Къэралым и тхыдэдж цIэрыIуэ

Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ щIэныгъэ центрым хыхьэ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм я нэхъыжь дыдэщ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтыр. А институтыр къызэрызэIуахрэ мы махуэхэм илъэси 100 ирикъуащ. Мы зэманым абы и унафэщIщ лъэпкъыр зэрыгушхуэ еджагъэшхуэхэм ящыщ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта (2006-2009 гъгъ.), КъБР-м щIэныгъэмрэ техникэмкIэ и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академик, къэралым и тхыдэдж цIэрыIуэхэм халъытэ Дзэмыхь Къасболэт ФIыцIэ и къуэр. Бгъэдэлъ зэфIэкI лъагэхэмкIэ зи цIэр жыжьэ Iуа щIэныгъэлI Iэзэм лъэпкъ щIэныгъэм зегъэузэщIыным къаруушхуэ ирехьэлIэ. 
Зи гупсысэр хэкум, къэралым яфI, я ехъулIэныгъэ къызэрыкIын IуэхуфIхэр зэфIэхыным хуэгъэпса, гъащIэм, щIэныгъэм зегъэужьыным хуэунэтIа цIыху гуащIафIэщ, ди лъэпкъым и щIэныгъэлI пажэхэм ящыщщ Дзэмыхьыр. Тхыдэдж гумызагъэр икIи егъэджакIуэ Iэзэр, хэкупсэ нэсыр бгъэдэлъ еплъыкIэхэмрэ гупсысэхэмкIэ куэдым щапхъэ яхуохъу. Еджагъэшхуэм и фIыгъэ хэлъщ ар зи пашэ институтым зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм, текIуэныгъэхэм ящыщ куэдым. 
Адыгэ унагъуэщ Къасболэт къызэрыхъукIар. Аращ абы хэлъ хьэл-щэн екIуми, бгъэдэлъ акъыл узэщIами, Iурылъ анэдэлъхубзэ къабзэми я къежьапIэр. Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Къармэхьэблэ (Каменномост) адыгэ жылэм 1957 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м къыщалъхуащ ар. Къуажэм дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиухри, 1973 гъэм Дзэмыхьыр лъэпощхьэпоуншэу щIэтIысхьащ КъБКъУ-м и тхыдэ къудамэм. ЗыщIэхъуэпса тхыдэдж IэщIагъэр 1978 гъэм зригъэгъуэта нэужь, IэщIагъэлI ныбжьыщIэм щалъхуа жылэм игъэзэжри, абы дэт курыт школ № I-м тхыдэр щIэблэм яригъэджу лэжьэн щыщIидзащ. Зы илъэскIэ щылэжьауэ, Дзэмыхьыр ирагъэблэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым тхыдэмкIэ и къудамэм. ИпэкIэ ищIа гуращэр и гъуэгугъэлъагъуэу, Дзэмыхьыр 1981 гъэм щIэтIысхьащ къэралым ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием къепхауэ лажьэ, СССР-м тхыдэмкIэ и институтым и аспирантурэм. Куэд дэмыкIыу Къасболэт игъэхьэзыращ и кандидат диссертацэр, студент илъэсхэми абыхэм къакIэлъыкIуа зэманми иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр и лъабжьэу. «Къэбэрдейм XVIII – XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм щыщыIа социально-экономикэ ухуэныгъэр» фIэщыгъэр зиIа щIэныгъэ лэжьыгъэр Дзэмыхьым 1985 гъэм ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ икIи «тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат» цIэр къыфIащащ. 2001 гъэм ирихьэлIэу хьэзыр ищIащ икIи утыку ирихьащ и доктор диссертацэр. А къэхутэныгъэ иным, «Урысейм Кавказым щригъэкIуэкIа политикэмрэ адыгэхэмрэ (1550-1770 гъгъ.)» зи фIэщыгъэм, мыхьэнэшхуэ иIэщ. ЩIэныгъэ дунейм пщIэ лъагэ щызыгъуэта, щытхъуфIхэри зыщыхужаIа а лэжьыгъэ купщIафIэр ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIауэ щытащ Къасболэт, «тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор» цIэ лъагэри къыхуагъэфэщащ.
 IэщIагъэлIыр 1992 гъэм КъБКъУ-м ирагъэблэгъащ. КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэмрэ этнографиемкIэ кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьу, доценту, лъэпкъ тхыдэмкIэ кафедрэм и пашэу лэжьащ ар. 1998 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс зыбжанэкIэ Дзэмыхьым къызыхуэтыншэу ирихьэкIащ КъБКъУ-м и Социально-гуманитар институтым и унафэщIым щIэныгъэмкIэ и къуэдзэ къулыкъур. Къыхуагъэфащэ дэтхэнэ къулыкъури, зяужь ихьэ сыт хуэдэ Iуэхугъуэри къащти, абыхэм яхэткъым а цIыху гумызагъэм къызыхуэтыншэу, нэсу имыгъэзащIэ. АдыгэлI нэсыр дапщэщи хущIэкъуащ зыпэрыт дэтхэнэ IэнатIэри зэрыригъэфIэкIуэным, ар зыхуэдэхэм фIыкIэ къахигъэбелджылыкIыным. 
Ноби апхуэдэщ Дзэмыхьым и Iуэху зехьэкIэр. 2014 гъэ лъандэрэ ар и унафэщIщ институтми, щIэныгъэлI щыпкъэм мыбдежми зыкъыщигъэлъэгъуащ лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ нэсу. Зи пашэ IуэхущIапIэм щекIуэкI къэхутэныгъэ псори зи нэIэм щIэт унафэщIым хузэфIокI ди щIыналъэм и зыужьыныгъэмкIэ щхьэпэ къэхутэныгъэхэм я зэхэублакIуэ, жэрдэмщIакIуэ хъун, КъБР-м и щIэныгъэлIхэм я лъэкIыныгъэхэр хэкум и зыузэщIыныгъэм къыхузэщIигъэуIуэн. Институтым и IэщIагъэлI дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуегъуэтыф абы. Апхуэдэуи я лэжьыгъэр тэмэму къызэрегъэпэщ, еунэтI, чэнджэщ щхьэпэхэр яриту, езым бгъэдэлъ щIэныгъэкIи зэфIэкIкIи щIэгъэкъуэни щапхъи яхуэхъуу.
Дзэмыхь Къасболэт бгъэдэлъ зэфIэкIхэм я инагъыр, кууагъыр къыпхухэмылъытэным хуэдизщ. Псори зэхэту къапщтэмэ, еджагъэшхуэм и къалэмыпэм къыпыкIащ тхылъ щхьэхуэрэ нэгъуэщI тхыгъэ щхьэпэу щэ бжыгъэхэр. Абы хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ Урысейм, Кавказ Ищхъэрэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым я тхыдэр зэхуэхьэсыжыным, абыхэм ехьэлIа тхылъхэр тхыным, дунейм къытегъэхьэным. Абыхэм ящыщщ, къапщтэмэ, монографие къэхутэныгъэ щхьэхуэхэу «Совет историографием Къэбэрдейм XVIII – XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм щыщыIа социально-экономикэ ухуэныгъэр къызэрыхэщыр (1917-1950 гъгъ.)», «Адыгэхэр: тхыдэм и напэкIуэцIхэр», «Урысейр Кавказым, Поволжьем, Кърым хъаныгъуэм щыпсэу лъэпкъхэм зэрахущытам Къэбэрдейм щиIыгъ увыпIэр (XVI лIэщIыгъуэм икухэр - XVIII лIэщIыгъуэм и кIэухыр)», «Адыгэхэмрэ Урысеймрэ (тхыдэ зэхущытыкIэ Iэмалхэр)», «Адыгэхэр зыхэта зэпэщIэтыныгъэмрэ хэкур зэрабгынамрэ», «Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ Кавказым XVI–XVII лIэщIыгъуэхэм щыщыIа политикэ тхыдэм щаубыда увыпIэхэр», «Шэрджэсхэм я щхьэхутыныгъэм и декларацэ. Кавказ зауэм и дэфтэр тхыдэм щыщ», «Тхыдэ зэдайм и напэкIуэцIхэр: Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэр урысей цивилизацэм зэрыхэтыр», «Урысеймрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ XVI–XIX лIэщIыгъуэм икухэм: зэпыщIэныгъэхэмрэ къэрал-политикэ ухуэныгъэм зэрыхуэкIуамрэ» нэгъуэщIхэр. 
Илъэс куэд лъандэрэ Дзэмыхьыр щытщ КъБКъУ-м доктор лэжьыгъэхэр пхыгъэкIынымкIэ и Диссертацэ советым и унафэщIу. ЦIыхубэм я дзыхь кърагъэзу, Къасболэт мызэ-мытIэу хахащ КъБР-м и Парламентым и депутату. 2019 гъэ лъандэрэ Дзэмыхьыр КъБР-м и Парламентым Хабзэхэр зэхэлъхьэнымкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэщ. 
КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: