Сабийхэм я бзэм зезыгъэужь усэхэр

Анэдэлъхубзэр, зэрытщIэщи, цIыхум зезыгъэужь Iэмал къудейкъым, ар лъэпкъыр адрейхэм къахэзыгъэщ, и хабзэрэ щэнхабзэрэ зыхъумэ къулеигъэщ. ООН-м зэритхымкIэ, дуней псом бзэуэ мини 7-м нэблагъэ тетщ, абы щыщу мини 2,5-р кIуэдыжынкIэ шынагъуэ щыIэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, тхьэмахуитI къэс зы бзэ токIуэдыкIыж, ар щыщымыIэжым - лъэпкъри хошыпсыхьыж. 
Лъэпкъым и бзэр IэщIэмыхуным, ихъумэжыным зы лъэныкъуэкIэ елэжьхэм ящыщу къэплъытэ хъунущ ди тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ. Абыхэм я гупсысэр хуаунэтI щIэблэм я анэдэлъхубзэр фIыуэ егъэлъагъуным. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, сабий усакIуэ Хьэщыкъуей Олег.
«Анэдэлъхубзэр дымыщIэу хъунукъым, ар димыIэмэ, лъэпкъми гъащIэ иIэнукъым. Ди зэманым урохьэлIэ языныкъуэхэм я быным хамэбзэхэр ирагъащIэмэ нэхъ яфIэкъабылу. Ауэ анэдэлъхубзэр умыщIэу, фIыуэ умылъагъуу зыужьыныгъи уиIэнукъым. Иджыпсту щIэблэм я анэдэлъхубзэр яIэщIэдгъэхумэ, зы илъэс тIощI дэкIмэ, езы цIыкIухэм дагъэкъуэншэжынущ, «щхьэ си бзэр сумыгъэщIарэ?!», - жаIэу. Аращи, абы дегупсысыпхъэщ адэ-анэхэри, усакIуэхэри, егъэджакIуэхэри, дэтхэнэ балигъри. Унагъуэм къыщыщIэдзауэ гурэ псэкIэ а Iуэхум демылэжьу хъунукъым», - жеIэ усакIуэм.
Анэдэлъхубзэм и мыхьэнэр щIэншэщ. Дэтхэнэ лъэпкъми къыдэгъуэгурыкIуэн хуейщ и хабзэмрэ щэнхабзэмрэ. Ахэр зезыхьэр, зезыгъакIуэр ди анэдэлъхубзэхэращи, зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Хьэщыкъуей Олег и усэ Iэрамэ, сабийхэм яхуэгъэзауэ, нобэ фи пащхьэ идолъхьэ, шэч къытетхьэркъым ахэр анэдэлъхубзэм и мыхьэнэр къэIэтыным хэлъхьэныгъэ зэрыхуэхъунум.
СщIынкъым и жагъуэ
ХъумпIэцIэджым сщIым и жагъуэ,
Дадэ жеIэ уэшх къешхыну.
Ежэхыну псыхьэлыгъуэ,
Сэри чачэу срихьэхыну.
«Барфэ» жиIэу уафэр
ПщIантIэм къыдэхуэну.
Идыгъуну дыгъэр,
Уд фызыжь къэкIуэну…
СрегъэдаIуэ дадэ Iэджэм -
ЖеIэ зэуэ хъуну кIыфI…
СеIусэнкъым хъумпIэцIэджым,
Сэ уэлбанэ зикI сфIэмыфI!..
УкъэмыкIуэ, уэшх
УкъэмыкIуэ, пшэ, дыдей,
Къыздумышэ уэшх.
Дэ уэшх нобэ дыхуэмей
Е пщэдей къегъэшх.
Нобэ докIуэ зыгъэпскIакIуэ -
Дыгъэр гуащIэу къытхуегъэпс.
Уэшхыр ныджэм нумыгъакIуэ -
ДрикъухукIэ зыдгъэгъэпскI…
Сыт къытхуэфхьа?
Дэнэ, дэнэ
УщыIа?
Хэти, хэти
Уи гъуса?
Сыти, сыти
Къытхуэпхьа?
Мэзым, мэзым
СыщыIащ.
Дади, дади
Си гъусащ.
МэракIуапцIэ
Къыфхуэтхьащ…
Дани, Дани
Къыхуэфхьа?
Нани, нани
ВгъэгуфIа?
Папи мами
Ялъыса?

Мами папи
Ялъысащ.
Дани нани
ДгъэгуфIащ.
Дади сэри
Къытхуэнащ…

МэракIуапцIэр
Сыту IэфI,
МэракIуапцIэ
Сыту сфIэфI.
Зыдогъатхъэ,
ЗыдотIыж,
МэракIуапцIэри
Дошхыж.

КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
Поделиться:

Читать также: