Зэманыр псы уэрщи йокIуэсыкIЗауэмрэ абы къыкIэлъыкIуа илъэсхэмрэ къызэрымыкIуэу зэрыхьэлъар фIы дыдэу ящIэж ар зи нэкIэ зылъэгъуахэм. Абыхэм ящыщщ зауэм ипэкIэ унагъуэ дахэу Инарыкъуей жылэм дэса Шыдакъхэ Алийрэ КIунэрэ я пхъуищри. Абыхэм я гъащIэр къызэрекIуэкIам дыщегъэгъуазэ ЗэрамыщIэ Маринэ.
Быным я нэхъыжь Къарэ (Тумэхэ я нысэщ) и ныбжькIэ илъэсийм итащ абы щыгъуэ, курыт Марие (МэшпащIэхэ я нысэщ) - илъэсиплIым, нэхъыщIэ Таузин (Ныбэжьхэ я нысэщ) мазий фIэкIа мыхъуауэ IэплIэрысу ирихьэлIащ. Шыпхъу нэхъыжьхэм IупщIу я нэгум щIэкIащ Курп лъагапIэхэм деж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэри, нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр жылэм къыщыдыхьа махуэри, цIыхугъэрэ цIыхугъэншагъэу цIыхухэм къалъыкъуэкIауэ щыта куэди. Ахэращ зытеухуар Марие и гукъэкIыжхэр.
ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм Мэрзейхэ я лъэпкъым гуауэшхуэ къатепсыхауэ щытащ: гъащIэщIэм фрибийщ, «фыкулакщ» жаIэри, зы жэщым лъэпкъым щыщ цIыхухъу 17 дашат. А зэманым и гудзэм дипIытIахэм ящыщщ мы зэшыпхъуищым я анэ КIунэ и адэ Мэрзей Къарэмырзи. Налшык тутнакъым здисым, абы и пхъуитIыр лъагъунлъагъу кIуат адэм деж. Гъуэмылэ хуахьари Iахри, жыжьэуи Iуагъэплъат. Анэр пасэу щащхьэщыкIым, адэ закъуэрат абыхэм гугъапIэуи плъапIэуи къахуэнар. Абы къыхэкIыу бынхэр иджыри щыгугъырт адэр хей ящIыжыну. АрщхьэкIэ зылъэмыIэсыну хъуэпсапIэт ар - аргуэру лъагъунлъагъу щыкIуэм, гъэрхэр зыхъумэм мыжурапэмкIэ адэм и щIакIуэ кIапэр къыщIигъэджэрэзыкIри къажьыхэлъат а тIум: «АфIэкIа фыкъэмыкIуэ, флъагъурэ мыр - фи адэм и хьэдэращи, зыIуевгъэх мыбдеж…».
А зэманым псэукIэщIэм и бий зыфIащахэм я бынхэри щагъэкIуэд къэхъурти, илъэс 16 фIэкIа мыхъуа КIунэ псынщIэу лIы ирату и хъыджэбз унэцIэр хузэрахъуэкIыну яужь ихьащ Iыхьлы гъунэгъухэр. Апхуэдэу ар щхьэгъусэ хуэхъуащ илъэс 17 фIэкIа зимыныбжь Шыдакъ Алий. Гузэвэгъуэм зэридзылIахэр, я ныбжькIэ щIалэ дыдэми, я акъыл зэтехуауэ, зэгурыIуэ-зэдэIуэжу псэун ирагъэжьащ. КIунэ зауэр къэхъеихункIэ колхоз губгъуэм IэпщэкIэ лажьэу итащ, Алии гурэ шырэ иIыгъыу абы хэтащ. Зауэ къэблагъэм и хъыбар нэхъ зэпхыжаIыкI щыхъум, къуажэм щыщ куэдыр КъалэкIыхь кIэнауэтI ягъакIуэу щIадзащ. Ар къэрал унафэти, ебакъуэ хъунутэкъым. Абы хиубыдащ Алий. Куэд дэмыкIыуи Хэку зауэшхуэр къэхъеящ. 1942 гъэм мазаем и 20-м Алий зауэм кIуащ, зэман дэкIри, щхьэгъусэм щхьэкIуэ тхылъыр къыIэрыхьащ.
Марие зэрыжиIэжамкIэ, нэмыцэхэр я жылэм щыдыхьа махуэм дуней псор зэщIэвууэ макъышхуэ гуэрым зэщIищтат. А зэманым абыхэм я унэр жылэм дэтхэм къахэщырт и инагъкIэ, арат зэрыбыныр къыщIахуу, ар нэмыцэхэм штаб щIащIари. Иужьым ар къыщIагъэуари арат. Лъапсэр псы ирагъэжыхьыжам ярейт.
Нэмыцэр къыщысам, шыгъуэгум дэкIуэу щIытI кIыхьышхуэ къатIауэ абы зыщагъэпщкIурт зэшыпхъухэм. АрщхьэкIэ зэгуэрым «кIэдыкъуакъуэм» абы топышэ къытригъэлъалъэри, зэшыпхъухэм я нэхъыжь Къарэрэ абыхэм я Iыхьлы нысащIэмрэ иукIыным зымащIэщ иIэжар. ЩIы къателъэлъэжам щIихъумэжыпат ахэр, къыщыщIалъэфыжам псэужу щыгугъахэтэкъым. Ауэ, я насыпти, къелащ.
Марие зэрыжиIэжымкIэ, нэмыцэхэр пщIантIэм дэсыхункIэ джэд-къазыр, гъэтIылъыгъэу яIэр яшхащ. Уеблэмэ нэмыцэхэм зыгуэр япщэфIынумэ, унэ блынхэм кIэрыIулIа пхъэбгъухэр къыкIэратхъыурэ гъэсын ящIу дэсащ.
Грознэ щIыдагъэм хуеIэ нэмыцэхэр къагъэувыIэн папщIэ, зэхэуэ гуащIэхэр Курп лъагапIэхэм деж щекIуэкIат. Гужьеигъуэр зылъэIэса цIыхухэр щхьэрыхьу зэбгрыкIырт, щхьэж и гъуэгу и занщIэу. Марие и гукъэкIыжым щыщ: «Зы гу цIыкIум унагъуищ ису, хьэпшыпымрэ гъуэмылэмрэ тIыгъыу дэри ди анэм дришэжьат абы щыгъуэм. Ди анэм и гъусэт и мылъху гуащэ Быбэ, езым и бынищыр щIыгъужу. Апхуэдэуи Быбэ къыздришэжьат зауэм дэкIа и дэлъху Исмэхьил и бынитхури. Ахэр анэншэу унэм къыщIэнат. Топышэм иукIа и нысэм и бынхэр абы дэнэ ихьыжынт?! Сабий пщыкIуз дыхъуу апхуэдэу драшэжьащ. Ди анэм сыт гъуэмылэу иIыгъар жыпIэмэ, зы псы фэндырэрэ щIакхъуэ ныкъуэрэт...».
Арати, АрыкъымкIэ щхьэпрыкIри, ХьэпцIей жылэм ухуэзышэ гъуэгум ахэр теуващ. Сабий IэплIэрысхэр гум ист, кIуэфыр - лъэст. ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуауэ, ХьэпцIей жылэм нэса иужь, ябгына зы унэ къагъуэтри, жэщыр абы щрахыну мурад ящIащ. МафIэ ящIамкIэ сабийхэм зыгуэр тIэкIу хуагъэхьэзырщ Iуагъахуэри, лъэгум щрагъэгъуэлъыкIащ. Жэщым Марие и щэIу макъ къэIуащ. Анэр гужьеигъуэкIэ быным щыщхьэщыхьэм, пхъур къыхуэмыцIыхужыну зэщIэбэгат. Гъуэгум гугъу щехьа сабий тхьэмыщкIэм и Iэпкълъэпкъыр зэрыщыту зэщIэбэгауэ арат… Нэху къекIри, сабий гукъыдэмыжыр гум ирагъэгъуалъхьэри БолэтейкIэ яунэтIащ. Абыхэм я плъапIэр Марие и анэм и адэ шыпхъу КIэнцIэлий КIулэ и деж екIуэлIэнырт. Ар и пщыкъуэ КIэнцIэлий Темболэт щыпсэурт.
Я псэр пыт къудейуэ ахэр Болэтей нэсащ. Мазэм щIигъукIэ зэрыбыныр КIэнцIэлийхэ я жьэгу дэсати, къыхуэгуэпащ, зы хьэлу Iыхьэр зэдагуэшу, КIулэ и бынхэр - ТIушкIэрэ Людэрэ - сабийхэм джэгуэгъу къахуэхъуауэ зэхэсащ. Зы мазэ хуэдиз дэкIауэ нэмыцэхэр я жылэм зэрыдахужам и хъыбар зэхахащ абыхэм. Куэд дэмыкIыуи Быбэм и бынхэр щIыгъуу къуажэм къигъэзэжащ. КъызрихьэлIэжар лъапсэ нэщIт – ущыпсэу хъун унэ итыжтэкъым, топышэм ирихат. Сабий къомыр дэнэ ихьынт цIыхубз тхьэмыщкIэм? Тридзэри, Инарыкъуей ЦIыкIу щыпсэу я благъэхэм и щхьэр ирихьэлIащ. Шыдакъхэ иужькIэ здекIуэлIэжари абыхэм дежщ.
Хамэ унагъуэр гугъу зэрырагъэхьыр къытехьэлъэрт. Арати, фызабэ къарукIэ лъапсэ зэтекъутар зэригъэпэщыжыну КIунэ еувэлIащ. КIунэ къыкъуэуващ и нысэгъу КIулмэ. Къуажэм къыдэнэжа цIыхухъу закъуэтIакъуэр къапэIэбэурэ, пэш тIурытI хъу унэ кIыхь пщIантIэм дащIыхьыжри, зауэр иухыу дунейр зэтеуIэфIэжыху абы щIэсащ. Хуэмурэ дунейр нэхъыфI къэхъужри, унагъуэ зырызу тIысыжауэ щытащ иужькIэ. Хэку зауэшхуэр ди ТекIуэныгъэкIэ иухат. Ауэ унагъуэхэр зэхуэмыдэу абы ирихьэлIат. Хэти гуIэрт, хэти гуфIэрт. ИтIани, зауэр иухати, я нэпсыр щIалъэщIыкIыу мамыр гъащIэм пэрыхьэжащ цIыхубэр. Иджы колхоз губгъуэм нэхъыбэу иплъагъуэр фызабэхэмрэ абыхэм я сабий ныкъуэхъухэмрэт. Зи цIыхухъу къэкIуэжам я унагъуэхэм нэхъ псынщIэу зыкъаужьыжат. Мыгъуагъэ мыухыжыр зылъысар фызабэ тхьэмыщкIэхэрати, зы щIэгъэкъуэни ямыIэу, къытралъхьэр я хьэлъэу, быным къахэжэпхъыкIыр анэм бгъурыту зэман хъыжьэм и бжьы хьэлъэм щIэтт. Быным къахэжэпхъыкIа Къари псынщIэу бгъурыуващ и анэм. Зыкъомрэ губгъуэм щылэжьауэ, колхозым и Iэщ фермэхэр къыщызэрагъэпэщыжым, Къарэ жэмышу абы тесащ унагъуэ ихьэхункIэ.
Нэхъ ипэIуэкIэ, зауэр иджыри къэмыхъей щIыкIэ, Марие и ныбжьыр илъэситIым нэсауэ, и анэм губгъуэм здыдихат. ЩхьэкъэIэтыпIэ ямыIэу цIыхубзхэм хьэуазэхьэвэ ящIырт, щIэп къахырт, IэкIэ гъавэр кърахьэлIэжырт. Сабий зекIуагъащIэ здыдаххэр кумб цIыкIу къатIырти, абы ирагъэтIысхьэрт, я Iэ цIыкIухэр ялъагъуу къищу. Марии апхуэдэу пщэдджыжьым кумбым и анэм иригъэтIысхьат, езыр хьэсэм щылэжьэн хуэдэу. Шэджагъуэ зыгъэпсэхугъуэм къыхэкIмэ, и пхъур бгъуэтмэ къащтэ - кумбым исыжтэкъым. Сабий кIуэдам лъыхъуащ псори зэрехьэжьэри. ПщыхьэщхьэхуэкIуэ хъуауэ щIэп лъэдакъэм и щхьэфэр трилъэфауэ, сабийм къежэх лъыпсым гъудэ-бадзэр къепщIауэ къагъуэтыжауэ щытат.
Нартыху кIэчанитIым анэр текIуэдэнкIэ шынагъуэ щыщыIари абы щыгъуэщ. Алыхьым гущIэгъу къахуищIыжат зэрыбыным. Шыпхъу нэхъыжьымрэ анэмрэ щхьэкъэIэтыпIэ ямыIэу губгъуэм итт. Иджыри сабий дыдэми, Марие унагъуэ къалэнхэр абдеж къыщыжьэхэуащ. Абы къыдэIэпыкъурт пщIантIэм къадыдэс, и анэм и нысэгъу нэхъыщIэ КIулмэ. Ауэ ари губгъуэ лэжьыгъэм къыдэхуэу щыдэсыр зэзэмызэххэт. Шэнт цIыкIур хьэкум кIэригъэувэрэ мэжаджэ яхуигъажьэу, джэд-къаз тIэкIу зэрагъэпэщыжам псырэ шхынрэ яриту, шыпхъу нэхъыщIэ Таузини кIэлъыплъу пщIантIэхъумэу ар дэст. «Марие илъэс 13-м иту колхозым хыхьат. Iэпыдзлъэпыдзу, зэрыжаIэу, хухьэ-псыхьэу нэхъыжьхэм ар яIащ япэщIыкIэ. ИужькIэ гъавэ дыхисащ и анэм. Анэм и узыншагъэр зэрымыщIагъуэр ищIэрт, арат пщащэр зыщIыщымысхьыжыр. Ауэ… илъэс 50-м фIэкIа къудейуэ ар дунейм ехыжат.
Зэшыпхъухэм я анэ КIунэ IэпэIэсэт: дэнбзэнми хэдыкIми хуэIэрыхуэт, уагъи хуэщIырт. «Анэм и Iэгъуапэр пхъум и пщампIэщ» - жеIэ псалъэжьым. Зы махуи а IэщIагъэм хуемыджауэ, Марие иужькIэ дэрбзэр Iэзэ хъуащ, илъэс куэдкIи абы ирилэжьащ. И анэр жылэм яхуэдэу, зи ишэгъуэ пщащэхэм я тепIэн-щIэлъыныр яхуигъэхьэзыру, «КIунэ имыдамэ зырикIщ», - жаIэу а цIыхубзым и цIэфI къуажэм щыжаIэу щытащ зэман кIыхькIэ. А зэманым псэуа фызабэхэм я бынхэр къэхъуащ бэшэчу, лэжьыгъэм зыкIи щымышынэу, тэмакъкIыхьу, цIыхугъэрэ нэмысрэ яхэлъу.
Мэрзейхэ игъащIэми лъэпкъыжьу, уэркъ-лIакъуэлIэшу къэгъуэгурыкIуащ. Абы къокI а лъэпкъым щыщхэр гъэсэныгъэкIи, ябгъэдэлъ акъылкIи, яIэ гупсысэкIи дапщэщи нэхъ хэIэтыкIауэ зэрыщытар. Совет властым щысхьыншэу зэтригъэсхьа лъэпкъым и къуэпсыр иужькIэ хуэму къыдэжыжри зыкъиужьыжащ. Бзылъхугъэр ин зыщI, зыгъэдахэ хьэл-щэнхэр хэлъу гъащIэм кърикIуа Шыдакъ (Мэрзей) КIунэ (мыбдежым жыIапхъэщ абы и анэ Лафыщ Лани уэркъым къазэрыхэкIар) хузэфIэкIащ и пхъуищыр а псом щIипIыкIын, дахэу игъасэу гъащIэм хигъэувэн. Зэманыр псы уэрщи йокIуэсыкI. ГъащIэ къакIуам и IэфIи и дыдж куэди зэдагуэшащ зэшыпхъухэм.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 15:13 →
ЗэщIыгъуу ирагъэкIуэкIащ
08.11.2026 - 13:12 →
Бекъул Миланэ УФ-м плIэнейрэ и чемпионщ
08.11.2026 - 10:08 →
ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм
07.11.2026 - 13:07 →
ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ
07.11.2026 - 11:18 →
ЩIалэгъуалэр хэкупсэу къэхъуным толажьэ
| ||




