Къэдмыгъэсэбэпыж хабзэхэр

ЩIэныгъэлIхэр, тхыдэтх куэдхэр ди лъэпкъым и къэхъукIэ-псэукIэм зэрытетхыхьащи, адыгэбзэр япэ дыдэу дунейм къытехьа бзэхэм ящыщщ. Бзэм и закъуэкъым, хабзэри, тхэлъ хьэл-щэнри абы дэщIыгъущ. 
Иджырей ди нобэм дыхоплъэжри, махэ зэрыхъур долъагъу, абы къешэ бзэмрэ хабзэмрэ нэгъуэщIым ейм псынщIэу техьэныр. Апхуэдиз лIэщIыгъуэм къыкIуэцIраха хабзэхэр, цIыхур зэрагъасэ Iэмал гъуэзэджэхэр дауэ зэрыдгъэкIуэдынур? 

 МафIэдз Сэрэбий и тхылъ «Адыгэ хабзэ» зыфIищам итщ ди лъэпкъым мы лъэхъэнэм къимыгъэсэбэпыж хабзэхэр. Сэрэбий и псалъэ Iущхэр псэм щыщщ, узыгъэгупсысэщ. Си гум къинахэм ящыщу МафIэдзым и тхылъым ит пычыгъуэ фыщызгъэгъуэзэнщ. 
«Дэтхэнэ зы псалъэми лъабжьэ хуэхъуар, ар псалъэ щIэхъуар цIыхум ищIамэ, ди гъащIэр куэдкIэ нэхъ зэIубз хъуну къыщIэкIынт. Емыпхауэ пIэрэ зыгуэркIэ, девгъэгупсысыт, ди адыгэ псалъэ «еблагъэ» жыхуэтIэр псалъэжь «ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ» жыхуэтIэм хэт «бжьиблым», «бл»-ым? КъимыкIыу пIэрэ абы благъэ зыкъытхуэщI, къытхыхьэ, тщыщ хъу, жиIэу? ИтIанэ абы и лъабжьэр куу дыдэщ. Лъэпкъыжь дыдэхэм хабзэу яхэлъащ я зэблэгъагъыр, зэIыхьлыгъэр, ебланэ лIакъуэм нэсыхункIэ еIэбыхрэ къыщыщIадзэу. Абы къиубыд зэблагъэхэр зэрыIыгъын, зэрылъытэн, зэрыхъумэн хуейт. Я бын зэрышэ хъунутэкъым». 
Медицинэм зэрыжиIэмкIэ, лъыхэр нэхъ зэпэжыжэху, щIэблэр нэхъ узыншэщ. Дэнэ щащIэрэт ар пасэрей адыгэхэм, жыпIэу иджы богъэщIагъуэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, мы хабзэм ткIийуэ дытетыжу пхужыIэнукъым. 
 
 МафIэдзым гу лъыдегъатэ нэгъуэщI хабзэми. 
«Адыгэхэм ди «къеблагъэ» псалъэр купщIафIэм и мызакъуэу дахэщ, икIи цIыхугъэ ин хыболъагъуэ. Абы къикIыр къикIыу зы псалъэ лъэпкъ куэдым яIэкъым. «Еблагъэ» псалъэр ди гъащIэм хэпх хъунукъым. Хабзэ тхэлъым ари и зы щапхъэщи. Абы ещхьыркъабзэщ ди фIэхъусхэри. ЦIыхум и лэжьыгъэ, зыIут IэнатIэ елъытауэ зэхэгъэкIауэ фIэхъус тыкIэмрэ къеIыхыжыкIэмрэ зыубзыхуа лъэпкъыми абы и хабзэми къуэпс куу яIэщ. 
Дауи, иджыпсту абы ящыщ куэдыр жьы хъуащ, къыщыдгъэсэбэпыжри мащIэ дыдэущ. Ауэ ахэр хабзэм, адыгэ гъащIэм и Iыхьэу, и пкъыгъуэу щытащ, зэхэбгъэзэрыхьыу зы фIэхъус ехыкIэр адрейм жепIамэ, я пащIэкIэ щIэгуфIыкIым къыщымынэу, емыкIу укъащIынут. ФIэхъус ехыкIэхэр куэд дыдэ хъурт. Нэхъыбэрэ адыгэхэм къагъэсэбэпу щытахэм дытепсэлъыхьынщ, сыту жыпIэмэ, хабзэм и къежьапIэр цIыху зэхыхьэрщ, цIыху зэхуэзэрщ. Хабзэр щIагъэзащIэр я щхьэр ара щхьэкIэ, зыхуагъэзащIэр зыхуэзэ, къахуэзэхэрщ. 
ПщIантIэм дэту е губгъуэ пщыIэ, уэтэр тету лэжьыгъэ IэнатIэ гуэр пэрытым бгъэдыхьамэ, адыгэхэм жаIэрт: «IуэхуфIохъуэ апщий». Абы и нэмыщIауэ е абы и пIэкIэ жаIэми хъунут: «ФIэхъус апщий». Мы етIуанэр нэхъ къыщекIур цIыхум Iуэху къупынщыпын, Iэзагъэ гуэр зыхилъхьэн лэжьыгъэ щигъэзащIэм и дежт: дыщэкIыр, уанащIэр, фащIэр, нэгъуэщIхэри лажьэу бгъэдыхьамэ. ТIум щыгъуэми жэуапыр гуапэт: «Упсэу апщий, тхьэм и щIасэ ухъу, еблагъэ».
 Iэщым пэрытым фIэхъус щырахкIэ жаIэрт: «Бохъуэ апщий». Мыбы къыпадзыж фIэхъусым « еблагъэ» пагъэувэртэкъым. «Упсэу апщий, тхьэм и щIасэ ухъу», - жаIэрти къыIухьар нэхъыщIэмэ, абы и Iэр Iэхъуэм къиубыдырт, ауэ къыIухьар нэхъыжь нэужькIэ Iэхъуэр абы пэплъэн хуейуэ арат, мыдрейм и Iэр къишийуэ фIэхъусыр IэубыдкIэ иухынуми абы хэмытыххэнуми. И Iэр къишийуэ фIэхъус кърихрэ - нэхъыщIэм ар щабэу иубыдырт. Къыхуамышиямэ, емыкIуи зыгъэгуси хэлътэкъым. Нэхъыжьым зэрищIынумкIэ хуитт. Ауэ фIэхъус зытын хуейр нэхъыжьми нэхъыщIэми къыIухьарат. 
«ФIэхъус щызэIэпахкIэ я Iэ зэрыубыдыным теухуауэ мыри жыIапхъэщ. Адыгэхэм я Iэ зэрыубыдыныр къызэращтэрэ куэд щIакъым. Нэхъыжьхэм зэрыжаIэжымкIэ, япэм щыгъуэ фэхъус щаткIэ ар зытым и Iэ ижьыр IэштIым ныкъуэщIу и нэзэрыхъэ ижьым хуихьрэ итIанэ IэгукIэ и гущхьэм деж теIэбэжу, и лъэкъуитIыр зэбгъурыту уврэ и щхьэр мащIэ дыдэу игъэщхъыу щытауэ аращ. Абы ещхьыу ищIырт фIэхъус къеIызыхми. Бзылъхугъэхэм цIыхухъухэм фIэхъус щырахкIэ я Iэ ижьыр IэштIым ныкъуэщIу я нэзэрыхъэм хуахьырти абыкIэ зэфIэкIырт, я гущхьэм теIэбэжыртэкъым». 
Мы зэманым, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар ди хабзэ дахэм хэкIуэдыкIыжахэм ящыщщ. АдэкIэ къыпызощэ, МафIэдзым и тхылъым къизджыкIа фIэхъус хыкIэм. 
«Мэкъуауэм яхыхьам, «шхощэ апщий», - жаIэрт. «Упсэу апщий», абы нэхъыбэм и жэуапыр арат. Ауэ зэхуэзахэм я зэхущытыкIэ елъытауэ, зэрыцIыхумэ е зэныбжьэгъумэ: «Бэ зышхын тхьэм къуит» - псалъэри дыщIагъужырт. ВакIуэм щыгъуэ: «Бовэ апщий», - жаIэ. КъызэрыгуэкI жэуапри аращ: «Упсэу апщий». Бжьахъуэм зыхуагъазэрт: «Фо бэв апщий». Абыи падзыжырт «Упсэу апщий»-р. Цы зыщым жраIэрт: «Цыщ махуэ апщий». Жэуапыр: «Пщын куэду тхьэм къуит апщий». ГъуэгурыкIуэм жраIэрт: «Гъуэгужь апщий». Абы къыпадзыжырт: «Упсэу апщий» е «Дызэдижьэ апщий». Хьэмэмым тетым жраIэрт: «Хьэм бэв апщий». Абы и жэуапт: «Упсэу апщий, бэв тхьэм къуит апщий». ЩакIуэм хуэзамэ фIэхъус ирахырт: «Хэкужь апщий», - жаIэрти. Абы и жэуапт: «Си хьэм къуэжар тхьэм къуит апщий». ЩакIуэм зыгуэр къиукIауэ ирихьэлIамэ, жраIэрт: «Миным и лъабжьэ ухъу». ЩакIуэм и жэуапт: «Хъун куэд тхьэм здыдигъэгъуэт». Абы хуэзар и щэкIуэгъу гуэрмэ дэгуашэртэкъым, ауэ зы тхьэмыщкIэ гуэрмэ, Iыхьэгъу ищIырт, мыдрейри: «Уи адэ и псапэ е уи анэ и псапэ тхьэм ищI», - жиIэрти ехъуэхъурт, щакIуэм и адэ-анэр имыIэжу ищIэмэ. Ахэр псэу нэужькIэ жиIэрт: «Фи лIахэм я псапэ тхьэм ищI». Былым зыфIэкIуэдам дэгузавэрт: «Уи насып тхьэм химыхкIэ», - жаIэу. Ауэ Iэщыр псэхэлIэ хъуамэ: «Пхуэщын тхьэм къуитыж», - жаIэрт. Хэхъуэ былымкIэ зиIэм жраIэрт: «Тхьэм пхуигъэбагъуэ, Iэщын тхьэм пхуищI». Апхуэдэу зэхъуэхъум и жэуапт: «Бдэбэгъуэн тхьэм къуит». ЗыгуэркIэ цIыхум зыхуагъэзэнумэ е ищIа Iауэ егыинумэ: «А зи узыгъуэ кIуэдын», жаIэрти къыщIадзэрт. Абы щыгъуэми и псалъэ зэпаудмэ, жаIэрт: «Уи псалъэ фIыкIэ уIыгъ», еIусэу къагъэувыIамэ: «Си Iэр фIыкIэ нуIусэ». Щауэ къэзышам жраIэрт: «Уи пщIэгъуалэм и хъер улъагъу»: Дауи, апхуэдэу абы ехъуэхъур и ныбжьэгъухэрт. ЩIалэр зыхуэзыгъэгушхуэ нэхъыжьхэр щауэм къехъуэхъурт: «ПIэщхьагъ махуэ тхьэм пхуищI, гу тхьэм зыщывигъахуэ». Къуэ къызыхуалъхуам, ар щыпэлъхумэ, и тхьэкIумэр яIуантIэрт, кърахыу къыщIэкIынут: «Иджы умыбэлэрыгъ». Адыгэхэм муслъымэн диныр къащта иужькIэ фIэхъус куэдым япэув хъуащ ислъам сэлам зэIэпыхыкIэр: «А сэламун хьэлейкум» - «Уэ хьэлейкум сэлам». Иужьрей зэманым хьэгъуэлIыгъуэ, гуфIэгъуэ Iэнэхэм и деж «Гуп махуэ апщий», - жамыIэу, «Сэлам алейкум» - жаIэу щахыхьэ щыIэщ. Пасэм щыгъуэ адыгэхэм езыхэм нэхърэ нэхъыжьым зэи фIэхъус-сэлам хурагъэхьу щытакъым . ЩIэупщIэрт и узыншагъэмкIэ, и IуэхукIэ, ауэ фIэхъус хурагъэхьыртэкъым, сэлам тхуехыж, жаIэртэкъым. Зэралъытэр арат: псэ зиIэм уэхъты иIэщ, нэхъыжьым фIэхъусыр ирамыхыжу зыгуэр къыщыщIмэ, фIэхъус - сэламыр умытыжу къыптенэмэ, ар гуэныхьщ. Абы адыгэхэр хуэсакъырт икIи фIэхъус зытелъым щIы лей, гъуэгу лей зэпичырт, фIэхъусыр итыжын щхьэкIэ». 
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, адыгэм къэдгъэсэбэпу щыта апхуэдэ хабзэ дахэ куэд зетхьэжыркъым. 
Си анэшхуэм сызыщIигъэдэIукIауэ, си гум къинэжа хабзэу иджы зырамыхьэжхэм ящыщщ адэкIэ зи гугъу сщIынур. Анэшхуэм хабзэмрэ-бзыпхъэмрэ и Iэпэгъут сытым дежи. «Ди бзэмрэ хабзэмрэ нэхъ лъэщ дунейшхуэм теткъым», - жиIэрейт абы. НысащIэ уэндэгъум и гъуэгур зэпиупщIыртэкъым: «Абы и ныбэм илъыр, щIалэ цIыкIуми сщIэркъым» - жиIэрти. «ЦIыхухъур псы щIыIэ шынакъщ», - жиIэрти, и къуэ закъуэм и пащхьэм итIысхьэу шхэртэкъым. «ЦIыхухъур нэхъыщIэми нэхъыжьщ», - ар сытым дежи и псэлъафэт. Хъулъхугъэм пщIэшхуэ хуищIырт. Ину псалъэртэкъым, дыхьэшыртэкъым, «Жьэшхуэ, тхьэшхуэ и жагъуэщ», - жиIэрти.  
Ди нэхъыжьыфIхэм зэрахьэу щытащ хабзэ дахэ куэд, абы щыщу дгъэзэщIэжыр зы мащIэ дыдэщ. Ахэр къэтпщытэжрэ, ди дуней тетыкIэм лъабжьэ хуэтщIымэ, нэгъуэщIхэм дахэмышыпсыхьыным щIэгъэкъуэн къытхуэмыхъуну пIэрэт?!    

 

КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться:

Читать также: