Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмрэ зыдж щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, нобэрей фIэщхъуныгъэм лъабжьэ хуэхъуар пасэрей лъэпкъыжьхэм я мифологиерщ. Хьэршыр, дунейр, гъащIэр, цIыхур къызэригъэщIам теухуа хъыбарыжьхэр IуэрыIуатэ защIэкIэ яхъумэурэ, тхыбзэр къэунэхуа нэужь ятхыжауэ нобэм къэсащ адыгэ лъэпкъыжьу хьэтхэм я пшыналъэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ Уэлбанэм и тхьэшхуэу ТIэшыбрэ ЛIыныкъуэ благъуэмрэ я зэныкъуэкъур. Хьэтхэр адыгэ лъэпкъым щыщу зэрыщытар къэплъытэмэ, нарт эпосыр зэрыдджым хуэдэу, хьэт мифологиерэ джын хуейуэ къыщIэкIынщ…
Уэлбанэ тхьэшхуэу ТIэшыбрэ* ЛIыныкъуэ* благъуэмрэ зэпэщIэуват. ЛIыныкъуэ гъуэмбыжьым ист, щIыунэ кIыфIыр и псэм и щIасэрэ, дунейм къыщытехьэр закъуэтIакъуэу. Арами, хъуапсэрт ар щIылъэмрэ уэгумрэ иубыдынуи, Нэрыкъ* къалэм пэмыжыжьэу щыт Къышкъылушэ* къалэм деж ТIэшыбрэ абырэ щызэхэуащ.
ТIэшыбыр щыхагъащIэм, и псэр губгъуэм ирихри, и унафэ щIэт тхьэ нэхъыщIэхэм елъэIуащ:
- ФыкъыздэIэпыкъу!
КъыхагъэщIа тхьэшхуэм хуеижтэкъым ахэр… Я щIыб къыхуагъэзащ. Адэм къылъыса лейр зи псэм темыхуар ТIэшыб ипхъу Инарэ* и закъуэти, илъ ищIэжыну, и адэм IэщIаха хьэмтетыгъуэр къизэужыну мурад ищIащ.
Iэнэ дэгъуэ къиухуэщ, шагъыр пIащIэр къытригъэувэри, щIыгурытым* дэжеящ, лIыуэ щыIэм я лейуэ Хъупашэ* щыпсэум.
- ЛъэIу пхузиIэщ, - лIыр къигъуэтри, и щхьэр игъэщхъащ Инарэ.
- Уи гупэ сыгъэгъуэлъи, сытри пхуэсщIэнщ, - къехъуэпсащ абы Хъупашэр.
Инарэ лIым дэгъуэлъри, гу зэщахуа нэужь и Iуэху зыIутыр жриIащ, икIи игъэхьэзыра Iэнэм пэмыжыжьэу зригъэгъэпщкIуащ. Тхьэ-пщащэм зигъэщIэращIэщ, ЛIыныкъуэ деж кIуэри, гъуэмб ихьэпIэм деж къыщыувыIэри, джащ:
- Ефэешхэ щыIэщи, нысхуеблагъэ!
Благъуэр арыххэу гъуэмбым къипщщ и къуэхэр щIыгъууи, Инарэ и ужь иуващ. ХьэщIэхэм Iэнэм къытранакъым ерыскъы Iыхьи фадэ ткIуэпси! Ахэр апхуэдизкIэ ефат, ешхати, замыгъэхъеижыфу, зыри къагурымыIуэжу зэхэст. Хъупашэ арыххэу и гъэпщкIупIэм къыкъуэжщ, благъуэхэр кIапсэ быдэкIэ зэкIуэцIипхэри, утыкум кърилъэфащ.
Инарэ и адэ еджэщ абдежи, Уэлбанэ тхьэшхуэу ТIэшыбым благъуэжьыр зэхиупщIэтащ. ЛIыныкъуэ и псэр зэрыхэкIыу, зэгуэр я щIым къыхуэзыгъэза тхьэныкъуэхэр къэсри я щхьэ къыхуагъэщхъащ, къеубзащ ТIэшыбым.
Апхуэдэущ ТIэшыб и хьэмтетыгъуэм зэрытеувэжар.
Абдежым Инарэ гухьэлъ хуищIащ илъ къыдэзыщIэжа Хъупашэм, икIи Тэрыкъуэ къалэм и къырыщхьэм уардэунэ щиухуащ ар я хэщIапIэу. Унэм зы щхьэгъубжэ закъуэт хэлъыр.
- Унэм сикIауэ, губгъуэжьым сыщитым деж уныскIэлъымыплъ, - игъэIущащ Инарэ и щIасэлIыр.
Абы ищIэрт Хъупашэ зэрыбынунагъуэр, а щхьэгъубжэ закъуэм дэплърэ, ахэр игу къэкIыжмэ, хуэмышэчу зэрыщIэкIуэсыкIыжынур.
Бзылъхугъэм жиIам тету, Хъупашэ зэи кIэлъыплъыртэкъым и щIасэм. Ауэ, зэгуэр, хуэмышэчу дэплъащ лIыр щхьэгъубжэм… ЗыхищIащ и къуэхэмрэ щуIэгъэмрэ зэрахуэзэшар, абы зэригъэнэщхъейр, и гущхьэм ибэмпIыхьу зэш гуэр зэрилъыр. Инарэ къызэригъэзэжуи, имыбзыщIу, жриIащ:
- СыутIыпщ, тхьэгуащэ! Си фызымрэ щIалэхэмрэ сахуэзэшащ схуэмыхьыжыххэу.
- Удэмыплъ щхьэгъубжэм жысIэри, сынолъэIуатэкъэ?! – къытехьащ Инарэ. – Щхьэ укъызэмыдэIуарэ?!
Армырми гурыщхъуэм итхьэлэрт тхьэгуащэри, къызэкIуэкIщ, мафIэу къэлыбри, уардэунэр зэи щымытам хуэдэу зэтрикъутащ, Хъупашэри иукIащ.
Арыххэу ТIэшыб а щIыпIэм Iуву трипхъащ къуацэчыцэ, икIи зэи зыми псэуалъэ щиухуэжакъым тхьэгуащэм и гур щыхэщIа къырыщхьэм.
Инарэ теужа нэужь, Къышкъылушэ игъэзэжащ, благъуэжьым иубыдауэ щыта бгъуэнщIагъыпсхэри и адэм тыгъэ хуищIащ. А Iуэхугъуэм ефэешхэ иращIэкIам и закъуэ мыхъуу, махуэщIу ягъэуври, илъэс къэс ягъэлъапIэу хабзэ дахэ яхуэхъуащ хьэтыпщхэм.
ЗэрыжаIэмкIэ, ар гъатхэрат зыхуэзэр. ИкIи а махуэм ирихьэлIэу ЩIылъэанэ* Iуащхьэу Нэрыкъ къалэм къыщхьэщытым телъ пшэ Iувхэр уэшхышхуэу къешхырти, гуэдзыр Iуву къызэщIэувэрт.
Мы хъыбарыр япэ дыдэу къэзыIуэтэжам и цIэри ихъумащ хьэт IуэрыIуатэм - Къелъэ. Махуэшхуэр гъатхэпэ дыдэм техуэу ягъэлъапIэрт, ТIэшыбрэ ЛIыныкъуэрэ щызэзэуам, Инарэ благъуэр къигъапцIэу Хъупашэ щригъэукIам ирихьэлIэу. Мэкъумэш лэжьыгъэхэр щрахьэжьэм иращIэкIа, уэмрэ щIымрэ я зэхэлъыкIэр зэрагъафIэ хъыбарыжьу яIуэтэжырт.
ГъущIынэтхым ихъумащ зи гугъу тщIы махуэщIым и хъыбарыр. Ар хьэтхэм къащIэнауэ зэрыщытми шэч хэлъкъым, сыту жыпIэмэ, нобэрей адыгэбзэкIэ укъоджэф икIи гурыIуэгъуэу щытщ.
Iуащхьэ IэрыщI теплъэу тхьэунэ щIыгурытхэр пасэрей хьэтыжьхэми яухуэу щытащ. Мы хъыбарым дигъэцIыхуж щIыгурытыр Хьэт къэралыгъуэм и къалащхьэ Хьэтуссэ ищхъэрэкIэ щыIэ Нэрыкъ къалэм дэтауэ къыбгурыIуэ хъунущ. Аращ Уэлбанэ тхьэшхуэу ТIэшыб и хэщIапIэу щытар.
ТIэшыб – Тешуб, Уэлбанэм и тхьэ
Инанэ – Инаннэ, ТIэшыб и щхьэгъусэ, щIылэм, лъагъуныгъэм я тхьэгуащэ
ЛIыныкъуэ – Иллуянка, благъуэ
Нэрыкъ – Нерик, Хьэт къэралыгъуэм щыщщ, ищхъэрэкIэ щыIэ къалэ
Къышкъылушэ –Кишкилушша, Хьэт къэралыгъуэм и къалэ, нэгъуэщIу Къаныши жаIэ.
ЩIыгурыт – Зиккурат, тхьэелъэIупIэ Iуащхьэ IэрыщIхэм пасэрей лъэпкъыжьхэр зэреджэр арат.
Инарэ – Инара, щIыуэпсым и тхьэгуащэ, ТIэшыб ипхъу, Хьэт къэралыгъуэм и плъыр.
Хъупашэ – Хупашия, лIы хахуэ цIэрыIуэ.
ЩIылъэанэ – Цалийана, Нэрыкъ къалэм и Iэхэлъахэм ит Iуащхьэ.