ЩIалэгъуалэм я унэм![]() ЩIалэгъуалэм я унэ Налшык дэтым щекIуэкIащ интернационалист – зауэлIхэм я махуэм теухуа зэIущIэ. Абы кърагъэблэгъащ Венгрием щызэуа Беслъэней Борис, Куба щекIуэкIа дзэ Iуэхухэм хэта Алиев Вячеслав, Афганистаным щызэуа Габоев Азрет - Алий. ХьэщIэхэм яхэтащ СВО-м къулыкъу щезыхьэкI Джэрий Аслъэн, Бахъуэ Алим, Дыджэш Азэмэт сымэ. Республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсхэмрэ хамэ къэралхэм зауэлI къалэн щезыхьэкIахэмрэ зэпсэлъащ Афганистаным щекIуэкIа зауэм ди цIыхухэр зэрыщыIам, абыхэм ягъэзэщIа къалэныр зыхуэдэм, зауэлIхэр лIыгъэщIапIэ зэрихуам, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми теухуауэ.
Поделиться:
Читать также:
27.06.2026 - 09:15 →
Фэращ республикэр зыщыгугъыр
18.05.2026 - 11:27 →
ЛъэныкъуитIыр зэгуроIуэ
14.05.2026 - 12:43 →
Фэеплъым и джэрпэджэж макъхэр
26.03.2026 - 13:36 →
Хэку тхыдэмкIэ зэпоуэ
10.03.2026 - 16:02 →
ЩIэныгъэм лъагъуэхэр пхрашу
| ||





