Уафэр щымыджэмыпцIэу

5 Iыхьэ

Мардыкъуэ Уафэр иджу зэригъэпцIэжа нэужь, вагъуэхэмрэ Дыгъэ-Мазэмрэ къигъэщIри, иригъэтIысхьэжащ. Абдеж щыщIэдзауи, жэщымрэ махуэмрэ зызэблахъуу къэунэхуащ. КъыкIэлъыкIуэу абы къигъэщIащ къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ. 
Мы Iыхьэр теухуащ адрей тхьэхэм Мардыкъуэ я тхьэшхуэу къызэращтам, ар Тхьэшхуэ зэрыхъуам. 

Тхьэхэм пщIэ яхуищIу фэеплъ яхуегъэув Мардыкъуэ, вагъуэхэмрэ вагъуэщIхэмрэ Хьэршым щызэхеблэ. ЩIым и хабзэу илъэс бжэкIэр ныхуеусри, мазэ щырыщыххэ лъэхъэниплIым хуэзэу трегуэшэж. ЩIым и теплъэр къызэрыщ Уафэ къащхъуэм хузэхеблэ вагъуэбэ пщыкIутI: щIылъэ мазэ къэс хуэзэу вагъуэбэ зырыз! Ахэр жэщ уэздыгъэу ЩIылъэр зыдэбжэ гъуазэ мэхъу. 
Хьэрш напэм псори иритхъэу, Мардыкъуэ вагъуэбэр щрипхъэм, зы вагъуэ хегъэщхьэхукI. Ар псоми я курыкупсэм игъащIэ псокIэ итыну унафэ ещI. Жэщ уафэр абы екIэрэхъуэкIми, зэи и пIэм имыкIын вагъуэщ. Иригъуэзэнущ гъуэщари, кIуэдари, хэзэрыхьари. Нэбэр фIещыж а вагъуэхум, Мардыкъуэ щэхуу игъафIэм. И бгъуитIым щеухуэ хэщIапIэ зырызи, Инжьыжьрэ Уэтхьэрэ абы егъэIэпхъуэ. Уардэунэбжэхэр абрагъуэщ, зэIухащи, нэхур къыдопс.
Тианэ и щIэлъэныкъуэу Уафэр зэриухуам ущыдэплъейкIэ нэхъ жыжьэ дыдэу нэр здэплъысым Мардыкъуэ фIещ «ШэджагъуапIэ». Жэщ кIыфIыр къригъэнэхуу Уафэгум ирегъэтIысхьэ нэху щIыIэ зыпих уэздыгъэу Мазэ щхъуантIафэр. Жэщ-махуэ зэблэкIым и жэщ хъумакIуэщ а Мазэр. 
- Мазэм и кIуэцIкIэ зэи умыкIуэду, щэж Уафэм ит, жэщхъумакIуэ! Зы жэщи къэмынэу уи нэхур зэхъуэкI! МазэщIэу укъэунэхуурэ, уи нэхур таж теплъэу, къуапитIыр Iэтауэ къыкIуэкIи, жэщихкIэ нэхъри зыIэт. Ебланэ жэщым уи нэхур таж ныбэм нэскIэ хэхъуэнущ. А хабзэм уемылъэбакъуэу ухэхъуэ зэпыту зыпIэтурэ, епщыкIутхуанэу къыщIэкIи, зэрыхъурейуэ жэщ Уафэм къитIысхьэ! Абы иужькIэ, зышыIи, хуэм-хуэмурэ уэ ехыж, уи джабэм хэщIу и нэхум мазэкIэм псыгъуабзэ къэхъуж. Умыгужьей, Мазэ щхъуантIэ, апхуэдэурэ Дыгъэм и пащхьэ чэзукIэрэ укъихьэнщ. Уисыну къыпщыхъуу ушынэми, ар фызэблэкIыу аращ. Фызэдэджэгуурэ, махуэ щэщIыр зэрикIыу, Дыгъэм пэзантIэу таж щхъуантIэу аргуэру укъыкIуэкIынщ, - егъэIущ Мардыкъуэ Мазэр. 

(адэкIэ сатыр 20 хуэдиз къэтщ)

Мардыкъуэ Дыгъэм и хабзэри итхщ, жэщ-махуэр зэрызэблэкIыр иубзыхущ, хъумакIуэхэр игъэувыжри, Тианэ и хьэдэмкIэ къигъэзэжащ. Абы Iупсу къыIурыжар зэщIикъуэри, пшэ фIыцIэхэр, жьапщэр, уэлбанэр, уэшхыр, щIыIэр къыхищIыкIри, Уафэм щигъэпщкIуащ, щхьэж и чэзум къыкъуэкIын хьэзыру. Апхуэдэу, Мардыкъуэ Уафэр иджащ.
КIэлъыIэбэри, зэрилъэхъа хъым Тианэ и щIэлъэныкъуэр къыкIуэцIихыжщ, и щхьэр пиупщIщ, лъэныкъуэкIэ игъэтIылъри, тхьэ анэм и нитIым псы уэритI къригъэутIыпщащ: Идыджлэтрэ Фыратрэ. ИужькIэ щхьэ къупщхьэм къурш тхыцIэ псо къригъэкIыкIащ. Хьэдрыхэр къызэIуихри, дунейр зытхьэлэ псы лейр иригъэлъэдащ.
Тианэ и хьэдэщIэлъэныкъуэм щIылъэ къыхищIыкIщ, Уафэр къемыхуэхын щхьэкIэ, тхьэ анэм и лъакъуитIыр щIэсэну уафэм щIигъэкъуэжри, ЩIылъэр зэригъэпцIащ. 
А псори зэрыщыIэну Хабзэр Мардыкъуэ етхыж, зэтеубла ЩIым и тету Уэтхьэ къегъэуври, езыр Уахэм йотIысхьэж. 
КIагъуэ къыIэщIаха ГъащIэ тхылъри Мардыкъуэ къыIэщIалъхьэж. 

6 Iыхьэ
И чэзур къэсри, хъуэпсащ Мардыкъуэ ЩIым щигъэпсэун гуэр къигъэщIыну. А гупсысэм имыгъэпсэу щыхъум, Уэтхьэ деж кIуэри, и гурылъхэмкIэ дэгуэшащ. Тхьэхэм Хасэ зэхашэ, мэхасэри, Мардыкъуэ «ЦIыхукIэ» зэджэр зыгуэрым къыхэщIыкIын хуейти, КIагъуэ а Iуэхум тыхь хуащIыну траухуэ. Унафэм тету, КIагъуэ гъэрыпIэм къраш, яукIри, лъы къыщIэжам ЦIыху лъэпкъыр къыхащIыкI. Мардыкъуэ IуэхуфIу илэжьамрэ къарууэ къылъыкъуэкIам щхьэкIэ, Азыгъэл жыхуаIэ тхьэунэр Бабылейм щыхуаухуэ. 
Ухуэныгъэхэр зэфIэкIыу абы санэхуафэ щращIэкIыжа махуэм Мардыкъуэ и шабзэр уафэм ирагъэувэ, Тхьэшхуэм и фэеплъу игъащIэкIэ итыну. Абы къыкIэлъыкIуэу, Аншар, Лэхьму, Лэхьэму сымэ Мардыкъуэ гъэфIэныцIэ щырыщ къыхуагупсыс, ар хабзэ дахэ яхуохъури, адрей тхьэхэми цIэ щырыщ хуаус я Тхьэшхуэм. 
 

ЗэзыдзэкIар Фырэ Анфисэщ.
Поделиться: