ЗыгъэщIэгъуэнымрэ къызыфIэщIыжынымрэ

Хьэл-щэн  дахэм  IэщIагъэр иригъэфIакIуэрэ хьэмэ IэщIагъэм  щэныфIагъым зригъэужьрэ? ЩэныфIагъыр  хьэлщ, гум и щытыкIэм  иукъуэдий  зекIуэкIэщ.  IэщIагъэр  зэфIэкIщ, зебгъэужьыну Iэмал узыхуиIэ  Iэпкълъэпкъымрэ  акъылымрэ  я  къэгъэсэбэпыкIэщ. ТIури  къыбдалъху  хуэдэу  щытщ,  ауэ  Сальери   Моцарт  зымыгъэхъур    нэрылъагъукъым. 
 «Ярэби, лэжьэн зыфIэфIхэм щIэныгъэ  яIэу, щIэныгъэ зиIэхэм лэжьэн  яфIэфIу  щытащэрэт!» - щыжеIэ  Чеховым «Зэшыпхъуищ» пьесэм. Дэри ди зэхэтыкIэм хуэчэмыр къэдгъэнэIуэн мурадкIэ дыпсалъэмэ: «Ярэби, щэныфIэхэр  зыгуэрым  хуэIэзэу, зыгуэрым хуэIэзэхэр  щэныфIэу  щытащэрэт», - жытIэну къыщIэкIынщ.  
Адрейхэм  къахэщ  цIыхум  зыщIигъэщIэгъуэн  гуэр  бгъэдэлъ хуэдэу щытщ, ауэ щыхъукIэ, гулъытэ зыфIэмыфIи утыку зыхуэмыхьыххи щыIэщ.  ГъэщIэгъуэнращи,  цIыхум  и  ехъулIэныгъэхэр  нэхъ  лъагэху, абы адрейхэм  зыкIи къащхьэщымыкIыу, лейуэ зыщIигъэщIэгъуэн  бгъэдэмылъу   нэхъ   къыщохъу.  
ЗыгъэщIэгъуэныр  зи  лъабжьэ гъащIэм езым  утрегъэгушхуэ и зэхьэзэхуэшхуэм  ухыхьэну, уеблэмэ ухэмыхьэну Iэмал къуитыркъым. Ауэ  зэхьэзэхуэр  зэзауэм  хуэмыкIуэжын папщIэ,  цIыхум  нэхъ  мащIэ дыдэу бгъэдэлъын  хуейр  сыт? «Дуней  гъащIэр мылъкурэ  бынкIэ зым адрейм зыщыхуэвгъэщIагъуэ джэгупIэщ», - жеIэ  КъурIэн лъапIэм. Адыгэбзэр къэдгъэщхьэпэмэ, упщIэ дгъэувахэм жэуап къахуэдгъуэтынымкIэ езы  бзэр къыддоIэпыкъу: «зыгъэщIэгъуэныр» зэрытыпхъэ  хъийм икIа нэужь, «къызыфIэщыжын» псалъэр утыку къохьэ.  Мы тхыгъэм щыдимурадыр зыгъэщIэгъуэныр зыкъыфIэщIыжыным къызэрыщхьэщыкI мардэр къэтлъагъунырщ, апщIондэху  гу  зылъыдмытэ  гуэр  къыкъуэплъыным дыщыгугъыу. 
«ЩIагъуэ» мыхьэнэр «фIым» пэгъунэгъущ, «гъэщIэгъуэным» и лъэпкъэгъущ, «фIыуэ къэлъытэн», «къызэрымыкIуэхэм, махуэ къэс узримыхьэлIэхэм  яхэбжэн» мыхьэнэм  иту бзэм хэтщ. «ЗыгъэщIэгъуэным» къикIыр тIэкIу нэгъуэщIщ. «Зыгъэ-» префиксым зыпыувэ лъабжьэм «а щытыкIэр зыбгъэдэмылъ» мыхьэнэ ирет: зыгъэинын, зыгъэгубзыгъэн, зыгъэIэзэн, зыгъэнэмысыфIэн, нэгъуэщIхэр. 
«ЗыгъэщIэгъуэным»  къыпэщIэувэ мыхьэнэм дылъыхъуэмэ,  нэмысыфIэ, шыIэныгъэ зыхэлъ, цIыху Iэдэб, Iэсэ жыхуэтIэхэм зыми загъэщIагъуэркъым, ауэ гум нэхъ нэсыр «нэм зыщIэзымыIу», «зифI утыку изымыхьэрей» щэнращ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дунеягъэр псоми зыгуэркIэ  зыщагъэщIагъуэ губгъуэми, абы и  хъун-мыхъунми мардэ иIэщ.  
«КъызыфIэщIыжын»  псалъэр  «Iуэхур  зэрыщымыту  плъагъун  е къыбгурыIуэн» мыхьэнэ зиIэ «фIэщIын» глаголым,  «унэтIыныгъэ»  къэзыгъэлъагъуэ  префикс «къ(ы)»-м,  зи гугъу ищI Iуэхугъуэм зыгъэзэж  мыхьэнэ  езыт префикс «зы»-м, къытезыгъэзэж Iуэхугъуэм зэрытепсэлъыхьым и щыхьэту къэув суффикс «ж(ы)»-м къагъэхъуащ. «КъызыфIэщIыжа» зыхужаIэ нэрыбгэм  и  щхьэр,  и  цIыху  сурэтыр  езым  къызэрыщыхъумрэ  абы  къыхуэзэну  къызыхуихуэ  цIыхухэм  зэралъагъумрэ  зэщхьэщокI. Псалъэм папщIэ, къызыфIэщIыжар сэрамэ, фIыуэ зыдэслъагъужыр схэлъкъым, Iейуэ  зыдэзмылъагъужыр  схэлъщ, ар  нэрылъагъуу  щыт  теплъэмрэ хьэлымрэ, е  нэрымылъагъу  зыхэщIэкIэ-гупсысэкIэрауэ  щытми. 
Iуэхур  зэрыщыт  дыдэмрэ  сэ  ар  къызэрысфIэщIымрэ я зэхуакум  пэжуи  пцIыуи  къыщIэкIынкIэ  хъуну  щытхъумрэ  дагъуэмрэ къыдоувэ. Си  щытыкIэм  теухуауэ  сэ  езыр  сыщыуэнкIэ е  сызахуэнкIэ зэрыхъунум хуэдэ дыдэу,  сыкъэзыцIыхухэм  сызрагъэувэ  сурэтыр  пэжынкIэ е нэпцIынкIэ  мэхъу. Ныбжьэгъурэ  жагъуэгъуу цIыхухэр щIызэхэздзым и  щхьэусыгъуэр  арагъэнщ: къэзмылэжьа  щытхъу сфIэфIмэ, зигу  срихьхэр  е  сызыгъэлъапIэхэр  согъэныбжьэгъу, си  ныкъусаныгъэхэр  сэзыгъэлъагъужхэр  согъэбий. Е  сызыхущIэкъу мурадым  лей зезымыхьэ цIыхуфI дыдэ сымыхъуауэ сызэрылъэмыIэсынур си  фIэщ хъумэ, щыуагъэншэу захуагъэм сыхуэзыунэтIхэр  нэхъ  къызощтэ.
Иджы  фIымрэ  Iеймрэ  я  пщалъэр  щхьэж  зэригъэувым  елъытамэ, сэ  сфIэфIыр зыгъэзахуэ  щэнхабзэ, цIыхубэ зэхэтыкIэ щызекIуэ щIыпIэр  къыхэсхынущ, апхуэдэ цIыхухэр щынэхъыбэ зэхуэсыпIэр  е  зэхуэсыгъуэр  сфIэфIынущ, щымащIэм  е  здэщымыIэххэм  япэIэщIэу сызэрыщытынум сыхущIэкъунущ. Псалъэм папщIэ, сабийр  къыхуэпхъашэ  дэджэгуэгъу  е  гъэсакIуэ здэщыIэ, сыт  щыгъуи къыхуэIэфI адэ-анэр здэщымыIэ  еджапIэм  е  джэгупIэм  мыкIуэн  щхьэкIэ  магъ.  Балигъхэм зыхащIэр сытым дежи къамыгъэгъэлъагъуэми,  абыхэми къалъыхъуэр гугъу щрамыгъэхьын гупсэхупIэщ.  
ЦIыхум  езым дежкIэ нэхъыфIыр  сыт  щыгъуи  IупщIу  илъагъужу щыткъыми, гъуэгум  тет  гухэр  зэблэзыгъэкI  хабзэхэм  ещхьу,  плъыжь, гъуэжь, удзыфэ  къытхуэзыгъаблэ  щэнхабзэр  ди  зэпрыкIыпIэхэм  тыдогъэувэ, абы иукъуэдий зекIуэкIэм Iэуэлъауэншэу дызэрытетынум дыхущIокъу.  Нэхъыжь-нэхъыщIэкIэ дызэхэтщ: гъащIэм  нэхъыбэрэ  хэта  нэхъыжьым  уимыгъэбэлэрыгъыу  захуагъэм ухуиунэтIыныр  къехъулIэн  хуей хуэдэу щытщ, адыгэ хабзэмкIэ  ар  абы  икIи  и пщэрылъщ.  
Ныбжьрэ IэпкълъэпкъкIэ хэхъуа, зи гъащIэ еплъыкIэм зиубгъуа, гъэунэхугъуэкIэ  нэхъ  бейуэ  щыт   цIыхум  зимыужьу, нэхъ бзаджэу  жыпIэмэ, фIым  хуэмыузэщIа «сабиижьу» къыщынэ  куэдрэ  къохъу. Сыт щхьэкIэ? Дохутырым – витамин, егъэджакIуэм – гъэсэныгъэ, лъэпкъылIым - хабзэ узыншэ  хуэныкъуэу  къыщыхъунущ  апхуэдэ  нэрыбгэм. Ауэ дэ дызыхуейр, япэрауэ, цIыху псори зэхуэзыгъадэ, етIуанэрауэ,  псори  акъылэгъу дыздэзыщIын, шэч  къызытедмыхьэжын, упщIэ  дгъэувам  щыуагъэншэу  пэджэжын  жэуапт,  апхуэдэ  щыIэмэ. 
«ЗыгуэркIэ мыфI хьэдрыхэ кIуэркъым» жеIэ адыгэ псалъэжьым. Дэтхэнэ цIыхуми пщIэ щIыхуэпщIын  щхьэусыгъуэ гуэр бгъэдэлъщ, ар нэрылъагъу ехъулIэныгъэу щымытми. Абы къыхэкIыу, зыри  уэ нэхърэ нэхъ лъахъшэу къыщIэплъытэн щыIэкъым.  

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: