ГурыщIэ щэху

ГурыщIэр жанр зэхуэмыдэхэмкIэ къэзыIуэтэф тхакIуэхэр ди мащIэкъым. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ Таз ФатIимэ усэкIэ тха и прозэхэм ящыщ зыбжанэ.

Жэуапыншэ упщIэхэр

 Дунейр щIэнэхур сыт? Мо дыгъэ бзийхэр щIылъэм къызэредэхащIэра? Хьэуэ, цIыхупсэ къабзэм къигъэнэхуу арагъэнщ… КъыздикIыр дэнэ нэхур? Зыгъаблэр дуней гъащIэр гум и дэп? Арамэ, щхьэ хисхьэжрэ а мафIэм гугъэ IэфIхэр? Дунейр зэхуэдитI изыщIыкIа, ухэт? Узахуэ, я зэхуэдэу жэщи-махуи цIыхухэр псэумэ? Нэхугъэ зыфIэфI псори хъурэ насыпыфIэ? Щхьэ къэхъурэ апхуэдэу, дыщыпсэур кIыфIыгъэу? Дунейр нэхумэ, жыIэт, Iыхьэгуэш, щхьэ зы псэр хъуапсэу нэгъуэщI нэху хуэзэшрэ? Насып щагуэшым сыдэсат дурэш? Щхьэ псэгъусэншэу сыхэбгъэт мы гъащIэм?

Сэ нобэ жэуаплъыхъуэ сынежьащи, сыкъыумыгъэщIэщхъу - а зырщ сыныщIолъэIур. Сыхуэшэ зы хэкIыпIэ, фIэщхъуныгъэ гуэрым. Сэ нобэ зытеслъхьащ щыгъуэ IэлъэщI, гугъэри гъуэлъыпIэ лъапэм щыщIэслъхьэжри…

Сэ нобэ зы Нэхъыщхьэ гуэр къызгурыIуащ - захуагъэ зэрыщымыIэжыр хьэкъыу спхыкIри…Сэ зы хъуэпсапIэт щызгъэлъапIэр гъащIэм - ГЪУСЭ ПЭЖ. Мы дуней гъащIэм плъапIэу щызиIар зыт - НАПЭ ХУЖЬ.

Къэблагъэм жэщыр, тепыIэншэ сохъу. Пызгъанэм шэху уэздыгъэр, бампIэдэхкъым. КъыхонэхукIри кIыфIыгъэм закъуэныгъэр плъырщ, къехухь абы си гъащIэр, зыхеухуанэ псантхуэм…Ухуеймэ, уэ абы Псэгъусэ фIэщ. КъыхуэIущэщ уи щэху, уи губжь, гукъанэ. ЦIыхубзэкIэ мыпсалъэм, укъыгурыIуэн? ИIэжщ езым и гъащIэ, и гъуэгуанэ. Жэщ кIэншэр хъуну си Ухыгъэ, сыткIэ сщIэнт? Къыщытехьам дунейм псэр, гуфIэщати…

Иджы, нэху щами, зикI зимыгъэпсэху, къыIэщIэкIыну и хъым закъуэныгъэм хэтщ...

Си Акъылэгъу, си Псэгъу, си Гугъэ щэху, сынызэрежьэрэ уи нэху лъыхъуакIуэ апхуэдиз илъэс дэкIащи, сылIами сащыгъупщэжат. Ущыхэтыр дэнэ? Узмыгъуэт. СфIрихьэжьащ жьыбгъэшхуэм гугъэ шхийр. СфIыщIилъэфащ уи теплъэ-дыгъэр пшэ зэрыхьзэрийм. ЩопIыщIэ яжьэ хъужа уи жьэгу пащхьэм си гурылъхэр. Пхуэпабгъэ си псэр гъыбзэм хыумыгъэт, къыхэш.

Уэрыншэм - сыцIыхуныкъуэщ, пщIэркъэ? Cабий къуейщIейуэ Iэхэр пхузоший. СыплъэмыIэс - гупсысэу пхузэпысщэм лъэхэр яубыд. Уэра къысфIэщIу гъусэ сщIахэр мэбзэхыж. Ныбжьэгъу, гъунэгъу схуэхъуахэр къызопцIыж. НэгъуэщI хуабагъ-щабагъ сыпэплъэурэ си гугъэр хэсхыжащ, гъуджэм симыплъэурэ си щхьэцыр къетхъухащ.

Сопсэу апхуэдэу, зэIумыбзу си пщэдейр. ЛъэмыкIыу зыми гухэлъ мафIэр си псэм щызэщIигъэнэн. Уэрыншэщи - кIыфIыбзэщ си дунейр. Уэрыншэщи - къысщыхуэщ тхьэм и нейр. ФIым хуэплъэурэ еша мы си гум сыпэмылъэщыж. Ныппэплъэурэ еша мы си псэм укъимыцIыхуж. Ар хъуащ езым сэ къысхуэмыцIыхуж.

Апхуэдэ гъащIэр, жыфIэт, сытым и пэрмэн? Апхуэдэ насып фащэкIэ, цIыху, хэт ухуэхъуапсэн? Нэху щыщIэ псэм лъэмыкI щыгуфIыкIын дунейм е, псори къэзыгъэщI Алыхьым пэрыуэн…Ешэч, аращи, къыхуигъэфащар. Дауи, ар гъащIэ щыхъукIэ, упщIэхэр къыщоунэху. Яхэтщ абы жэуап зыхуумыгъуэти. ДымыщIэу имыIэххэми жэуап, долъыхъуэ цIыхухэр, дызылъыхъуэм кIэ имыIэу. Зэман кIуэтэху, къарур мэжэщI, мэкIуэщI, ди шыIэныгъэри абы игъусэу. Псэун тлъэмыкIми, зэхэтлъхьэжу лIыгъэр гъащIэм пыдощэж, фIыщэу долъагъури ар…

Ауэ зыщывмыгъэгъупщэ: ЦIыхупсэрщ зыгъэнэхур мы дуней псор. Дунейр щIэнэхур псэхэм я зэIущIэщ. Дунейр щынэхур псэхэр щыгуфIэфырщ. Ивгъэлъ гуапагъэ, цIыхухэ, фи гум - гухэлъ дэп. И мафIэр гугъэ жьэгум зэи фымыгъэупщIыIу. Лъывгъэс гущIэгъу хуабагъ хуэныкъуэ псэхэм. Фымыгъ, фыхэтми нобэкIэ кIыфIыгъэм. Къызэрыкъуэплъу дыгъэр пщэдей нэху хъужынщ, пшэхэр зэбгрихужынщ… ЩIэтлъагъур гъащIэр фIыуэ арагъэнщ – дунейр щIэнэхур псэхэм я зэIущIэщ. ФыщимыгъащIэ зыри тхьэм псэгъусэ!

Гугъэ

Сыту мащIэт уи гъащIэр. Нэпс ткIуэпс уохъужри напэм укъожэбзэх. Псыхьэлыгъуэу ежэх хъуэпсапIэхэм уэ шхий махэу уздрахьэх. ЩыункIыфIми гум гухэлъ мафIэр, дэп жьэражьэу а яжьэм уэ укъыхэплът. Зы мыхьэнэншэм шынагъуэ абрагъуэр кърокIуэри, уэрэ сэрэ дызэIэпокI...

Дэнэ хущхъуэгъуэр иджы здэщыIэр? Къэпший щхъухьыр соIэбэри къыпIызох. Уз хэужьынэу къысхуонэри уи плъэкIэ гуапэр, нэ угъурлитIыр хамэу къызоплъ. КъыгурымыIуэу зищIыс къэхъуар, къэхъур - акъылым псэр кърехуэкI.

Зэтекъутэми мы дунеижьыр, къэбгъэщIыфыну сфIэщIти нэгъуэщI… Иджы, бгъэпудауэ си псалъэр, нэгъуэщIыбзэкIэ зыбохъуэкI. ЩыхупIэ задэщ зэгурымыIуэр - Iэпкълъэпкъыр йоджэрэзэх, йохуэх.

Пшэ фIыцIэжьым уэшх ткIуэпс къыIэщIэхур щIым здехуэхым гущIэгъу щIохъуэпс. Ар ихуэну тенджызым и IэплIэм, е бгъэкIуэну уи лъэгу? СоущI Iэгу. Сэ-щэ? Дэнэ здэзунэтIынур? Дэнэ здэкIуэр си гъуэгур? Узимыгъусэм, кIэрахъуэркъым щIылъэр, къоувыIэ, сыкъегъэщIэхъу.

Дуней псор бий къысхуэпщIу, сыпIыщIэу сыкъыумынэ утыку, сынолъэIу! Уэращ къэзыгъэщIыр псэм и хуабэр - мэ, къащтэ, сIыхыж, узот!

Хьэжэпхъажэ дунейм мылъку зыри нэгъуэщI щызимыIэ, ари жьыбгъэм изот, сIэпыщIех. Гъуэгущхьиблым щызэхэгъэкI, Гугъэ, псори. ПлъэкIмэ, сыгъэдыхьэшх...

Уезгъэщхьынути тенджыз кIэншэм, нэр уи нэзым ноплъыс. Пшахъуэ хьэдзэ хуэдиз мыхъу насыпыр я зедзэну толъкъунхэм къонэж, мис псым щорс. Псэ-сабийр мэжэщIалIэу иджыри уи Iуфэ гъущэм щоджэгу, ар сIэпыхумэ зэгуэр имыгъуэу - имыхуэну уи IэплIэм, ар пэж?..

МакIуэ-тIэ си жэщ гъащIэр, фэрыщI махуэхэр фысIэщIокI. КъыщысщIэфыну псори мы гъащIэм сэ къэсщIэну сыхэтщ. Жэнэт? Жыхьэнмэ сызыхуэкIуэр? Ар Iуэхукъым, зыщ гъуэгур - сысейщ. Гугъэр узигъусэхукIэ, сощIэ - иджыри сыпсэущ.

ДОХЪУШОКЪУЭ Синэ.
Поделиться: