Бахъсэндэсхэм я зэфIэкIхэр нэрылъагъущ

Дызыхыхьа илъэсым зэрыщIидзэрэ Бахъсэн къалэм и спортсменхэр спорт лIэужьыгъуэ зыбжанэхэмкIэ зэхьэзэхуэхэм хэтащ икIи ехъулIэныгъэфIхэр абыхэм щызыIэрагъэхьащ. Абыхэм ятеухуа хъыбар иджыблагъэ зэбгригъэхащ щIыпIэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм.
Псалъэм къыдэкIуэу, щIыналъэхэм Налшык къалэм грэпплингымкIэ щрагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм екIуу зыкъыщагъэлъэгъуащ «Baksan top team» командэм и лIыкIуэхэм икIи медаль 11 абы къыщахьащ. Я хьэлъагърэ ныбжьрэ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ ПщыхьэщIэ Асхъан, Жылокъуэ Умар, Хьэдзыгъуанэ Азнаур, Бэгъуэт Темырлан сымэ. 
Бэгъуэт Ясин, Жылокъуэ Алий, Нэдзир Ахьмэд, Тхьэмадокъуэ Темболэт сымэ етIуанэ хъуащ. Ещанэ увыпIэхэр къахьащ Къардэн Сулеймэн, Шыгъэлыгъуэ Зураб, Жылокъуэ Ибрэхьим сымэ.
Командэм и тренерхэр Дибырэ Муратрэ Шэрий Астемыррэщ.
Кавказ Ищхъэрэм олимпиадэм хыхьэ тхэквондомкIэ (ВТФ) пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ Бахъсэн къалэм Щауэ Iэхьед и цIэр зезыхьэ и спорт еджапIэм и гъэсэн Джэш Имран. А зэхьэзэхуэм щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 150-м нэблагъэ. 
И хэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым бахъсэндэс щIалэщIэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ икIи УФ-м и зэхьэзэхуэу Рязань къалэм мы гъэм щызэхэтыну зэIущIэм и зэфIэкIхэр щигъэлъэгъуэнущ.
Джэш Имран и тренерыр Уэзрокъуэ Анзорщ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым боксымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Бахъсэн къалэм ЩэнхабзэмкIэ и Уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэм бахъсэндэсхэм медалибгъу къыщахьащ. А зэIущIэр къызэрагъэпэщат КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм, КъБР-м боксымкIэ и Федерацэм, Бахъсэн къалэм и спорт еджапIэхэм, щIыпIэ администрацэм икIи абы щызэпеуащ КИФЩI-м и спортсмен ныбжьыщIэу 120-м щIигъу.
Я хьэлъагърэ ныбжьрэ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Дыгулыбгъу Ибрэхьимрэ Мэшыкъуэ Аслъэнрэ. ЕтIуанэ хъуахэщ Бахъсэн Ибрэхьимрэ Къэжэр Амиррэ. Ещанэ увыпIэхэр яубыдащ Абрэдж Андемыркъан, Бещто Идар, Уэтэр Азрэт, Тембот Къантемыр, Гындыгъу Имран сымэ.
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм медалхэр, кубокхэр, щIыхь тхылъхэр иратащ, абыхэм къадэкIуэу, япэ увыпIэр къэзыхьахэр хэтынущ Кавказ Ищхъэрэм боксымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм мазаем и 9 - 15-хэм Ставрополь крайм щызэхашэну зэпеуэм. 
Кавказ Ищхъэрэм армрестлингымкIэ и чемпионату Владикавказ къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэми бахъсэндэсхэр щыхуэмыхуакъым. Бахъсэн къалэм Быф Жэмал и цIэр зезыхьэ и спорт еджапIэм и гъэсэнхэу Бейтыгъуэн Iэмин етIуанэ, Шыхъуэ Ислъам ещанэ увыпIэхэр абы къыщахьащ. ЩIалэхэм ядэлажьэр ТхьэмлIокъуэ Ислъамщ. 
Зэхьэзэхуэм щызэпеуащ КИФЩI-м и спортсмену 120-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 16-м щIигъуауэ икIи абы къыщыхэжаныкIахэр хэтынущ УФ-м и зэхьэзэхуэу мы гъэм мэлыжьыхьым Орел къалэм щекIуэкIыну зэIущIэм. 
Мы гъэм щIышылэм и 18-м Налшык къалэм и «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ панкратионымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы щызэпеуащ ди республикэм и щIыналъэхэм я спортсмену 300-м щIигъу. Бахъсэн къалэм и спорт еджапIэхэм я гъэсэнхэм лъэщу абы зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи медаль хъушэ къыщахащ. 
ЖыпIэнурамэ, Быф Жэмал и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэм и спортсменхэу Жамолов Данияр, Жамолов Аслъэн, Алмэ Темырлан, Шыбзыхъуэ Андемыр. Щоджэн Амар, ГъущIынэ Эмир, Шыбзыхъуэ Казимир, Къардэн Аскэр, Мэремкъул Амир сымэ япэ увыпIэхэр къахьащ.
Алмэ Идар, Мэремщауэ Демир, Берд Мухьэмэд сымэ етIуанэ хъуащ. БжыкIший Аслъэн, ГъущIынэ Имран, Бакъ Инар, Бакъей Къантемыр сымэ ещанэ увыпIэхэр къахьащ. 
Командэм и тренерыр Щоджэн Артурщ.
Бахъсэн къалэм Щауэ Iэхьед и цIэр зезыхьэ и спорт еджапIэм и гъэсэнхэми а зэхьэзэхуэм дыщэу медалищ къыщахьащ. Зыхэта гупхэм щытекIуащ Мэш Дамир, Зэгъэщтокъуэ Темырлан, Джэрыджэ Дамир сымэ. ЕтIуанэ увыпIэхэр яубыдащ Къущхьэ Амырхъан, Щтым Андемыркъан, Щауэ Мулид сымэ. 
Лу Уэсмэн, Къущхьэ Албиян, Шал Къантемыр, Къарэмырзэ Теймураз, Гуэз Рэмэзан, Къундет Къантемыр, Иуан Дамир, Бакъей Темырлан, Зэгъэщтокъуэ Азнаур, Куржий Алихъан сымэ ещанэ увыпIэхэр къахьащ.
Командэм и тренерыр Мэш Ислъамщ.
«Baksan top team» спорт клубым и гъэсэнхэм ящыщу япэ увыпIэхэр къахьащ Зэрэкъуш Темырлан, Къунаш Дамир, ПщыхьэщIэ Руслан сымэ. Алокъуэ Марат, Бэч Аслъэн, Къаныкъуэ Алий, Джэрыджэ Мухьэмэд, Хьэжьырокъуэ Астемыр, Мэршэнкъул Андемыр сымэ етIуанэ хъуахэщ.
Ещанэ увыпIэхэр яубыдащ Ныр Мурат, Нэгъуей Къаплъэн, Дыду Андемыркъан, Мэршэнкъул Аснур, Къэжэр Алан сымэ.
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр хэтынущ Кавказ Ищхъэрэм панкратионымкIэ и чемпионатымрэ пашэныгъэр къыщыхьынымрэ хуэунэтIауэ Ингушым щызэхашэну зэпеуэхэм. Ар щекIуэкIынур мы гъэм мазаем и 6-8-хэрщ.
Урысей Федерацэм самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ иджыблагъэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм домбеякъ медаль къыщихьащ Сонэ Инал. Щауэ Iэхьед и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэм и гъэсэн щIалэр щыбэнар килограмм 71-рэ зи хьэлъагъхэм я дежщ. 
Урысейм ТхэквондомкIэ и зэгухьэныгъэм и президентым и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ Къэрэшей-Шэрджэсым и къалащхьэ Черкесск щекIуэкIа къэралпсо зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ Щауэ Iэхьед и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэм и лIыкIуэхэу Степан Валерэрэ Уэзрокъуэ Ислъамрэ. Я хьэлъагъ елъытауэ ныбжьыщIэхэр щызэуа гупхэм ещанэ увыпIэхэр къыщахьащ. А зэхьэзэхуэм щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 32-м я спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзэхэри зэхэту, 1200-м щIигъу.
ЩIалэхэм я тренерыр Уэзрокъуэ Анзорщ. 
НАУРЫЗ Мысост.
Поделиться: