НОБЭ

ЩIышылэм и 29, махуэку
Ядернэ зауэр мыдэным цIыхухэр хузэщIэгъэуIуэным и дунейпсо махуэщ
1833 гъэм
Урысейм щыяпэу Санкт-Петербург къалэм пощт IуэхущIапIэ къыщызэIуахащ. 
1943 гъэм советыдзэхэм Мейкъуапэ, Тихорецк къалэхэр нэмыцэ фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ. 
2001 гъэм КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь КIыщокъуэ Алим дунейм ехыжащ. 
1941 гъэм къалъхуащ критик, АКъУ-м и профессор, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Чэмокъуэ Тыркубий. 
1954 гъэм къалъхуащ балетмейстер, КъБР-м и цIыхубэ артист Думэныщ Iэулэдин. 
                                                                           Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 9 - 11, жэщым щIыIэр градус 0 - 2 щыхъунущ. 
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Гъатхэм тумысар бжьыхьэм къытепхыжыркъым.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

09.11.2026 - 11:23 → НОБЭ
06.11.2026 - 11:42 → НОБЭ
05.11.2026 - 11:25 → НОБЭ
03.11.2026 - 09:00 → НОБЭ
02.11.2026 - 11:03 → НОБЭ