Зи IэщIагъэм и пIалъэр зыщIэЛосэн Хьэмидби КъБКъУ-м электроникэмкIэ, робототехникэмрэ зэхэщIыкI IэрыщIымкIэ и институтым электроникэмрэ бжыгъэ технологиехэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщ. И IэщIагъэм епха щIэныгъэ лэжьыгъэу 40-м нэс итхащ, компьютерым, интернет бэджыхъым, зэхэщIыкI IэрыщIым теухуауэ гупсысэ щIэщыгъуэхэр къыщигъэлъагъуэу. ЩIэныгъэ зэфIэкI лъагэ зиIэ щIалэм иригъаджэхэр зэпымыууэ зэпеуэхэм хэтщ, ехъулIэныгъэхэр къагъэлъагъуэу. И лэжьыгъэм къыпэкIуэуи зыщылажьэ университетым абы мызэ-мытIэу къыхуигъэфэщащ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Лосэным и IэщIагъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ, псом хуэмыдэу нобэ - интернетым утыку зыкъыщищIыпа зэманым.
2008 гъэм къиухащ еджапIэ нэхъыщхьэр. Абы щегъэжьауэ студентхэм яхэтщ, ядолажьэ, я дзыхь кърагъэз. ЩIалэгъуалэм гунэс ящохъу Лосэным и щIэныгъэ бгъэдэлъхьэкIэр.
- Студентхэм уазыхутепсэлъыхь Iуэхур къагурыIуэн-къагурымыIуэныр нэхъыбэу зэлъытар егъэджакIуэращ. НыбжьыщIэхэр щIэныгъэм зэрыдебгъэхьэх хъуну Iэмалхэр умыбэлэрыгъыу къэбгъэсэбэпыпхъэщ, абыхэм уадэлэжьэныр къыхэпхамэ. Псалъэм папщIэ, дэ къытхуохуэ дерсым щытхухаха зэманыр къыщыдэмэщIэкI. Дихьэхауэ студентхэм къызэпкърах Iуэхугъуэхэр зэпыдгъэун хуей мэхъу, ауэ абыхэм я гупсысэр жан щIыкIэ яджмэ нэхъыфIщ дызыхыхьа темэр. Абы щыгъуэми яжызоIэ гукъыдэж зиIэм телефонымкIэ зыкъыспищIэну Iэмал зэриIэр, зыщIэупщIэхэм жэуап естыну сызэрыхьэзырыр, - жеIэ езым.
Псом япэ гулъытэ яхуещI япэ курсым щIэсхэм, ахэр сытым дежи гулъытэрэ чэнджэщрэ нэхъ хуэныкъуэщ.
- Абыхэм ирикъун хуэдизу къагурыIуэркъым еджэныр зэрекIуэкI щIыкIэхэмрэ Iэмалхэмрэ, дерсхэм я мыхьэнэр, лекцэм хуаIэн хуей бгъэдыхьэкIэр. Мис а псом сахутопсэлъыхь, щIэныгъэм и мыхьэнэр къагурызгъаIуэу, еджэным тезгъэгушхуэу. Псом нэхъыщхьэу зыхезгъэщIыкIыну сыхущIокъу къыхаха IэщIагъэм и фIагъыр, абы сытым дежи щIэупщIэ зэриIэр, щIэкъузауэ еджэмэ, лэжьыгъэ IэнатIэ тэмэми зэрагъуэтынур. Щапхъэу къахуэсхьын сфIэфIщ ехъулIэныгъэхэр яIэу ди къудамэр къэзыухауэ щIэныгъэм и пIалъэр зыщIэ, IэнатIэфIхэр зыгъуэта IэщIагъэлIхэр, - жеIэ Хьэмидбий.
Лосэн Хьэмидбий фIыуэ илъагъу IэщIагъэм теухуауэ Iуэхугъуэ куэдым хэтщ, щIэныгъэ лэжьыгъэхэр етх, иригъаджэхэр конференц зэхуэмыдэхэм хуегъэхьэзыр, студентхэм я ехъулIэныгъэхэм щогуфIыкI. Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщу къыхегъэщ езыр зыщылажьэ кафедрэм гъэ къэс къызэригъэпэщ щIэныгъэ конференц иныр. Абы хэтщ дуней псом щыщ щIэныгъэлIхэр. Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкI конференцым кърагъэхь щIэныгъэ лэжьыгъэхэр зэрагъэзахуэ кафедрэм и лэжьакIуэхэми, тхылъуи къыдагъэкIыж. Кафедрэм и студентхэм ящыщу щIэныгъэ зэхуэсышхуэм нэхъыбэу хагъэтыр магистратурэм щеджэхэрщ. Сыту жыпIэмэ, ахэр езыхэр щIэныгъэ лэжьыгъэ йолэжь, ар пхагъэкIын хуейуэ къапэщылъщи, конференцым щыжаIэхэмрэ щагъэлъагъуэхэмрэ куууэ къахуосэбэп.
- Абыхэм нэмыщI ди къудамэм щеджэхэм я гъэсэныгъэм, курыт еджапIэхэм щIэсхэм я IэщIагъэр къыхахынымкIэ сэбэп яхуэхъуным ехьэлIа лэжьыгъэ егъэкIуэкIыныр пщэрылъ къысщащIащи, абы теухуа Iуэху куэди идогъэкIуэкI: олимпиадэхэр, зэпеуэхэр, дерсхэр, зэIущIэхэр. Курыт еджапIэхэм деблагъэурэ ди къудамэм къыщIэтIысхьэмэ, щагъуэтыну щIэныгъэмрэ Iэмалхэмрэ дахутопсэлъыхь еджакIуэхэм.
Ди университетым «Стартап» жиIэу илъэс къэс иригъэкIуэкI зэпеуэ щхьэпэм, ди кафедрэм къыбгъэдэкIыу студентищ хэдгъэхьэ хабзэщ. «Стартап» жыхуэтIэр нэхъапэкIэ щымыIауэ щIэщыгъуэу икIи щхьэпэу зыгуэр къыщыгъэлъэгъуа щIэныгъэ лэжьыгъэхэр щагъэлъагъуэ зы Iуэхущ. Ари егъэлеяуэ IэмалыфIщ ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIыр къэхутэным теухуауэ.
Ди зэманым псом хуэмыдэу къагъэсэбэп зэхэщIыкI IэрыщIым и Iэмалхэр, интернет программэ гугъухэр. ЗэхэщIыкI IэрыщIыр гъащIэм къызэрыхэувэм теухуауэ и гупсысэхэр къигъэлъэгъуащ Лосэным:
- ЗэхэщIыкI IэрыщI жыхуэтIэр сыт хуэдэ IуэхущIапIэми къыщосэбэп. Ауэ зэраныгъэ къимышэуи схужыIэнукъым. Иужьрей илъэс зыщыплIым щIэпхъэджащIэхэм ерыщу къагъэсэбэп хъуащ ар. Псалъэм папщIэ уи цIыхугъэ гуэрым и макъ зэрагъэпэщу къопсалъэу уагъэжакъуэфынущ. Мис апхуэдэ Iуэхугъуэхэм дэ защытхъумэм и мызакъуэу, ди благъэ-Iыхьлыхэри ныбжьэгъу-жэрэгъухэри бэлэрыгъ зэрымыхъунур къагурыдгъэIуапхъэщ.
Интернет программэхэм, зэхэщIыкI IэрыщIым, бжыгъэхэм я Iэмалым къыщыхэхъуэ зэманым абыхэм епха щIэныгъэр къэзыгъэIэрыхуэ, IэщIагъэм и пIалъэр зыщIэ, нэхъыщхьэжращи, щIалэгъуалэм абы теухуа щIэныгъэ езытыф щIэныгъэ лэжьакIуэр ди республикэм папщIэ узыщыгуфIыкIщ. Абыхэм ящыщщ Лосэн Хьэмидбий.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 15:13 →
ЗэщIыгъуу ирагъэкIуэкIащ
08.11.2026 - 13:12 →
Бекъул Миланэ УФ-м плIэнейрэ и чемпионщ
08.11.2026 - 10:08 →
ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм
07.11.2026 - 13:07 →
ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ
07.11.2026 - 11:18 →
ЩIалэгъуалэр хэкупсэу къэхъуным толажьэ
| ||




