Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ 2025 - 2026 гъэхэм щекIуэкI щIымахуэ зэхьэзэхуэм ИлъэсыщIэм и пэ махуэхэм щыIэн хуея джэгугъуищым ящыщу тIуращ зэхэтар. Уэсышхуэ къызэресам къыхэкIыу зыр ягъэIэпхъуэн хуей хъуащ. Ар зытехуа ебланэ джэгугъуэр нэхъ иужьыIуэкIэ зэхэтыжынущ.
Еянэ джэгугъуэм дызыпэмыплъа бжыгъэ щыIакъым. Абыхэм щытекIуащ зыхуэдгъэфэщахэр. Нэхъ хьэлэмэту щытар икIи бэнэныгъэ гуащIэ щекIуэкIар зэгъунэгъу Зэрэгъыжымрэ Псыгуэнсумрэ я зэIущIэращ. Зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щызыIыгъхэр абы щытекIуащ, я хьэрхуэрэгъухэм нэхърэ зы топ нэхъыбэу дагъэкIыну яхузэфIэкIри.
ИкъукIэ ерыщу къыкIэлъыкIуэ джэгугъуэм щызэпэщIэуват иужь илъэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгумкIэ и тепщэныгъэм щызэныкъуэкъу республикэм и гъэмахуэ чемпион «Искра»-мрэ блэкIа щIымахуэ зэхьэзэхуэм щытекIуауэ щыта «Родник»-мрэ. Дзэлыкъуэ щIыпIэм къикIахэм абы очкоищ щызыIэрагъэхьащ, метр пщыкIузым и деж щыту ХъутIэ Анзор дигъэкIа топ закъуэм и фIыгъэкIэ.
ЗыкIи нэхъ кIащхъэу щытакъым мыгъэрей зэхьэзэхуэм бжьыпэр щызыIыгъ «Зэрэгъыжымрэ» сыт щыгъуи лъэщ «Спартак-Налшыкымрэ» я зэIущIэри. Абы еплъыну кърихьэлIахэм дэрэжэгъуэ ин ягъуэтауэ зэбгрыкIыжащ. Джэгун щIадзэри, мыгувэу КIэщт Аниуар налшыкдэсхэр япэ иригъэщащ. АрщхьэкIэ Зэрэгъыж къикIахэр абы игъэдзыхакъым. ЯпэщIыкIэ Болэ Руслан бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжащ. ИтIанэ Жыкъуэ Залымхъан метр пщыкIузым деж щыту иджыри зы топ дигъэкIыжри, къуажэдэсхэр тригъэкIуащ.
Мы удэзыхьэх къомым къадэкIуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и щIымахуэ зэпеуэм Iуэху мыщхьэпи къыщыхъуащ. Ар зэхьэлIар «Джэрмэншык» командэращ. ЯпэщIыкIэ къыщIэщыжащ етхуанэ джэгугъуэм хиубыдэ зэIущIэу абы иригъэкIуэкIам заявкэм хамыгъэхьа футболиститI зэуэ зэрыщагъэджэгуар. Арати, джэрмэншыкдэхэр къыхагъэщIауэ къабжащ икIи къуэдыуэ сом минипщI тралъхьащ. Абы иризэгуэпами, нэгъуэщI щхьэусыгъуэ щыIами, хэт ищIэрэ, ауэ иужькIэ ахэр 0:10-уэ «Ислъэмейм» къыпикIуэтащ, къыкIэлъыкIуэу дэджэгуакъым «Нартанымрэ» «Логоваз»-мрэ. ТIэунейрэ зэIущIэм къримыхьэлIахэр зэпеуэм хагъэкIыж хабзэщи, адэкIэ «Джэрмэншыкым» къыхуащIыну унафэм дыпэплъэнщ.
Гъуащхьауэхэм я зэпеуэм бжьыпэр аргуэру щызэпаубыдащ. Зэхьэзэхуэм зэрыщIидзэрэ топипщI дэзыгъэкIа «ГорИс»-м щыджэгу Балъкъыз Амур къылъэщIыхьащ «Ислъэмейм» и пашэ Мэрем Андемыр. Зэ закъуэкIэ нэхъ мащIэрэщ къызэрыхэжаныкIар ХъутIэ Анзор.
2025 - 2026 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм щекIуэкI щIымахуэ зэхьэзэхуэм иужьу щызэхэта зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэхэм адэкIэ щыгъуазэ фыхуэтщIынщ: еянэ джэгугъуэ - «Ислъэмей» (Ислъэмей) - «Спартак-Налшык» (Налшык) - 0:3, «7 Вершин-Шалушка» (Щхьэлыкъуэ) - «Мурбек ФШ» (Налшык) - 0:4, «Зэрэгъыж» (Зэрэгъыж) - «Псыгуэнсу» (Псыгуэнсу) - 2:1, «Искра» (Алътуд) - «Сады Баксана» (Ислъэмей) - 6:0, «ГорИс» (Налшык) - «Родник» (Псынэдахэ) - 1:4, «Малка» (Малкэ) - «Урыху» (Урыху) - 0:0, «Шагъдий» (Зеикъуэ) - «Логоваз» (Бабугент) - 1:0, «Нартан» (Нартан) - «Джэрмэншык» (Джэрмэншык) - 3:0 (зэрымыкIуам къыхэкIыу); ебгъуанэ джэгугъуэ - «Псыгуэнсу» - «ГорИс» - 4:1, «Мурбек ФШ» - «Малка» - 6:0, «Логоваз» - «Джэрмэншык» - 3:0 (зэрымыкIуам къыхэкIыу), «Урыху» - «Шагъдий» - 3:1, «Нартан» - «Ислъэмей» - 6:0, «Родник» - «Искра» - 1:0, «Сады Баксана» - «7 Вершин-Шалушка» - 1:3, «Спартак-Налшык» - «Зэрэгъыж» - 1:2.
КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр дызыхуэкIуэ щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ щыIэнущ. ЩIышылэм и 17-м - «Малка» - «Сады Баксана», «7 Вершин-Шалушка» - «Родник», «Спартак-Налшык» - «Нартан»; щIышылэм и 18-м - «Ислъэмей» - «Логоваз», «Шагъдий» - «Мурбек», «Зэрэгъыж» - «ГорИс», «Искра» - «Псыгуэнсу» командэхэр зэIущIэнущ.
Хьэтау Ислъам.