Хьэт мифологием щыщ теплъэгъуэ.
Гъавэмрэ бэвымрэ я тхьэу, ТIэшыб и къуэ ЩIылъэбынэ* губжьым зэщIищтэри, тхьэунэм икIат. Арыххэу Iугъуэ Iувыр щIылъэм къытегъуэлъхьащ, жьэгу мафIэр ужьыхащ, тхьэпэлъытэхэр я пIэ ижыхьащ… Мэхырт чэтым иубыда мэлхэр, Iуэм щIэубыда жэмхэр. Джафэ къэхъуащ къущхьэр. Гъужащ псынэхэр. Зэхъу-зэбзу дунейм тетым лъхуэн щагъэтащ, ныбэрылъхэри дунейм къытемыхьэфу ныбэм инащ.
Ауэ щыхъум, ЩIылъэбынэ и адэ ТIэшыб къэралыгъуэм тхьэуэ итыр зэхишащ.
- Къытехьащ си щIалэр, уэгурысхэ! ИкIащ унэм… Арыххэуи псэ зыIутыр и пIэ ижыхьащ. МэкIуэд гъащIэр!
Тхьэхэм щIылъэм зытраубгъуэу ЩIылъэбынэ лъыхъуа щхьэкIэ, ягъуэтакъым.
Ауэ щыхъум, ТIэшыб бгъэжьыр ириджэри, жриIащ:
- КъуакIэбгыкIэ къыумыгъанэу зэхэплъыхь, къущхьэм псыуэ къехым хэплъэ! ЩIылъэбынэ къэгъуэт!
Имыгъуэту къекIуэлIэжащ.
- Къущхьи къуэ дэкIыпIи къэзгъэнакъым, зы псы инаи си нэм IэщIэкIакъым, згъуэткъым ЩIылъэбынэ, - жи.
- ЩIэ зыгуэр, Уэлбанэтхьэ! Тэджи уэ къэлъыхъуэж уи быныр! – къэлъэIуащ Инанэ тхьэгуащэу ТIэшыб и щхьэгъусэр.
Адэми и къуэр имыгъуэту къекIуэлIэжащ.
- Зы бжьэ къысхуэубыд! – къелъэIуащ абы Инанэ, ауэ щыхъум.
- Уэгум тхьэуэ исым къалъыхъуащ ЩIылъэбынэ. Сыт уи гугъэ бжьэ цIыкIум хуэщIэнур? – жеIэ ТIэшыб.
- КIуэи къысхуэгъуэт! – хэкъузауэ къыжреIэ.
Инанэ и щхьэгъусэм бжьэ къигъуэту къыщыхуихьым, и Iэгум иригъэтIысхьэри, тхьэгуащэр лъэIуащ:
- Лъатэ! Къэгъуэт ЩIылъэбынэ. Къызэрыбгъуэту и нэм еуэ, и лъэм еуэ, и нэмрэ и Iэмрэ щыхуэ уи шэхум щыщ, сыт къылъэмыIэсами – схуэгъэкъабзи къысхуешэлIэж!
ХьэтыщIым и зы къуапи къимыгъанэу тхьэм лъыхъуащ бжьэр икIи ипщэ щIыналъэм къыщигъуэтыжащ, гъэхъунэм илъу жейуэ. Тхьэгуащэм къыхуищIа унафэм тету, бжьэр ЩIылъэбынэ и Iэ и лъэм еуащ.
- Узыхуейр сыт? – къыщылъэтащ жейбащхъуэр. – УзищIысыр сыт укъызэуэну!
ЩIылъэбынэ зэрыгубжьам нэхърэ нэхъ Iеижу къытехьащ.
- Тхьэ соIуэ псынэу щыIэр згъэгъуну! Псыежэхыу згъуэтыр IусщIэну! Псыхъуэхэм пшахъуэмрэ мывэмрэ къыдэщэщу къэзгъэнэну! Къалэу згъуэтыр зэтескъутэну. Унэу яухуар исхыну! – гъуахъуэрт ар.
Абдежым цIыхухэм я Iусу тхьэхэм кърата мэлхэмрэ танэхэмрэ зэтелIащ.
Ар щилъагъум, ТIэшыб Инанэ жреIэ:
- Сыту гуащIэ ди щIалэм и губжьыр! Сыт тщIэнур? Псори мэжалIэм диукIынущ мыгувэу! – нэщхъей къэхъуащ Уэлбанэпщыр.
Iущым я лейуэ Инанэм жеIэ Къамрэшыпэ* удым, щэхуу щыIэм щыгъуазэм елъэIуну. ТIэшыб тхьэшхуэр удым щеджэм, бгъэ дамитIу и щIыбым итыр зэIухауэ арыххэу ЩIылъэбынэ и пащхьэм къихутащ Къамрэшыпэ.
- А, тыншыгъуэм гу щызыхуэжын! Уи узым и хущхъуэгъуэ къыпхуэсхьащ, ЩIылъэбынэ! Ахъорэ* шэуэшрэ* едзакъи, уи гур щабэ къэхъужынщ, ЩIылъэбынэ. Ахъуэм* дагъэ щIэткъэ, жызумым шагъыр игъэжабзэкъэ, ахъом жылэ минхэр къыкIуэцIыкIыркъэ?! Мис апхуэдэу уи псэр щыз ирехъуж, дотэ! КIытэ фIэIумрэ махъсымэмрэ зэрызэхэшэпсыхьым хуэдэу, цIыхухэм яхыхьэж, уо, ЩIылъэбынэ! Щхьэмыжым пылъ ху жылэр зэрыкъабзэм хуэдэу уи псэр къабзэ ирехъуж, уо, ЩIылъэбынэ! Фор зэрыIэфIым, тхъур зэрыщабэм хуэдэу уи гур ирехъуж, ди ЩIылъэбынэ, - мэубзэ удыр. – Еплъыт, тIасэ, къилыкIащ уи гъуэгур дагъэ пIащIэкIэ. Абы утемыкIыу уи унэ екIуэлIэж иджы. Чыр лантIэ щIыкIэ къэшыркъэ?! Апхуэдэу уи гур къытхуэгъэзэж.
Хъийм икIа тхьэр къыхуэгъэдэIуакъым удым. МакIуэ къызэмыплъэкIыу, щыблэр къыполъэлъ, уафэр егъэгъуагъуэ, хьэдрыхэ жьэражьэм щIылъэр къызэгуитхъыу дунейм къытехьам хуэдэу и лъэгум мафIэр къыщIолъэлъ.
Къамрэшыпэ и дамэр еIэтри, тхьэ губжьам гъунэгъу зыхуещI. И ужь икIыркъым, и нэ тригъэкIыркъым. Тхьэхэм захуегъазэ удым:
- Тхьэхэ! ФыкIуэ щIэхыу ХьэпэнтIалэ деж. Тхьэ Дыгъэм и мэл гуартэр егъэхъури губгъуэм итщ ар. Мэл пщыкIут къыхэфш а гуартэми, тхъуэплърэ дахэу ХьэпэнтIалэ евгъэгъажьэ. Сэ ЩIылъэбынэ и ху жылэм сытебжэнщи, дунеижьым теспхъэнщ, кхъузанэм и нэ миным щIэзгъэпщурэ. Къисхынщ ЩIылъэбынэ и Iэпкълъэпкъым сыт хуэдэ губжь илъми, - унафэ ещIри, удым и нитIыр тхьэм тримыгъэкIыу мэIущащэ. - Губжьым къызэгуетхъ ЩIылъэбынэ… Екъуз зыгуэрым и гуи и пси, яшыхьу зэщIакъузэжа хьэуазэм хуэдэу. Арами, хьэуазэр мафIэм зэщIищтэу напIэдэхьеигъуэм зэрисым хуэдэу бзэхыжынщ ЩIылъэбынэ и губжьыр. ЩIакхъуэр щыжьэкIэ кIытэм и фIэIур зэрыщIэкIыжым хуэдэу щIэкIынкъэ ди тхьэм и губжьыр! КърежьыкI губжьым ЩIылъэбынэ и кIуэцIыр. АтIэми, мафIэр ужьыхыжыркъэ, гува-щIэхами?! Ужьыхынщ ЩIылъэбынэ и губжьри! Арахъэм иж псым къигъэзэжауэ хэт илъэгъуа?! Къигъэзэнкъым, апхуэдэуи, ЩIылъэбынэ и губжьым! Тхьэхэм Хасэ щызэхашэ хьэмкIутIей лъыбжьэм. А хасапIэу тхьэщI нэхум сытебжащ илъэс мин бжыгъэкIэ е емыкIуэлIэну. Къыхэсхащ ЩIылъэбынэ и пкъым илъ губжьыр, гужьгъэжьыр, гуауэр, жагъуэр. ХуэзгъэщIэрэщIэнщ абы дунейр гъатхэ епэркIэ. Уэ, хьэмкIутIей баринэ, гъатхэм уфащэхущ, бжьыхьэм дыхьэрэну уплъщ. Уи лъабжьэм балэ щIэкIмэ и пщэдыкъым уодэхащIэ, мэлым зыкъыпщихъуэмэ и цыр уогъэкъабзэ. Мис апхуэдэу къытеIэбэ тхьэ губжьами, щхьэщых и гуауэр. Уэлбанэм и тхьэр къытехьауэ дунейкъутэжыр зэхиубламэ, ар къардэным къегъэдаIуэ. Шыуан къивырывыкIыр пщафIэм жьэгум къыдехыж. Къаплъэт, ЩIылъэбынэ… ЕщI фадэ пIащIэм цIыхур чэф, и гум бампIэу илъыр кърилъэсыкIыу. Къизгъэх уэри уи гум бампIэу илъыр!
Абдежым щIы щхьэфэр къызэгуетхъри, Хьэдрыхэ и хъумакIуэм Iуех IункIыбзиблыр, къызэIуех абы узэрыдыхьэ бжиблыр. КъегъэувэкIауэ щытщ домбеякъ шыуан абрагъуэхэр, бдзапцIэ щхьэтепIэ ящхьэщылъу. Дэтхэнэри къовырывыкI, лъэIэсыр дэбзэхрэ, зэи къимыгъэзэжыну кIуэду.
Хьэдрыхэ жьэражьэм къиущIа и жьэм ирелъафэ гъавэмрэ бэвымрэ я тхьэу ЩIылъэбынэм къыпкърыхьа е фIыцIэри, зэуэзэпсу мэбзэхыж Хьэдрыхэбжэр.
Илыгъуэжкъым абы и губжьым дуней дахэр.
- Уи ныбэр из хъужыху шхэ, уи псэм зигъэнщIыжыху псы къабзэ ефэ, ЩIылъэбынэу ди дотэ. Къащтэ мы дагъэ щабэр. МыбыкIэ къистхьэщIыкIащ уи гъуэгур. Гъэзэж уи унэ. Жыгым я нэхъыфIым къыхэбзыкIа уи пIэм игъуэлъхьэжи зыгъэпсэху, - щхьэщэ ещI удым.
ЩIылъэбынэ и унэ ихьэжри, Iугъуэ Iувыр къалэм щхьэщыкIыжащ, тхьэлъэIупIэхэр къэщIэрэщIэжащ, жьэгухэм дэлъ дэпыр къызэщIэнэжащ, псэущхьэхэмрэ цIыхухэмрэ лъхуэн щIадзэжащ, ЩIылъэбынэ и къалэнхэми пэрыхьэжащ, ГъащIэр щыIэн папщIэ.
ЩIылъэбынэ – Телепина, ТIэшыб и къуэ, гъавэмрэ бэвымрэ я тхьэ.
Къамрэшыпэ – Камрушепа, дунейм щэхуу тетым щыгъуазэ уд.
Ахъо – инжир.
Шэуэш – кунжут.
Ахъуэ – оливки.