Щхьэ куцIым и зэфIэкIхэр

Махуэ къэс ди нэгум щIокI Iуэхугъуэ зэщхьэщыкIхэр. Щхьэм идубыдэнумрэ тщыгъупщэнумрэ акъылым зэхегъэщхьэхукIыж. Языныкъуэхэм деж блэкI мыхъуну Iуэхугъуэхэр дигу къокIыж, къохъур дызыхуэмыныкъуэ гупсысэ мыфэмыц гуэрхэр ди щхьэм къинэурэ щыкIэрахъуэ е хъыбарыпцI гуэрхэр ткIыщтэн хуейуэ къыщытхуихуи къохъур. ГъэщIэгъуэнщ акъылым и зыщIыкIэр, дигу идубыдэ-идмыубыдэхэм тепщIыхьмэ. Абы теухуауэ щIэныгъэлIхэм къахутащ гъэщIэгъуэнхэр. 
ЦIыхум и акъылым зы хъыбар е гупсысэ гуэр игъащIэ псокIэ иIыгъыфынущ, абы щыгъуэми а щхьэм илъ хъыбарыр нэсу хузэмыгъэзахуэу. Абы и щхьэусыгъуэщ Iуэхугъуэ гуэрыр уигу къэбгъэкIыжыху гупсысэм деж зыгуэрхэм зэрызыщихъуэжым – е кIэрохуIа, е къыхохъуэ. 
ЦIыхум и акъылым хъыбар щхьэхуэр зэрирыубыдэр лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщокI: пIалъэ кIэщIкIэ, пIалъэ кIыхькIэ, махуэ къэс къигъэсэбэпурэ. 
ЦIыхум зэхиха хъыбарыр е илъэгъуар егъэлеяуэ игъэщIэгъуамэ, дауи, ар нэхъ иреубыдэ игуми и щхьэми. Мыри гъэщIэгъуэнщ: пщIыхьэпIэм мыхьэнэ хэха иIэщ цIыхум нэхъыбэ и щхьэм ириубыдэу есэнымкIэ.
ЦIыхум зыгуэр игу къэкIыжыным куэду холIыфIыхь макъамэр. Уеблэмэ тыншу зи гум изымубыдэфIахэми макъамэр сэбэп яхуохъу къащIэжынIамкIэ. Сыту жыпIэмэ, макъамэм зэуIуу къызэIуех щхьэ куцIым и Iэмал зыбжанэ. 
ПIалъэ кIыхькIэ я щхьэм къинэн хуей гупсысэм сабийхэм я акъылыр елэжьу щIедзэ илъэситI-щым щегъэжьауэ. ИлъэситI иримыкъуа сабийм илъэгъуар е зэхихар зэман кIыхькIэ хуэхъумэркъым. 
ЦIыху акъылыр япэкIи маплъэ икIи зоплъэкIыжыф. ТIум щыгъуэми лажьэр щхьэ куцIым и нейрон зэхуэдэхэрщ.
Фадэр, афианыр, наркотикхэр зэран хуохъу акъылыр нэсу лэжьэным, щхьэ куцым ириубыдэнIам. Ахэм щхьэ куцIым и нейронхэр зэщхьэщаху. 

ЦIыхум гукIэ зэригъэщIэнIа хуей хъумэ, нэхъ тыншу и гум иреубыдэ ар зэгуэр зыщыгъуазэу щытамэ. Ауэ щыхъукIи, уи щхьэм нэхъыбэ къинэным зыхуэбгъаси мэхъу, ерыщу абы пылъхэм зыхуэзыгъасэхэм ехъулIэныгъи къагъэлъагъуэ. Уеблэмэ хъыбарыр нэхъыфIу я щхьэм ираубыдэнымкIэ зэпеуэ ирагъэкIуэкIыуи къаублащ. Апхуэдэ зэпеуэхэр XX лIэщIыгъуэм и кIэухым куэдрэ ирагъэкIуэкIырт. I99I гъэм щхьэм хъыбарыр е гупсысэр нэхъ щIэхыу ириубыдэнымкIэ япэ чемпионатыр екIуэкIауэ щытащ. А гъэм щегъэжьауэ, илъэс къэс а зэпеуэм пащэ. Абы хэтхэм нэхъри хагъахъуэ я зэфIэкIхэм. Псалэм папщIэ, яхэтщ дакъикъэ 15-м къриубыдэу бжыгъэ 1168-рэ зи гум изубыдэфа. «Пи» бжыгъэм и дамыгъэ нэхъыбэ зэпыгъэувэнымкIэ мы зэманым бжьыпэр иIыгъщ япон Харагучи Акире. Абы и гум ириубыдащ дамыгъэ 111 700 - рэ. 
Дунейм тетщ я щхьэм егъэлеяуэ куэд ираубыдэфын зэфIэкIыр зыхэлъу къалъхуахэри. Апхуэдэхэм «саванткIэ» йоджэ. Саванту щытащ «Человек дождя» фильмыр зытращIыкIауэ щыта Пик Ким. Тхылъ щхьэхуэм ит псалъэ мин 12 зыри димыгъэхуу гукIэ жиIэжыфырт абы. Ауэ щыхъукIэ, и IQ тестым къигъэлъагъуэр балл 87-рэт. 
Куэдрэ къохъур егъэлеяуэ куэд зи щхьэм изубыдэхэр гъащIэм гугъу щехьу. Псалъэм и хьэтыркIэ, я гъащIэм щыщ махуэ щхьэхуэ гуэр зэтещыпыкIауэ я нэгу къыщIагъэхьэжыфынущ. Апхуэдэу я щхьэм къридзэж махуэр бгъэвыну мытыншмэ - щэ…
Щхьэ куцIым и узыншагъэр гулъытэ хуэныкъуэщ, зыхуэсакъыпхъэщ. Жейр, шхын узыншэр, Iэпкълъэпкъыр зэщIэгъэкIыныр абыкIэ щхьэпэщ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: