Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм граждан зыхъумэжыныгъэм пыщIа зэхущытыкIэхэр зэрыщызэблагъэкIым теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 5-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым ехьэлIауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм граждан зыхъумэжыныгъэм пыщIа зэхущытыкIэхэр зэрыщызэблагъэкIым теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 5-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын, Iэ тридзэн икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт ар къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ
Налшык къалэ
2025 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м
№241-П-П
* * *
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм граждан зыхъумэжыныгъэм пыщIа зэхущытыкIэхэр зэрыщызэблагъэкIым теухуауэ»
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 5-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ
2025 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м
1-нэ статья
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм граждан зыхъумэжыныгъэм пыщIа зэхущытыкIэхэр зэрыщызэблагъэкIым теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №25-РЗ-м, 2020 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м къыдэкIам (правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru), и 5-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм и 5-нэ пунктым хэт «мылъку, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр щIыпIэ шынагъуэншэхэм гъэIэпхъуэныр, абыхэм егъэзыпIэ щахуэщIыныр» псалъэхэр зэхъуэкIын «зыхъумэжыным зыхуэгъэхьэзырыным, мылъку, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным хуэхьэзыру щытыным» псалъэхэмкIэ.
2-нэ статья
1. Мы Законым къару егъуэт «Урысей Федерацэм «Граждан зыхъумэжыныгъэм и IуэхукIэ» и къэрал законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Федеральнэ закон №240-ФЗ-м, 2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 23-м къыдагъэкIам, къару щигъуэт махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ
КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2025 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м
№49-РЗ
Поделиться:
Читать также:
05.09.2026 - 09:01 →
Яухуэ, зэрагъэпэщыж, ирагъэфIакIуэ
04.09.2026 - 14:30 →
Лъэпкъ Iуэхумрэ динымрэ хэхыныгъэм епхахэм хабзэм къемызэгъыу къыщыбгъэщхьэпэ зэрымыхъунум теухуауэ зыщыгъуэзапхъэ
01.09.2026 - 10:57 →
«Урысей зэкъуэтыр» шэсыпIэ йоувэ
01.09.2026 - 09:00 →
«Урысей зэкъуэтыр» шэсыпIэ йоувэ
28.08.2026 - 15:24 →
Захуагъэр япэ ирагъэщынущ
| ||




