«Налшык къалэ хуиту, дахэу, щхъуантIэу икIи ущыпсэуну тыншу щытын хуейщ», - жиIауэ щытащ ди УнафэщI КIуэкIуэ Казбек, илъэсыщIэр къихьэн и пэ екIуэкIа эфир занщIэм.
ЦIыху псори фIым хущIокъу, ауэ щхьэж къигъэщхьэпэр езыр зыхуэIэрыхуэ Iэмалырщ. Арагъэнщ илъэсыщIэ дэсыгъуэм техуэу, Къэрэшейм и цIэр зезыхьэ уэрамым ирикIуэ гъуэгур нэхъ бгъуэ ящIын мурадкIэ, жыг зыбжанэ ираупщIыкIын хуей щIэхъуар. Зи гугъу тщIыр Дэшхуей хадэм и гъунэм ирикIуэ лъэс лъагъуэм екIуэкI жыгышхуэ сатыритIырщ. Узыпэплъэн хуейр арати, цIыхухэм ар я гуапэ зэрымыхъуар къагъэнэIуэн щIадзащ, хъыбар зэпыщIапIэхэм я Iуэху еплъыкIэр къыщагъэлъэгъуащ, уеблэмэ жыгхэр изыупщIыкIхэм япэувыпаи къахэкIащ. Абыхэм я тегъэщIапIэ нэхъыщхьэр къалэм и дахагъым зэрыхэщIырт. Псом хуэмыдэу, зи сабиигъуэр абдежым щыкIуахэр арэзытэкъым машинэхэм я хьэтыркIэ лъэсрызекIуэм и хуитыныгъэр зэрыпаубыдыр. Я тегъэщIапIэри IупщIт: япэрауэ, мы уэрамым апхуэдиз машинэ щызэтрихьэркъым. ЕтIуанэрауэ, игъащIэм щхъуантIагъи асфальти зымылъэгъуа уэрамхэр щыIэу, гъуэгухэр махуэ къэс щIызэхэптIыхьын щыIэкъым.
А псом щыгъуазэ ящIа КIуэкIуэ Казбек и унафэр зэрихъуэжар хэIущIыIу щищIащ и интернет напэкIуэцIым: «Налшыкдэсхэм Къэрэшейм и цIэр зезыхьэ уэрамым жыгхэр зэрыщраупщIыкIыр яфIэмыфIу, зыкъызэрысхуагъэзам къыхэкIыу, лэжьыгъэр къагъэувыIэну унафэ сщIащ. Къэна жыгхэм я гугъу ящIынукъым, ираупщIыкIахэм я пIэм жыгышхуэхэр ирагъэувэжынущ. ДяпэкIэ ящIэнур яубзыхун папщIэ, щIышылэм и 7-м Налшык и къалэтетыр цIыхубэм яIущIэнущ».
Налшык и къалэтет Ахъуэхъу Таймураз иригъэблэгъащ Iуэхум тепсэлъыхьыну гукъыдэж зыщIахэр. ЗэIущIэр Iэмалыншэ щIэхъуар зи гугъу тщIы уэрамым и закъуэтэкъым, атIэ ар зэфIэкIмэ, Байсултановым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет щхъуэмч (каштан) 36-р ираупщIыкIыну зэрамурадырт. КъызэрыщIэкIамкIэ, мы щытыкIэми цIыхубэмрэ унафэр зыIэщIэлъхэмрэ хэкIыпIэ къыхуагъуэтащ. «Налшык хъыбархэр» каналым зэритхыжамкIэ: «Ахъуэхъу Таймураз цIыхухэм яIущIа нэужь, Къэрэшейм и цIэр зезыхьэ уэрамым жыгхэр афIэкIа щрамыупщIыкIыну, езыри машинитI фIэкIа щызэблэмыкIыу къагъэнэну (машиниплIым хуамыгъакIуэу) зэгурыIуахэщ. ЩIышылэм и I2-м Байсултановым и цIэр зезыхьэ уэрамыр зыхуей щыхуагъазэкIи, лъэныкъуитIымкIэ тет щхъуэмч жыгхэм зэрыхъукIэ емыIусэну унафэщIхэм цIыхухэр къагъэгугъащ».
Тхьэмахуэ блэкIам къалэ администрацэм зэIущIэ иригъэкIуэкIри, ирамыупщIыкIыу мыхъуну щхъуэмчхэм я бжыгъэр 9-I0-м хуагъэкIуауэ къыщIэкIащ.
Къэгубжьаи теужаи мы Iуэхум зэрыхэтам хуэдэу, уи гуапэ мыхъуу къанэркъым налшыкдэсхэм щыхьэрым и теплъэр къазэрыфIэIуэхур.
Дэшхуей хадэр цIыхухэм я зыгъэпсэхупIэ къудейуэщ дэ къызэрытщыхъур. Ауэ щыхъукIэ, абы тхыдэ гъэщIэгъуэн иIэщ, къат-къату зэтету. 1936 гъэм Дэшхуей хадэм иубыд щIыр КIэрэф Къамболэт щылажьэ селекцэ станц ящIауэ щытащ, «алыдж дэ» щагъэкIыу. «1940 гъэм дейхэр иджыри лъахъшэт, - етх «ФIыуэ тлъагъу ди Налшык къалэ» напэкIуэцIым. – Абы къыхэкIыу, къалэдэсхэм абдежым кIэртIоф щащIэу щытащ».
Зэманышхуэ дэкIащ европей щэнхабзэм «алыдж» плъыфэцIэр пыту щызекIуэ дэр ипэжыпIэкIэ «адыгэ дэуэ» зэрыщытыр къэтщIэху. Ауэ иджыпсту дызытепсэлъыхьыр аракъым. Ныбжь зиIэхэм ящIэжу жаIэ мы хадэр щIэныгъэлIхэр щылажьэ, КъБКъУ-м и хъупхъэхэх станцу щытыху, гъущI чыданэкIэ къэхухьауэ, цIыхухэр дамыгъэхьэу зыкъомрэ зэрахъумар.
1968 гъэм хадэм БжэIумых Хьид и IэдакъэщIэкI, Хэку зауэшхуэм хэкIуэда комсомол щIалэгъуалэм я фэеплъ, нобэ псори «Фантомас»-кIэ зэджэр ирагъэуващ, уеблэмэ езы хьэблэр а цIэ лейм къытенауэ йокIуэкI. Ауэ куэдым ящIэркъым Мейкъуапэ щэнхабзэм и Iыхьэшхуэ мы хадэм зэрихъумэр. «Илъэс мин бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ къэунэхуа Мейкъуапэ щэнхабзэм и Iыхьэшхуэ хеубыдэ Дэшхуей хадэм, - щетх туристхэм папщIэ гъуэгугъэлъагъуэхэр зыгъэхьэзыр интернет хэщIапIэхэм я зым. – Мейкъуапэ и Iэгъуэблагъэм япэ шэрхъыр къыщагупсысауэ хуагъэфащэ. Мыбдеж дыдэми тщIэркъым япэу шэрхъ зыщIэт гухэр дунейм щытехьар. Мы паркым и лъабжьэм щIэлъащ мывэ кхъэлэгъунэшхуэ. 1968 гъэм ар къыщIахри, Лъэпкъ музейм и пщIантIэм яхьащ».
Къэрэшеймрэ Шортэнымрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм унэхэр щытрагъэувэм щыгъуэ, РСФСР-м и коммунальнэ хозяйствэм и унафэкIэ, 1975 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м щIыпIэм хабзэкIэ «Дэшхуей уэрам хадэ цIыкIу» фIащауэ щытащ.