Нэхъ лъэщхэр наIуэ мэхъу Къэбэрдей-Балъкъэрым боксымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Бахъсэн къалэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ республикэм и щIыналъэхэм я спортсмену 120-рэ, я ныбжькIэ илъэс 15-16 хъухэу. Ахэр щIэбэнащ медаль комплекту 13-м. Зэхьэзэхуэр къызэрагъэпэщащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм, КъБР-м БоксымкIэ и федерацэм, республикэм боксымкIэ и спорт еджапIэм, Бахъсэн къалэ администрацэр щIэгъэкъуэн къахуэхъуу.
ГъэщIэгъуэну екIуэкIа зэпэщIэтыныгъэхэм къыщыхэжаныкIахэм кубокхэр, медалхэр, щIыхь тхылъхэр иратащ. Абы нэмыщI, япэ увыпIэр къэзыхьахэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэту Кавказ Ищхъэрэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм зэхэтыну зэпеуэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну.
Армрестлинг
ПлIым медалхэр къахь
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм медалиплI къыщахьащ Кавказ Ищхъэрэм армрестлингымкIэ и чемпионату Владикавказ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIам. Абы хэтащ КИФЩI-м и спортсмену I20-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс I6-м щIигъуахэу.
Ди республикэм и гъэсэну чемпионатым цIыхуих щыIащ икIи абыхэм ящыщу Беслъэней Аслъэнрэ Бейтыгъуэн Iэминрэ етIуанэ увыпIэхэр къахьащ, Шыхъуэ Ислъамрэ Къэрэгъул Хьэутийрэ ещанэ хъуахэщ.
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр, КъБР-м армрестлингымкIэ и федерацэм и унафэщI ТхьэмлIокъуэ Ислъам ягъусэу, хэтынущ УФ-м и чемпионату мы гъэм мэлыжьыхьым Орел къалэм щызэхашэну зэпеуэм.
Поделиться:
Читать также:
11.02.2026 - 12:28 →
Спорт хъыбархэр
03.02.2026 - 12:32 →
МедалитI къахь
02.02.2026 - 11:18 →
Ханты-Мансийск гъатхэм кIуэнущ
02.02.2026 - 10:33 →
Бахъсэндэсхэр къыхожаныкI
29.01.2026 - 12:26 →
Иджыри зы текIуэныгъэ
| ||





Къэбэрдей-Балъкъэрым боксымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Бахъсэн къалэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ республикэм и щIыналъэхэм я спортсмену 120-рэ, я ныбжькIэ илъэс 15-16 хъухэу. Ахэр щIэбэнащ медаль комплекту 13-м.