Адыгэ кхъуафэхэри хым щызекIуэрт

Хы Iуфэр лъахэ тхуэхъуауэ, ижь-ижьыж лъандэрэ тхыдэм къыпхыкIахэм дащыщщ адыгэ-убых-абазэ лъэпкъ зэрыбынри. 
Адыгэхэр къэтщтэнщи, хыр зекIуапIэ яхуэмыхъункIэ Iэмал яIакъым - абы щыхьэт тохъуэ лIэщIыгъуэхэр къызэзынэкIа тхыгъэжьхэри. ДыкъызытехъукIахэр, кхъуафэкIэ техьэурэ, хым адрыщIкIэ щыпсэу лъэпкъыжьхэм я дежи нэсырт. 
Урысейм и ТхакIуэхэми Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэта, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа Къэрмокъуэ Хьэмид лъэпкъым и тхыдэр, IуэрыIуатэр фIыуэ илъагъуу зэрыщытам и щыхьэту, «ЛIэщIыгъуэхэм я гъуазэ» (адрейхэм я гугъу дымыщIми) фIэщыгъэм щIэту лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр и къалэмыпэм къыщIэкIащ. Абыхэм дахэплъэжурэщ мы тхыгъэ цIыкIур дэри зэрызэхэдгъэувар.
Нарт хъыбархэми къызэрыхэщыжщи, адыгэхэм, «хы тIуащIэм дыхьэурэ», гъуэгуанэ кIыхьхэри зэпачырт, хыдзэлIхэр хым трашэрти, «кхъухь фIыцIэжьхэм» къызэпраш зэуакIуэхэм япэувырт, сату ящIын хуей хъуами, псы абрагъуэм кхъуафэкIэ зэпрыкIырт. Пасэрей адыгэ лъэпкъхэм хыр зекIуапIэ яхуэхъуауэ зэрыщытар куэду къыхощ нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ.
Адыгэхэр хым кхъуафэкIэ щызауэу зэрыщытам и хъыбар зыбжани къэнащ. Абы щыхьэт тохъуэ, псалъэм папщIэ, француз дипломат Мариньи, урыс генерал Бларамберг, француз щIэныгъэлI Монпере, нэмыцэ еджагъэшхуэ Кох сымэ, нэгъуэщIхэри.
Академикхэу Клапротрэ Палласрэ зэратхыжамкIэ, Анапэ деж щыса адыгэпщ гуэрым кхъуафэ зыбжанэ иIащ. «А пщыр къулейт, - етх Клапрот, - сату ищIырт, и кхъуафэ зыбжанэ хым тетт». Адыгэхэм хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр къахуэзышэу щыта гуэрым, Скасси, зэритхыжамкIэ, хы Iуфэм Iуса адыгэпщ Индар Мэхьмэти кхъуафэ зыбжанэ иIащ.
 «Ахэр я кхъуафэхэм йотIысхьэри, хы Iуфэм къесылIэ кхъухьхэм ятоуэ, щаубыди куэдрэ къохъу», - итхат Мариньи адыгэхэм щхьэкIэ. Бларамберг щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, адыгэ кхъуафэхэр хым тохьэри, жыжьэ IуокI. «Хым тет кхъухьхэм ахэр нэхъ щатеуэр жэщ хъуауэщ: заудыгъури бгъэдохьэ, кхъухьым зэрогуэри, модрейхэм зыкъащIэжыху, Iуэхум кIэ ират», - итхыгъат Бларамберг.

Ди лъэпкъ кхъуафэхэр зыхуэдар

ЗекIуэлI цIэрыIуэ Тебу де Мариньи зэритхымкIэ, «пасэрейхэр адыгэ кхъуафэхэм камарэкIэ еджэрт. Псыр хьэнцэкIэ щыщIатхъум деж макъкIэ дожьу: зым къыхедзэ, адрейхэм абы къришэжьа «арирашэ» псалъэр япхъуатэ, абы хьэнцэр дыщIадз».
Зылъэгъуахэм зэратхыжамкIэ, адыгэ кхъуафэхэм цIыхуищэм щIигъу ихуэрт; ахэр лъэгубгъуэт, псынщIэрыкIуэт, фэ ятебзати, гъущэ зэпытт, я пэм псэущхьэ гуэрым и сурэт тетт, хьэнцэхэр Iэрыхуэт, кхъуафэхэм гублащхьэIыгъ (гъэзалъэ, руль) яIэт, парус (жьыхь) зэпэплIими ящхьэщытт. 
Ди анэдэлъхубзэм къыщызэтенащ кхъуафэ (кхъухь) пкъыгъуэхэм зэреджэ псалъэ зыбжанэ: хъурзэ, кIарэ, хьэнцэ (е кхъуэхьэнцэ, кхъухь хьэнцэм къытехъукIауэ), жьыху, къинэмыщIхэри. КхъуафэкIэ хым техьэ зауэлIхэм хыдзэлIкIэ, абыхэм я пашэм кхъухьыпщкIэ еджэу щытащ. Хым пыщIа псалъэ куэди къыщызэтенащ адыгэбзэм: хы тIуащIэ, хыжьэ, хы тIуалэ, тIуапсэ, хыIу, хыуае, хыжькуий, хысыдж, хыкхъуэ, хытхьэрыкъуэ, хылI (хыдзэлI), нэгъуэщIхэри.
Ди адэжьхэм я хъыбар зытхыжахэм зэхагъэгъуащэркъым кхъуафэхэмрэ кхъуафэжьейхэмрэ: цIыхуищэм щIигъу зэрыхуэ кхъуафэхэм дзэ иризэрепшэу, сату IуэхукIэ жыжьэ урикIуэфу щытащ. Зэманым къелакъым адыгэ кхъуафэхэр - абыхэм щыгъуазэ зэрызыхуэпщIыфынур зылъэгъуахэм къаIуэтэжамкIэщ. Ахэр къэсащ епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм - адыгэ хы Iуфэр урыс дзэлIхэм яубыдыху. 

Лъэхъэнэхэм я зэпылъыпIэм 

Художник-маринист (хым теухуа сурэтхэр зи IэдакъэщIэкIым аращ зэреджэр) телъыджэ Айвазовскэм адыгэ кхъуафэхэм сурэт ятрищIыкIауэ щытащ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, абы и лэжьыгъэ «Черкесские галеры» («Адыгэ кхъуафэхэр») зыфIищар. 
ДэркIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ Айвазовскэм Кавказым и къуршхэм, псыхъуэхэм, губгъуэхэм ятрищIыкIа сурэтхэми. I868 гъэм художникыр Феодосие къыщежьэри, Кавказым кIуэцIрыкIыгъащ. Ар щыIащ Къэбэрдейми, Осетиеми, Дагъыстэнми, Армениеми, Дарьял псыхъуэмкIэ дэкIри, Тифлис дыхьащ.
ТIэкIу нэхъ дызэIэбэкIыжынщи, Кавказ хы Iуфэ линием и дзэзешэ генерал Раевскэм ПсыфIыпи Шахэпи десант щригъэтIысыкIыну зигъэхьэзырырт. «Ди гъусэу накIуи, зауэм сурэт тещIыкI», - жиIэри Раевскэм, Айвазовскэр иригъэблэгъащ. 
Шапсыгъ, Убых хэгъэгухэм я зэпылъыпIэу щыта Шахэпэ деж 1839 гъэм накъыгъэм и 3-м урысыдзэр щитIысыкIащ. Япэ зэхэуэр гуащIэт (къыкIэлъыкIуахэм я гугъу дымыщIми). Ар зэрызэтесабырэу, Айвазовскэр ихьащ хьэдэхэр куэду зэрылъ губгъуэм.
«Сэ Iэщэу сIыгъыр тхылъымпIэрэ краскэрэт. Дунейр дахэт: дыгъэр етIысэхати, псы Iуфэр жьауэ хъуакIэт. Жыжьэу щыболъагъу бгы папцIэхэмрэ мэз Iувымрэ; кхъухьхэр, хъурзэр ирадзыхауэ, псы гущIыIум тесщ; кхъуафэжьейхэр нэпкъымрэ кхъухьхэмрэ я зэхуакум итщ… Мэзыр къызэзнэкIри, мэкъупIэм сыхыхьащ; зауэр увыIати, сэлэтхэм, хьэмбыIуу тIысауэ загъэпсэхурт, офицерхэри псалъэмакъыншэу зэхэст. Удз кIырым хэлъ хьэдэхэр уолъагъу. Адыгэ гуп хьэдэшэж къэкIуащ. Портфелым тхылъымпIэ къыдэсхри, къэрэндащкIэ абыхэм сурэт ятесщIыкIыу сыуващ. Ар щилъагъум, адыгэ щIалэ гуэр къызбгъэдыхьэри, сурэтыр щIын сухыху къыспэплъащ, итIанэ ар сIихри, и ныбжьэгъухэм я деж ихьащ. Ягу ирихьауэ пIэрэ ар бгырысхэм - сыщыгъуазэкъым, ауэ фIыуэ сощIэж сурэтыр лъы защIэу къызэрысхуахьыжыгъар. Сэ лъыр кIэрыстхьэщIыкIыжакъым а сурэтым, зэрылъызащIэм хуэдэу куэдрэ зесхьащ, сеплъыху, Iэджэ си нэгу къыщIыхьэжу…»  

 

Тхыгъэр зыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.
Поделиться:

Читать также: