НОБЭ

ЩIышылэм и 30, мэрем

♦Уае Дадэмрэ Уэс Гуащэмрэ я дунейпсо махуэщ

♦1863 гъэм Урысейм унафэ къыщащтащ цIыхум судкIэ удын ебдзынуи, дамыгъэ тебдзэнуи хуит уимыщIу.

♦1943 гъэм 6-нэ нэмыцэдзэм Сталинград деж зыщитащ. Ар Хэку зауэшхуэм советыдзэхэр щытекIуэным щIэдзапIэ хуэхъуауэ къалъытэ.

♦1951 гъэм къалъхуащ Беслъэней къуажэм дэт сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ, УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр, КъШР-м и цIыхубэ дохутыр Къуэн Валентинэ.

♦1954 гъэм къалъхуащ УФ-м и Кинематографистхэм я зэгухьэныгъэм хэт, адыгэ щIыналъэм теухуа фильм зыбжанэ тезыха, жылагъуэ лэжьакIуэ Нэгъаплъэ Аскэрбий.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 5 – 7, жэщым градус 0 - 1 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Мылэжьэф щхьэусыгъуэ и куэдщ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

09.11.2026 - 11:23 → НОБЭ
06.11.2026 - 11:42 → НОБЭ
05.11.2026 - 11:25 → НОБЭ
03.11.2026 - 09:00 → НОБЭ
02.11.2026 - 11:03 → НОБЭ