НОБЭ

ЩIышылэм и 20, гъубж
1588 гъэм урыс пащтыхь Фёдор Иван и къуэм Кремлым щригъэблэгъат Черкасскэхэ Темрыкъуэ и къуэ Мамсрыкъуэрэ Къамболэт и къуэ Къудэнэтрэ.
1921 гъэм Бгырыс АССР-р къэунэхуащ. 
1932 гъэм къалъхуащ Ветеранхэм я республикэ советым щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ и комиссэм и унафэщIу лэжьа, УФ-м и Журналистхэмрэ ТхакIуэхэмрэ я зэгухьэныгъэм хэт, КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр зыхуагъэфэща Пщыбий СулътIан. 
1936 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист НапщIэкъуий Заур. 
1939 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Елмэс Албий.
1959 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор КъуэщIысокъуэ Роберт.
1975 гъэм къалъхуащ дуней псом самбэ бэнэкIэмкIэ тIэунейрэ и чемпион Алъхъо Сыхьэтбий. 
Дунейм и щытыкIэнур 
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. ЩIыIэр махуэм градуси 3 - 4, жэщым градуси 6 - 8 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 5-кIэ зихъуэжынущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Дыжэф пцIанэ хъуркъым.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

10.07.2026 - 13:00 НОБЭ
09.07.2026 - 09:53 НОБЭ
08.07.2026 - 16:05 НОБЭ
07.07.2026 - 09:00 НОБЭ