ЩхьэлъащIэм и хьэтыркIэ

* Адыгэ хабзэр зыщIэ, зи щхьэ пщIэхуэ зыщIыж дэтхэнэ цIыхухъури мэтэдж цIыхубз къыщыщIыхьэкIэ, къыщыбгъэдыхьэкIэ, щыблэкIкIэ.
* ЦIыхухъурэ цIыхубзрэ зэгъусэу щытмэ, щысмэ е гъуэгу теувэмэ, цIыхухъум цIыхубзыр и ижьырабгъумкIэ егъэув (егъэтIыс), ауэ и гъусэр и щхьэгъусэмэ, здигъэувыпхъэр (здигъэтIысыпхъэр) сэмэгумкIэщ. АбыкIэ къащIэу щытын хуейщ ахэр зэрызэщхьэгъусэр.
* ЦIыхухъуитI зэщыхьамэ: «ЩхьэлъащIэм и хьэтыркIэ щывгъэт», - жиIэу цIыхубзым и IэлъэщIыр абыхэм яку дидзамэ, зэзэуэну зэпэщIэувахэр зэпикIуэтыжырт.
* «ЦIыхубз пшэрыхь хущанэ», - жыхуиIэм къикIыр щакIуэ е бдзэжьеящэ щыIа цIыхухъум къихьым щыщ япэ зыхуэзэ цIыхубзым тыгъэ хуищIын хуейуэ жызыIэ щыIэщ, ауэ мыбы къикIыр абыкIэ зэфIэкIыркъым, атIэ цIыхубзым дэнэ дежи, сыт щыгъуи пщIэ лей зэрыхуэщIыпхъэрщ.
* Нэмысыншэу къалъытэ къигъафэ хъыджэбзым жьэхэуэ щIалэр, цIыхубзхэм, сабийхэм яхэту тутын ефэр, псалъэ фIей жызыIэр, чэфу ябгъэдэтыр, абыхэм я пащхьэ щIыкIейуэ итыр.
* Унэм щыщIыхьэкIэ, куэбжэм щыдыхьэкIэ адыгэ цIыхубзхэм цIыхухъур япэ ирагъэщ, ар я щIыб ирагъэплъэну къахуегъэкIуркъым. Адыгэ хабзэмкIэ цIыхубзыр цIыхухъухэм япэ щрагъэщыр нэщхъеягъуэ здэщыIэ пщIантIэм щыдыхьэм дежщ.
* ЦIыхубз фIэкIа зыбгъэдэмыс Iэнэм щхьэ щIэлъэныкъуи, нэгэгъуи яхьыркъым, щыуагъэкIэ кIуами, якъутэркъым, ягуэшыркъым.
* ЦIыхухъу гупым яхэт цIыхубз закъуэм е тIущым я Iэр нэхъапэ яубыд.
* ЦIыхухъурэ цIыхубзрэ IэплIэ зэхуащIын хъумэ, бзылъхугъэрщ жэрдэмыр зейр. ЦIыхухъум япэ цIыхубзым IэплIэ иришэкIыныр емыкIуу къелъытэ адыгэ хабзэм. ЦIыхухъум япэу IэплIэ зыхуищIыпхъэр анэшхуэ, анэ шыпхъу, адэ шыпхъу, езым и шыпхъу дыдэхэрщ.
* Дунейпсо этикэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, цIыхухъурэ цIыхубзрэ щызэхуэзам деж сэлам ирихыну япэ Iэбэн хуейр цIыхубзырщ, ауэ ар адыгэ цIыхубз щыпкъэм къыхуегъэзэгъыркъым. КъыхуегъэкIуркъым езым и Iэр япэ ишийуэ цIыхухъуIэм IэщIилъхьэну. Ар зыщIэ, хабзэ зыхуэхъуа адыгэ цIыхухъухэми езыхэм я Iэр япэ яшийрэ сэлам ирахыу есащи, абы тету йокIуэкI.

 

Безрыкъуэ Данэ.
Поделиться: