Сталинград ихъумащНобэ, мазаем и 2-м, ди къэралым щагъэлъапIэ Дзэ щIыхьым и махуэр. 1943 гъэм апхуэдэ махуэм советыдзэхэм Сталинград и деж текIуэныгъэ къызэрымыкIуэ, Хэку зауэшхуэм и екIуэкIыкIэр зыхъуэжа, къыщахьауэ щытащ. 1942 гъэм и бадзэуэгъуэм и 17-м къыщыщIэдзауэ 1943 гъэм и мазаем и 2 пщIондэ екIуэкIа зэпэщIэувэныгъэм СССР-м и Командованэ Нэхъыщхьэм и унафэкIэ хэтауэ щытащ совет зауэлI 1000500-м нэс, Сталинград бийм щыхъумэныр я къалэну. Абыхэм къагъэсэбэпыну хуит хуащIат орудиеу 13541-рэ, танкыу 894-рэ, кхъухьлъатэу 1115-рэ. Зэзауэ иным хэкIуэдауэ щытащ советыдзэм и зауэлIу мин 480-м нэс, бийм и дзэхэм хэтахэм ящыщу цIыху мин 500-м щIигъу. А щIыпIэм зи псэр щызытахэм яхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щраджэу зауэшхуэм Iухьахэм ящыщ зауэлIрэ командиру 318-рэ. Сталинград бийм щызыхъумахэм ящыщащ Сыжажэ Талий Къасым и къуэр (1914-1983). ПсэзэпылъхьэпIэ IэнатIэ гугъум лIыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу Iута адыгэлIым и насып къикIри, псэууэ Хэку зауэшхуэм къикIыжащ. Сыжажэм и зауэ гъуэгуанэр къызэрекIуэкIа щIыкIэр гъэщIэгъуэнщ. 1941 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м дашри, хагъэхьащ 115-нэ шу дивизэм. Абы хэту Зеикъуэ щыщ зауэлIыр фашистхэм щапэщIэтащ Сталинград къалэм и Iэшэлъашэхэм. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым, бадзэуэгъуэ мазэм, ар хэтащ Ростов щIыналъэм щекIуэкIа зауэ гуащIэм. 1942 гъэм бжьыхьэпэ мазэм 115-нэ шу дивизэм и штабым щагъэхьэзыра тхылъымпIэм зэритымкIэ, а дивизэм хиубыдэ 278-нэ полкым щыщ зауэлI Сыжажэ Талий уIэгъэ хъуащ. Абы иратхащ хэкIуэдахэм я цIэ-унэцIэхэри. Абыхэм ящыщу къабжащ Зеикъуэ щыщ адыгэ щIалэри. 2015 гъэм къыдэкIа «КъБР-м и Фэеплъ тхылъми» щыуагъэкIэ иратхащ фронтым и псэр щитауэ: «Сыжажэ Талий, Къасым и къуэр, 1941 гъэм Бахъсэн район военкоматым совет армэм ириджащ. Сэлэтщ. 1942 гъэм хэкIуэдащ». АрщхьэкIэ… Ростов губгъуэхэм щекIуэкIа зауэ гуащIэм къелащ Талий. И уIэгъэр зэпцIыжа нэужь, 1942 гъэм щIымахуэпэ мазэм фронтым Iухьэжащ 269-нэ фочауэ дивизэм хэту. 1943 гъэм, щэкIуэгъуэ мазэм, ар пIалъэ кIэщIкIэ хэхуащ 188-нэ запас фочауэ полкым. 1944 гъэм и пэщIэдзэм 279-нэ фочауэ дивизэм хэхуэри, Украинэр, Кърым щIыналъэр хуит къэзыщIыжахэм ящIыгъуащ. Сыжажэр сэлэт хахуэу зэрыщытам и щыхьэтщ дивизэм хиубыдэ 1003-нэ полкым и командирым и Iэ зыщIэлъ тхылъымпIэр: «Кърымым хиубыдэ Азэт къуажэр бийм къыщыIэщIахыжым, фашистхэр зэпымыуэ IэщэкIэ къызэрыуэм щхьэкIэ мыхашэу, нэмыцэм пэгъунэгъуу зауэ ди пехотэм шэхэр зэраIэригъэхьам, апхуэдэу ди дзэр щебгъэрыкIуэм къызэрымылэнджам папщIэ «За боевые заслуги» медалыр сэлэт Сыжажэ Талий Къасым и къуэм етын». А дамыгъэ лъапIэр адыгэ щIалэм къыщыIэрыхьэжар зауэр щиуха илъэсырщ. Ипщэ советыдзэ гупышхуэм щыщ генерал-майор Ткаченкэ и IэкIэ къритыжащ ар. 1944 гъэм Сыжажэр япэщIыкIэ хэтащ 200-нэ фочауэ полкым, иужькIэ армэ складым щIэтащ. 1945 гъэм, и узыншагъэр зэрызэкIэлъымыкIуэм къыхэкIыу, дзэ къулыкъум тIэкIу нэхъ пасэу къыхагъэкIыжащ. СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ, зауэр щиуха илъэсым абы къратащ «Германием дызэрытекIуам папщIэ» медалыр. Апхуэдэу къыкIэлъыкIуэ илъэсхэм Сыжажэм къыхуагъэфэщащ Хэку зауэшхуэм и юбилейхэм я саулыкъукIэ къыдэкIа медаль зыбжанэ. И адэжь щIыналъэм къекIуэлIэжа нэужь, колхозым хыхьэри, пхъэщхьэмыщхьэ хадэм щылэжьащ Талий. Абы щхьэгъусэ хуэхъуащ Къэрмокъуэ Мэржынэт (Быцэ). Зэщхьэгъусэхэм зэдапIащ быний: Анатолэ, СулътIан, Мусэ, Райе, Майе, ФатIимэт, Iэминат, Катя сымэ. ЗэуапIэ губгъуэм щигъуэта фэбжьхэм яхьыжащ Талий: ар дунейм ехыжащ 1983 гъэм, илъэс 69-рэ хъуауэ. ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться:
Читать также:
11.03.2026 - 15:06 →
Къуалэ и къуэ Созрыхьэ
04.03.2026 - 18:34 →
Зэманыр щыткIийми, цIыхугъэр яхуэхъумэрт
27.02.2026 - 15:54 →
Шэрджэс
18.02.2026 - 13:25 →
ГъущIыпсэхэмрэ адыгэпщхэмрэ
03.02.2026 - 11:24 →
Мэздэгу адыгэхэр
| ||




