Ди лъэпкъыцIэр и фIэщыгъэуЦIыхуфIхэми цIыху Iейхэми затхьэщI. Сабынращи, и мэмрэ и фэмрэ защумыгъэнщIурэ, пIэщIоухэри, уи Iэгур нэщIу къегъанэ. ИтIани, къабзагъэр цIыху зызыужьам и гъащIэм къыпхухэмыхыжын Iыхьэу хэтщ. Псым укъыфIэкIмэ, сабыным хуэдэу куэдрэ дызыхуэзэ «ныбжьэгъуи» диIэ къыщIэкIынкъым.
ЦIыху къызэрыгуэкIыр сабыным зитхьэщIыху еIусэмэ, сабыныщIыр абы зэи пэIэщIэ хъуркъым. Нобэ дызытепсэлъыхьынур Ливие къэралым и къалащхьэ Триполи щыпсэу адыгэ сабыныщI унагъуэщ. Ебгъуанэ ныбжь лъэхъэнэм нэсауэ, мыбыхэм къыщIагъэкI езыхэм я унэцIэр зезыхьэ «Шэркэс» сабыныр.
Жылагъуэ утыкум япэу я унагъуэ сатум щытепсэлъыхьар Шэркэс Мэхьмудщ: «Си адэшхуэм и адэм 1803 гъэм ищIын щIидзауэ щытащ сабын. Сэ мы IэщIагъэм ныбжь лъэхъэнибл къыщызэзынэкIа лъэпкъым срищIэблэщ. Мыбдежым, Триполи къалэм лэжьэн щыщIадзэри, а IэщIагъэр ямыгъэтIылъу къэгъуэгурыкIуахэщ си япэ итахэр».
«Шэркэсхэ къызыхэкIа лъэпкъкIэ Кавказым щыщщ, политикэ гугъуехьым къыхэкIыу, я Хэкур ябгынауэ, - етх «Собейрут» газетым. - 1803 гъэм ахэр «Мысыр хьэщIэщ» зыфIаща, XIV лIэщIыгъуэм яухуауэ щыта гъуэгурыкIуэ хэщIапIэм и 4-нэ къатым щIэтIысхьауэ щытащ, иужькIэ ар IуэхущIапIэ яхуэхъужащ. А зэман дыдэм хуехь Шэркэс Мэхьмуд я унагъуэм сабын ящIын щыщIадза зэманыр. Езыр щIалэ цIыкIуу щытыху, Мэхьмуд и адэм зэрыдэIэпыкъур нэхъыбэт, еджэным зэрелIалIэм нэхърэ. ЕджапIэм къыщIагъэкIыну лъэIуэрей щIалэм апхуэдэ хуитыныгъэ къыщыIэрыхьар илъэс I3 ирикъуа нэужьщ, абы лъандэрэ сабын ещI».
Зэрыунагъуэу зыхэпщIа сатум укIэлъыплъыну сыт щыгъуи гухэхъуэщ. ЦIыхухъухэм - Мэхьмудрэ абы и къуэ Ахьмэдрэ - сабыныр зэхалъхьэ, ягъавэ, къупхъэм иракIэж, ягъэдий, кърахыж, зэпагъэжри, гъущын хуэдэу зэтрагъэсыж. ЦIыхубзхэм - Мэхьмуд и щхьэгъусэмрэ ипхъухэу Линэрэ Сафэрэ - ар цIыхухэм лъагъэIэсыным нэхъ йолIалIэ. Сабыныр щэныр, и фIагъыр хъыбарегъащIэ IэмалхэмкIэ зэбгрытыкIыныр, мыхъур тегъэуэныр, зэкIуэцIылъхьэныр – ахэр нэхъ лэжьыгъэ тыншу щытми, хэлъэтыншэу пхузэфIэгъэкIынукъым.
«Шэркэс» сабыныр Ливием нэхъ щыцIэрыIуэ сабын лIэужьыгъуищым язщ. Нэхъыбэр щыгъуазэщ, ауэ зымыщIэхэми ящIапхъэщ сабыныр къыщежьар КъуэкIыпIэ гъунэгъурауэ зэрыщытыр. Мыбдежым ахъуэ (оливэ) дагъэр щыкуэдщи, сабын къызыхащIыкIыр аращ, Шэркэс унагъуэми ар жаIэ зэпыт. Я сабын зэхэлъхьэкIэр къызэрыгуэкI дыдэу, пасэрейхэм къыбгъэдахауэ зэрыщытыр, лIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуауэ зэрахъумэр къыхощ абыхэм я хъыбархэм. Мэхьмуд зэрыжиIэмкIэ, ахъуэм япэу къыщIаху дагъэр шхыным макIуэ, етIуанэ къыщIэхугъуэр сабыныщIхэм ящэху. КъинэмыщIауэ, мыбдежым щащI зи цIэр Сирием и Хьэлэб къалэм ирапх сабын лIэужьыгъуэри. Ар къызыхащIыкIыр фIарэ (лавр) къэкIыгъэм къыщIаху дагъэрщ. Ахъуэм къыхэщIыкIар гъуэжьыфэмэ, фIарэм къыхэщIыкIар сабын удзыфэщ. Иджыпсту IэрыщI сабынхэр куэд щыхъуащ дунейм. ИтIани, хьэрып къэралхэм щызекIуэхэм уалъэщIыхьэну гугъущ, сыту жыпIэмэ, дагъэхэкIхэр къэкIыгъэ нэхъыфI дыдэхэм къызэрыхахым нэмыщI, абыхэм хым хэлъ шыгъури къагъэщхьэпэ, абы сабыныр нэхъ быдэ ещI.
«Сабын щIыкIэм зыгуэркIэ зихъуэжа фи унагъуэм къикIуа гъуэгуанэм и кIыхьагъкIэ?» – жаIэу щеупщIым, Мэхьмуд къажриIащ: «Нэхъ ягъэщIэращIэу зэрыхъуар аркъудейщ».
Индыбзэ, франджыбзэ, нэмыцэбзэ, хьэрыпыбзэ, инджылызыбзэ, урысыбзэ - мыбдежым сабын къащэхун е абы сабыныщIхэр трагъэпсэлъыхьын папщIэ къэкIуахэм щызэбламых бзэ гъуэтыгъуейщ. Дэ Шэркэс унагъуэр дэзыгъэцIыхуар абыхэм я деж щыхьэщIа, Абхъазым икIа Дасание Давидщ.
Журналистхэм я зым зэрыжиIэжымкIэ, Шэркэс Мэхьмуд хьэщIэхэм епсэлъэху, зы дакъикъэкIэ и Iэр игъэувыIакъым. Зэ щIыгъуэу Шэркэсхэ сабын килограмм 60-м нэс ягъэхьэзыр, мазэм и кIуэцIкIэ килограмм 500-м нэс ящэ. Ар «Iэмал щIыIэ» жыхуаIэмкIэ ящIхэрщ.
Сабыным тетхъунщIыхьыжурэ иIэн хуей теплъэр игъуэтыху къыкIэрагъэщэщхэм е ирожьыщIэ (Мэхьмуд и щхьэгъусэм куэд щIауэ «порошок» къигъэщхьэпэжыркъым), е «Iэмал пщтыркIэ» лантIэ ящIыжри, шэрыб цIыкIухэр, санэхэр, къинэмыщI теплъэ гъэщIэгъуэнхэр хъыджэбзхэм къыхащIыкI. ХуэплIимэу щыт сабыным нэмыщI, IуэхущIапIэм кхъужьым, мыIэрысэм, уеблэмэ нэмэз щыгъэм ещхьу зэщIэбла сабынхэкIхэр щыболъагъу, псы игъэхъуам хадзэ шэрыб хъурей цIыкIухэри щыкуэдщ. Сабыныр ирыраIэну къагъэщхьэпэр ерыскъым халъхьэ хабзэ иIэгъэхэрщ. Мэхэм я гугъу пщIымэ, ахэр I0-м нос, Франджымрэ Алыджымрэ кърашу.
Мыпхуэдэу дагъэ къабзэм къыхащIыкI сабыныр куэдкIэ нэхъыфIщ, химиехэкI защIэу зэхэлъхэм нэхърэ. Нэхъ лъапIэу щытми, цIыхухэм мыхэр нэхъ щIащэхури аращ, сыту жыпIэмэ, мыбы уи щхьэцри къригъэхунукъым, щIыфашхи уищIынукъым, уеблэмэ апхуэдэ гуэр къоуэлIамэ, уигъэхъужынущ.
ИщхьэкIэ къыщытхьа хъыбархэм зэман гуэр текIауэ щытщ. Иджыпсту сабыныщI унагъуэм я Iуэху зыIутыр къэтщIэну дащыкIэлъыплъым, Мэхьмуд дунейм ехыжауэ цIыхухэр абы и къуэм зэрыхуэгузавэм дрихьэлIащ, ахърэт нэху Тхьэм кърит. Ауэ сабыныщI IуэхущIапIэр абы и къуэ Шэркэс Ахьмэд егъэлажьэ. «Сэ сабыныщI лIакъуэм сриебгъуанэ щIэблэщ, - жеIэ абы. – ЕджапIэм 8-нэ илъэс хъуху сыщеджащ, абы сыкъызэрыщIэкIрэ, иджы илъэс 22-м нэса хъунщ сабыным сызэрелэжьрэ».
Ахьмэд и шыфэлIыфэр зэдгъэцIыхуну и напэкIуэцIыр къыщытлъыхъуэм, хамэ къэрал адыгэхэм ядэтлъагъу хабзэ сурэтхэр мыбыи щыкуэду къыщIэкIащ. Езыр Кавказым зэрыщыщыр, ар зэри-Хэкур зэи игъэгъуащэркъым щIалэм, илъэс къэс накъыгъэм и 21-м и напэкIуэцIыр нэщхъеифэщ, Кавказ зауэр и гум зэримыхур наIуэу.
Ди тхыгъэм и кIэм зы упщIэ щыдгъэувынут: сыт ягъэ кIырэ цIыхум къыхуэщхьэпэ мыпхуэдэ IэщIагъэ дахэ зиIэхэр Хэкум кърагъэблагъэмэ? Я зэфIэкIымкIэ цIыхухэм дагъэгуашэмэ? Псори щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ къыхуигъэщIакъым, уэрэд жыIэнымрэ къэфэнми цIыхур хэпсэукIыркъым. Хьэмэрэ, ари къэгъэнауэ, сабыныщI IэщIагъэм ди деж зыщиубгъу щIэмыхъур сыт, щэ ямышхыжымрэ апхуэдиз дагъэхэкIымрэ пщIэншэу мыкIуэдыжу?! Сыт хуэдэ къуажэ абы хуэмыныкъуэр?!
Поделиться:
Читать также:
11.03.2026 - 15:06 →
Къуалэ и къуэ Созрыхьэ
04.03.2026 - 18:34 →
Зэманыр щыткIийми, цIыхугъэр яхуэхъумэрт
27.02.2026 - 15:54 →
Шэрджэс
18.02.2026 - 13:25 →
ГъущIыпсэхэмрэ адыгэпщхэмрэ
05.02.2026 - 12:26 →
Сталинград ихъумащ
| ||




