Лэжьыгъэм пащэ

 «Коммунальнэ ухуэныгъэхэр егъэфIэкIуэн» къэрал Iуэхум хыхьэу  «УхуэныгъэщIэхэр» лъэпкъ проектыр ягъэзащIэу, Бахъсэн къалэм и уэрамиплIым щызэрахъуэкIынущ бжьамийхэр. Лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIыну уэрамхэм я кIыхьагъыр зэхэту метр 5539 мэхъу, абы цIыху 2300-рэ щопсэу. 
Мы Iуэху дыдэм ипкъ иткIэ нэгъабэ Дыгулыбгъуей къуажэм щызэрахъуэкIауэ щытащ уэрамищым тес цIыхухэм я деж псы къабзэ зэрекIуалIэ бжьамий километри 4,2-рэ. 
КъищынэмыщIауэ, лъэпкъ проектыр ягъэзащIэу Бахъсэн къалэм хиубыдэу щIыпIэ метр зэбгъузэнатIэ 4300-рэ къагъэщIэрэщIэжыну еувэлIэнущ дяпэкIэ. Апхуэдэу, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым щыщ Iыхьэ, «Строительный» уэрам хадэ цIыкIум елэжьын щIадзэнущ. ЗэрыжаIэмкIэ, абы трагъэувэнущ кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэр, тетIысхьэпIэхэр, лъэс лъагъуэм плиткэ иралъхьэнущ, уэздыгъэ трагъэувэнущ, удз, жыгыщIэхэр хасэнущ. Зи гугъу тщIы уэрам Iыхьэм цIыху 1500 щопсэу, Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш колледжыр, МВД-м Бахъсэн щIыналъэм щиIэ къудамэр, Бахъсэн щIыналъэм и прокуратурэр, ЦIыхухэр лэжьыгъэкIэ къызэзыгъэпэщ IуэхущIапIэр тетщ, махуэ къэс цIыху мин бжыгъэхэр щызэблокI. 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: