Iэпхъуэшапхъуэр пасэми щыIащ

Италием и къалащхьэм дэт кхъэлъахэжь зыбжанэу I-III лIэщIыгъуэхэм къагъэунэхуахэм, щIытI лэжьыгъэхэр щыщрагъэкIуэкIым, археологхэм хьэдэ къупщхьэу 105-рэ къыщIагъуэтэжащ. ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, абыхэм ящыщу 8-р зейуэ щытар нэгъуэщI хэгъэгухэм къиIэпхъукIащ.
ЩIым щIэлъу къагъуэта хьэдэ къупщхьэхэм цIыхубзым ейуэ яхэлъар зы закъуэщ. Псом нэхъапэуи а Iуэхугъуэращ къэхутакIуэхэр езыгъэгупсысар, хьэдэ къупщхьэхэр зейуэ щытахэр лэжьыгъэ IуэхукIэ мы щIыпIэм къихьауэ зэрыщытам. 
 «Зи къупщхьэ къэдгъуэтахэм ящыщу языныкъуэхэр Альп бгыхэмкIэ къыщхьэдэхащ, адрейхэр Африкэ ИщхъэрэмкIэ къиIэпхъукIащ, - жаIащ къэхутакIуэхэм. - Ахэр къуршылъэ щIыпIэхэм зэрыщыпсэуар я къупщхьэхэмкIи зэхэдгъэкIащ, я дзэхэми къритщIащ».  
Шэч къыщIытепхьэжыни щымыIэу, Урым къэралыгъуэжьым и курыхыу щыта Италие хытIыгуныкъуэм, адрей къэзыухъуреихь хэгъэгухэм елъытауэ, а лъэхъэнэм куэдкIэ нэхъ псынщIэу зиужьырт. Абы къыхэкIыуи, а щIыпIэр лэжьакIуэхэми нэхъ хуэныкъуэт... Арагъэнущ, нэгъуэщI хэгъэгухэм къикIа цIыхухэр IэнатIэ IуэхукIэ Урым империем кIуэуэ щIыщытар.
БЭРАУ Бышэ.
Поделиться:

Читать также: