цIыху яхэтт, фIы дыдэу илъагъуу щхьэгъусэ иIэу. ЛIым къыхуэарэзы Алыхьталэм абы мелыIыч къыхуигъэкIуащ, лъэIуищкIэ зыхуигъазэмэ, къызэрыхуищIэнумкIэ къигъэгугъэу. Арати, лIым ар и щхьэгъусэм хуиIуэтэжащ, сызэрелъэIунур сщIэркъым, жыхуиIэу. «ИIэ, зы лъэIур сысейуэ, адрей тIур ууейуэ дыгъэщI», - жеIэ цIыхубзым. «СыткIэ сыпхуелъэIун?» - йоупщI лIыр и щхьэгъусэм. «Псом нэхърэ нэхъ дахэ сыхъуну схуелъэIу», - жеIэ модрейм. ЛIым духьэ ищIри, и щхьэгъусэр пхуэмыIуэтэну тхьэIухуд хъуащ. Махуэ гуэрым цIыхубзым дэкIыну зыкърихати, и лIыр къоупщI: «Дэнэ уздэкIуэр?» «Пащэм деж сокIуэ. Сыт сэ си дахагъэр уэ пхуэдэ цIыхум щIытезгъэкIуэдэнур?» - жэуап кърет и щхьэгъусэм. ЛIым ар къигъэувыIэну хэтащ, арщхьэкIэ хузэфIэкIакъым. Ауэрэ цIыхубзым и дахагъэм и хъыбар сулътIан гуэрым зэхех, и пщылIхэр къегъакIуэри, лIым и щхьэгъусэр щхьэхуимыту сэрейм яшэ. Сыт ищIэжынт лIым? «Ялыхь дэ ди Тхьэ! Сэ иджыри лъэIуитI къысхуэнэжащ, къысхуэпщIэну сыкъэбгъэгугъауэ. Ялыхь! Си щхьэгъусэр номин щIы!» - зыхуигъэзащ абы Алыхьталэм. Арати, цIыхубзыр номин щыхъум, сулътIаным ар къыщIихужащ, мори и лIым деж къэкIуэжащ. «Ялыхь, си щхьэгъусэр зэрыта теплъэм игъэувэж», - лIым ещанэу Алыхьталэм зыхуегъазэ. ЦIыхубзыр зэрыщытам хуэдэу хъужащ. Абдежым тIуми къагурыIуащ я лъэIуищыр пщIэншэу зэрагъэкIуэдар. ЦIыхум зыхуей псори Алыхьталэм къыщIыхуимыщIэр языныкъуэхэм деж и щхьэм и зэран зэрекIыжыр армырауэ пIэрэ? Дауи, мы хъыбарым къикIыркъым уи теплъэм укIэлъыплъыж мыхъуну. Ауэ сыт и лъэныкъуэкIи хъийм уикIмэ, насыпым уибгынэнкIэ шынагъуэщ.
Поделиться:
Читать также:
12.02.2026 - 16:16 →
Тхыдэм щыхьэт хуэхъу уэрэдыжьхэр
12.02.2026 - 14:10 →
Макъамэ гъуазджэр зыгъэбея
11.02.2026 - 15:47 →
Лъэныкъуэ куэду зэтопщIыкI
11.02.2026 - 11:01 →
ЛIыхъужьыгъэмрэ уэрэдыжьхэмрэ
10.02.2026 - 12:26 →
ЛIыхъужьыгъэм и напэкIуэцIхэр къызэрагъэдзэкIыжурэ
| ||




