Тхыдэм щыщМамлюкхэм ятеухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэнхэр дэ къыщыдогъуэтыж Мысырым щыщ тхыдэтх икIи бзэ щIэныгъэхэм елэжьа Амин аль-Хьэули деж. Абы и тхылъ «Нилрэ Индылрэ я зэпыщIэныгъэхэм» (КъуэкIыпIэ литературэм и тхылъ тедзапIэ, Мэзкуу, 1962) дыкъыщоджэ: «Мысыр сулътIанхэм мамлюк минхэр яIащ», икIи абыхэм я бжыгъэм зэпымыууэ хэхъуэрт, сыту жыпIэмэ «мамлюк зылъэкIхэм я Iыхьлыхэмрэ я гъунэгъухэмрэ зрашалIэрт, зэрахузэфIэкIкIэ къулыкъушхуэ къаубыдынымкIэ абыхэм ядэIэпыкъурт». Мамлюкхэм хьэрыпхэм ирагъэцIыхуащ къымызыр - шышэм къыхэщIыкIа фадэр. Аз-Захир Бейбэрс уеблэмэ къымыз щраф Iэнэхэр къызэригъэпэщырт. Мамлюкхэм ядэплъейри, Мысырым щыпсэу цIыхубэм я нэхъыбэм адыгэ пыIэ щхьэратIагъэу щIадзэ. Нобэ Нил Iуфэ щыпсэухэм щIыхь зыпылъу къалъытэ Кавказ лIыхъужьхэм зегъэпщэныр. Бейбэрс зэрымыщIэкIэ хэкIуэдащ. Езым и ныкъуэкъуэгъу Къахьер иригъафэу IуипIэн мурадкIэ щхъухь зыхэлъ фадэбжьэ игъэхьэзырат. АрщхьэкIэ Къахьер Iэмал хуокIуэри, бжьэр зэрехъуэкI. Бейбэрс а щхъухьыр ирифа иужь, махуэ щэщIщ зэрыпсэужар. Абы щыгъуэ ар илъэс 50-м зэрыщхьэдэха щыIэтэкъым. Монголхэм щезэуа лIэщIыгъуэм муслъымэнхэм я зыгъэпщкIупIэ нэхъыщхьэу щытар Каирщ. КъэхутакIуэ Димышкъи 1300 гъэм итхыгъат: «зэи мыкIуэдыжыну» къалэм щыпсэухэр абы щыгъуэ зы мелуаным нэст, сыту жыпIэмэ муслъымэн къэралхэм щыпсэухэр монголхэм яIэрымыхьэн папщIэ мыбы щызэхуэсырт. Адыгэ мамлюк сулътIанхэм ягъэпажэрт щIэныгъэлIхэр, IэщIагъэлIхэр, егъэджакIуэхэр. Илъэс 200-кIэ ахэр сэбэпышхуэ хуэхъуащ щIэныгъэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм Каир и щэнхабзэ гъащIэм зрагъэIэтынымкIэ. Къалэм мамлюкхэм щаухуащ мэжджыти 150-рэ, еджапIэхэр, мавзолейхэр. А псори архитектурэ гъуазджэм и хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщт. Олдридж Джеймс и «Каирым» щетх: «А лъэхъэнэм унэщIэ хьэлэмэт куэд яухуащ, адыгэ мамлюкхэм я IэдакъэщIэкIыу Каир къыщагъэнащ архитектурэ фэеплъу плIыщI». Бахърит сулътIан Къэлэуни (къызыхэкIар адыгэщ), нэхъ иужьыIуэкIэ абы и къуэ Ан-Насири Каир ухуэныгъэ хьэлэмэтыщэхэр щрегъэкIуэкI. 1284 - 1285 гъэхэм МуIIиз уэрамым Къэлэун щрегъэухуэ къалэм и псэуалъэ дахэ зэхэт. Ар Iыхьищу игуэшырт: мавзолейр, сымаджэщыр, еджапIэр. Мавзолейри еджапIэри нобэр къыздэсым я дахагъэр яфIэмыкIуэдауэ щытщ, ауэ сымаджэщым щыщу къэнар абы и блынхэрщ. Ар 1284 гъэм къыщыщIэдзауэ 1850 пщIондэ лэжьащ, сымаджэхэм щеIэзэн папщIэ абы Iэмал псори щыщыIэт. Къэлэун езым ухуакIуэхэр кърихулIэрт. Танжер щыщ къэхутакIуэ Ибн БатIутIэ, 1326 гъэм сымаджэщыр зылъэгъуам, зэритхымкIэ, «абы и дахагъэр къызэрыбгъэлъэгъуэн псалъэ къэгъуэтыгъуейт». Къэлэунрэ абы и къуэ, монгол принцессэ Аслъун Хьэтун къилъхуа ан-Насир ад-дин Мухьэмэдрэ Мысырыр илъэс 52-кIэ яIыгъащ. Каир и тхыдэм пхуэмыIуэтэн хуэдизу къулеягъ щигъуэта, абы щIэныгъэмрэ гъуазджэмрэ лъагэу зыщиIэта лъэхъэнэм щыIа унафэщI IэкIуэлъакIуэхэм я сатырым ан-Насир хоувэ. Ар адрейхэм къащхьэщыкIырт фIэщхъуныгъэ ин хэлъу, зыхуейр пхигъэкIыфу, зыми емыпха унафэщIу зэрыщытамкIэ, уеблэмэ езым нехьэкъехуэ мамлюкхэм сулътIаныр щыту я макъ зрагъэIэтыфыртэкъым. Ибн БатIутIи игъэщIагъуэрт ан-Насир и цIыхуфIагъыр, и напэ къабзагъэр, апхуэдэу абы и гугъу ищIыжырт сулътIаным пщIэкIэ лIыукIхэр къищтэурэ и ныкъуэкъуэгъухэм зэребэнар. Феодализмэм хабзэ хуэхъуа и зэныкъуэкъуныгъэхэр хыумыбжэмэ, мамлюк дзэзешэхэм фIэщхъуныгъэ яхэлъу Мысырым я лъэр щагъэбыдэрт. Ар къызыхэкIым и щхьэусыгъуэр мырат: ахэр Нил Iуфэ къэкIуатэкъым хамэщI къаубыдын мурадкIэ дзэ къашэу хьэмэ абы ис лъэпкъхэр Кавказ жыжьэм щыпсэу адыгэхэм я фейдэ папщIэ яхъунщIэну. Ахэр къэкIуатэкъым мыбы Камбиз зи пашэ къэжэр зэрыпхъуакIуэхэм, Македонский Александр зи Iэтащхьэ алыджхэм, Сэлим Шынагъуэр зи дзэзешэ тыркухэм хьэмэ Наполеон зи унафэщI франджыхэм ещхьу... Езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ ахэр Мысырым къыщыхутакъым. Кавказым пызыщIэ псори абыхэм трахат. Мамлюкхэм я уэркъ псэукIэр сэбэп хъурт къэралыр зэгуэгъэхьэнымкIэ. Апхуэдэу сату гъуэгухэр, псом хуэмыдэу ЩIыкIурытыхыр, монголхэми жорзехьэхэми зауэ драгъэкIуэкI пэтми, адыгэ сулътIанхэм я зэманым нэхъ шынагъуэншэт. Зэманым кIуэцIрыплъыфа ан-Насир езым и фейдэ зыхэлъ зэгурыIуэныгъэхэр нэгъуэщI къэралхэм ярищIылIэрт. Апхуэдэт, псалъэм папщIэ, Дыщэ Ордам, къуэкIыпIэмкIэ щыIэ монголхэм я бийм, ириухылIар. Ар дыдэмкIэ абы и гъунапкъэхэр егъэбыдэ. КъимыдэкIэ, ан-Насир Константинополь мамырыгъэ щытыкIэ диIыгът. Апхуэдэ щытыкIэкIэ Мысырыр, экономикэ и лъэныкъуэкIэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и курых къэралхэм ящыщу нэхъ зызыужьар, къухьэпIэм е къуэкIыпIэм къикIа къэзэуакIуэхэм я къебгъэрыкIуэныгъэхэм пэлъэщырт. Хабзэ ткIий зыхэлъ, сыт и лъэныкъуэкIи зи IуэхущIафэхэр даIыгъ мамлюкхэм я дзэ лъэщым хузэфIэкIащ къэралым и щхьэхуитыныгъэр, щэнхабзэр, зыужьыныгъэр ихъумэжыну. Мыбдеж гу лъытапхъэт мыпхуэдэ зы Iуэхугъуэм. XIII - XV лIэщIыгъуэхэм щыIа европей тхыдэтххэр мамлюкхэм я зэманыгъуэм мыIупщI дыдэу тепсэлъыхьырт. Ар къызыхэкIар гурыIуэгъуэщ: мамлюк сулътIанхэм мызэ-мытIэу жорзехьэхэм удын ирадзащ. Мысырымрэ Сириемрэ ахэр щытепща илъэсхэм ЩIыкурытыхым и къуэкIыпIэ лъэныкъуэхэм нэхъапэм къыщаубыдауэ щыта щIыналъэ куэди абыхэм яIэщIэкIыжат. Абы гъэщIэгъуэн хэлъкъым, курыт лIэщIыгъуэм Европэм щыпсэуа тхыдэтххэм, зыплъыхьакIуэхэм Нил Iуфэ къэрал зэгуэт щыухуэнымкIэ мамлюкхэм я фIыщIэр зэхъуэкIауэ къызэрагъэлъэгъуамкIэ. Ан-Насир и ужькIэ абы и къуибгъум Мысырыр зэрахьащ. Ауэ абыхэм ящыщ дэтхэнэри куэдрэ тетакъым. Бахърит мамлюкхэм я тепщэныгъэр и кIэм нэблэгъат.
Поделиться:
Читать также:
11.03.2026 - 15:06 →
Къуалэ и къуэ Созрыхьэ
04.03.2026 - 18:34 →
Зэманыр щыткIийми, цIыхугъэр яхуэхъумэрт
27.02.2026 - 15:54 →
Шэрджэс
18.02.2026 - 13:25 →
ГъущIыпсэхэмрэ адыгэпщхэмрэ
05.02.2026 - 12:26 →
Сталинград ихъумащ
| ||




