IэмалыщIэхэм нэхъ трагъащIэ![]() КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министр Бозий Аскэр. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ кIэрыхубжьэрыху быдэхэм ехьэлIа къалэнхэр гъэзэщIэным бжыгъэхэр зи тегъэщIапIэ Iэмалхэр сэбэпынагъ нэхъыбэ къахьу къыщыгъэсэбэпа зэрыхъуну щIыкIэхэм. Республикэм и УнафэщIым гулъытэ хэха хуищIащ кIэрыхубжьэрыху быдэхэр щызэхуахьэс щIыпIэхэмрэ ахэр зэрыдаш щIыкIэмрэ зэракIэлъыплъ IэмалыщIэхэр хэпщэн зэрыхуейм.
Поделиться:
Читать также:
26.09.2026 - 09:30 →
IэщIагъэлIхэм я нэIэм щIэту
20.09.2026 - 12:00 →
Дахащэ къудей мыхъуу, бэшэчрэ къарууфIэу
19.09.2026 - 10:17 →
Урысейм и къарур - цIыхухэм я хуитыныгъэрщ
19.09.2026 - 10:00 →
Хэхыныгъэм щIидзащ
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
| ||





