Иджыри зы текIуэныгъэ

Дагъыстэным щыщ бэнакIуэ Махачев Ислъам иджыри зы чемпион бгырыпх къихьэхуащ. 
Американ щIалэхэр зопсалъэ: 
 - Дагъыстэным щыщ щIалэ 50-рэ Нью-Йорк щыщ щIали 100-рэ зэзауэмэ, хэт текIуэнур? 
 - Хьа-хьа-хьа, Дагъыстэнхэм яшхыпэнущ ахэр! Нью-Йорк нэхъ лъэрызехьэ дыдэу дэс щIали 100-р дагъыстэн щIалитхум ятекIуэнкIи хъунщ зэрымыщIэкIэ, ауэ абы щыгъуэми, американхэм я бохъши, вакъи, щыгъыни къыхуагъэнэнукъым. 
 Апхуэдэ хъыбар гъэщIэгъуэнхэм уащрохьэлIэ гъунапкъэ псоми зэпрыкIыф интернетым. Ахэр нэхъыбэж зэрыхъунум и щыхьэту, БэнэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ спортым щэкIуэгъуэм и 16-м Нью-Йорк щригъэкIуэкIа зэIущIэм хьэлъагъ псынщIэмкIэ дунейпсо чемпиону иджыри къэс щыта, Дагъыстэным щыщ, лак лъэпкъым къыхэкIа Махачев Ислъам Австралием щыщ Мадалленэ Джек Деллэ щытекIуэри, хьэлъагъ курытымкIи дунейпсо чемпион хъуащ. Нурмагомедов Абдулманап фIыкIэ зыщыгугъ гъэсэнхэм язу къекIуэкIащ Махачевыр. «Сэ иджыри зы дунейпсо чемпион диIарэт жызоIэ, Хьэбиб зэрымыщIэкIэ текIуэныгъэр къихьауэ къащымыхъун, дэ хабзэ пыухыкIам тет гъэсапIэ хуэдэу дызэрызэхэтыр къагурыIуэн папщIэ. Сызыщыгугъри Махачевырщ, ар уеблэмэ зыгуэрхэмкIэ Хьэбиб нэхърэ нэхъыфIщ», - жиIауэ щытащ Абдулманап. Иджы щIалэр Нурмагомедов Хьэбиб и нэIэ щIэту, абы и гупым хэту, спорт утыкушхуэм итщ. Iыхьитхуу зэхэта бэнэгъуэ пIалъэм Австралием щыщ бэнакIуэм зы Iэмали къыщыхуэгъэщхьэпакъым, ар Махачевым текIуэнкIи хъуну гурыщхъуэ пщIын хуэдэу. Дагъыстэн щIалэр зэрытекIуар наIуэ щыхъуа дакъикъэм, Хьэбиб и ныбжьэгъум и дамэ зырызым бгырыпх хьэлъитIыр трилъхьэщ, езым ар и пщэм дигъэтIысхьэри, утыкум къыщрихьэкIащ. Зэрыхабзэу, «Россием щыщ щIалэр БэнэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ дунейпсо чемпион зэрыхъуам, ар иджыри къэс чемпиону щыта Мадалленэ зэрытекIуа» хъыбарыщIэр зэбгрылъэтыкIащ. 
 Пэжыр жыпIэмэ, мы спорт къудамэм цIыхухэр зэрыдихьэхыр гъэщIэгъуэнщ, апхуэдизкIэ ар гущIэгъуншагъэм, цIыхум удын едзыным тещIыхьащи. ИтIани, къару зэраIэм нэмыщI, гъэсэныгъэрэ цIыху хэтыкIэ зэпIэзэрытрэ зыдэплъагъу дагъыстэн щIалэхэр куэдым щапхъэ яхуохъу. Ахъшэр – къарууэ, къарур – ахъшэу щыщыт лъэхъэнэм фадэм и бий, адэ-анэр зылъытэ, унагъуэм и уасэр зыщIэ апхуэдэ цIыху утыкум итыным мыхьэнэшхуэ иIэщ щIалэгъуалэм я дежкIэ. Мы щIалэхэр инджылызыбзэкIэ зэрыпсалъэм и фIыгъэкIэ, лъэпкъ куэду зэхэт Урысейми Кавказми ятеухуауэ куэд къыщащIащ дунейм. Ди щIыналъэм щыпсэухэр зэрымыхьэщхьэрыIуэр, щIэныгъэми гъэсэныгъэми къалъыс увыпIэр зэрыщаубыдыжыфыр къагъэлъэгъуащ. 
 Нурмагомедов Хьэбиб корреспондентхэм яз къеупщIат: «Уэ сытым дежи уи адэм утопсэлъыхь, сыт ар апхуэдизрэ къыщIыхэбгъэщыр?» «Япэрауэ, ар си адэщ, ди диным унафэ къытхуещI адэм пщIэ хуэтщIыну. ЕтIуанэрауэ, аращ сэ цIыху къысхэзыщIыкIари мы сыздынэса лъагапIэм сынэзыгъэсари. Куэдрэ къызжиIэрт: «Чемпион ухъун ипэкIэ, цIыху умыхъуу хъунукъым. ЦIыху мыхъуа спортсмен къарууфIэм и зэраныгъэшхуэ цIыхухэм екIынкIи хъунущ, абы къыхэкIыу, псом япэ гъэсэныгъэрэ щIэныгъэрэ зэгъэгъуэт». 
 «Абдулманап тренер хуэдэутэкъым дэ къызэрыдбгъэдэтыр, - игу къегъэкIыж Махачев Ислъам, - адэм хуэдэут. Куэдрэ уи Iуэхухэр щызэхуэмыхъу, фIэгъэнапIэ къыщыпхуагъуэт къыпхуохуэ Дагъыстэным. Абдулманап къыджиIэрт: «Фи Iуэху зыIутыр къызжефIи, сэ псори зэфIэзгъэкIынщ, фэ фи къалэныр зыщ – спортзалым зыщывгъэсэныр». 
 Махачевыр чемпион тIуащIэ зэрыхъуам и хъыбарыр иджыри и гуащIэгъуэм икIакъым. Нэхъ пасэу Трамп Дональд жиIэгъауэ щытащ США-м и тетыгъуэр щылажьэ Унэ Хужьым БэнэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэIущIэ щригъэкIуэкIын хуэдэу. Махачевыр утыкум къыщикIыжым, ар ягу къагъэкIыжа хъунти, игу зэрыхэхъуэм и щыхьэтхэм язу къыжьэдэхуащ: «ИIэ, Трамп Дональд, сынокIуэ, Iух Унэ Хужьым и бжэр!» КъызэрыщIэкIымкIэ, а псалъэухари здынэсыпхъэм нэсауэ, цIыхухэм нэгузыужьым зыхуагъэхьэзыр. Ауэ Нурмагомедов Хьэбиб жиIащ: «Си щхьэкIэ, сыхуейкъым Ислъам Унэ Хужьым щызэуэну». Сыт щхьэкIэ? А упщIэм и жэуап щIалэм иритын идакъым, ауэ бысымым ущыгугъышхуэ зэрымыхъунур хэти ещIэ. «Унэ Хужьым, япэрауэ, Махачевым къыдэщIхэр щIагъэхьэнукъым. ЕтIуанэрауэ, Унэ Хужьырщ дунейм мыхъумыщIагъэрэ гущIэгъуншагъэу щекIуэкIым епха унафэхэр къыщащтэр. Ещанэрауэ, цIыхушхуэхэм я пащхьэм пщылIхэр щагъэджэгу, хьэ щызэрагъэшх, адакъэ щызэрагъэзауэм ещхьу, сыт американ къулыкъущIэхэм ди щIалэхэр зэштегъэупIэ щIахуэхъунур», - жаIэ екIуэкIым кIэлъыплъхэм. 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: