ГъущIыпсэхэмрэ адыгэпщхэмрэ

Къаныкъуэ лъэпкъым и тхылъым селэжьащ иужьрей илъэситIым. А Iуэхур къызэресхьэжьэрэ дэIэпыкъуэгъуу къысхукъуэкIамрэ зэрымыщIэкIэ сэбэп къысхуэхъуамрэ гъуни нэзи яIэкъым. Сэбэп къысхуэхъун папщIэ зы къару гуэрым къызишэлIа фIэк умыщIэу, цIыху куэдым сарихьэлIащ мы лъэхъэнэм. Абыхэм ящыщщ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, тхакIуэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист Къуиикъуэ Асфар.

Лэжьыгъэ IуэхукIэ нэIуасэ схуэхъуа щIэныгъэлIым зэхихат Къаныкъуэхэ я лъэпкъ тхылъ зэрыстхар. Махуэ гуэрым абы си электрон пощтым къредзых тхыгъэ, «Хэт ищIэрэ, сэбэп къыпхуэхъунщ уи тхылъымкIэ. НэхъапэIуэкIэ зыщIыпIи къытрадзакъым, Нагъуч Юсыф Сэхьид къиIуэтэжу стхыжа хъыбарщ», - жиIэу пыту.

Сылъыхъуэу схуэмыгъуэтым хуэдэт хъыбарыр, ипэжыпIэкIэ! Тхылъыр къыдэгъэкIыныр щIызэхуэмыхъури дунейм къытехьэн, хэIущIыIу хъун хуей гуэр хуэчэму арагъэнт.

Бзиикъуэ зауэм теухуауэ тхыдэм къыхэщыжыр (шапсыгъ лъхукъуэлIхэр уэркъхэм я унафэм щIэувэну ямыдэу щызэзэуар) нобэ Новодмитриевскэ къуажэкIэ дызэджэу Краснодар крайм щыIэм и Iэхэлъахэм щекIуэкIауэ щытащ 1796 гъэм мэкъуауэгъуэм и 29-м. Мы тхыгъэр зытеухуа УэщнэIу зауэр абы ипэжкIэщ къыщыхъуар.

АтIэ, хъыбарыжьхэм фIыуэ хэзыщIыкI Нагъуч Юсыф Сэхьид къызэриIуэтэжымкIэ, «Бийр къыщыдэбгъэрыкIуэкIэ япэу удыныр зытехуэр дэращ, дащыпэмылъэщым деж дыкъикIуэтын хуей мэхъу, ди щIыбагъ зыри къыдэткъыми. Дызэкъуэвгъэувэ, дызэрывгъэIыгъ» жаIэри, адыгэ уэркъхэр (къэбэрдейхэр, бжьэдыгъухэр, хьэтыкъуейхэр) хы ФIыцIэмкIэ Iэпхъуат, жи. Адыгэхэм дзэзешэу яхэтар Къаныкъуэ Идрисыпщырт.

 Гъуакъуэ щIыпIэм щихьэм, Идрисыпщым унафэ ищIащ дзэм лIыуэ хэтым мывэ тыкъыр зырыз къащтэу, Iуащхьэу зэтралъхьэну. Апхуэдэ щIыкIэкIэ пщым зауэлIу щIыгъум и бжыгъэр къилъытэу арат. Мывэ Iуащхьэр зэтралъхьэри, адыгэхэм НыхэтхкIэ ягъэзащ.

ГъущIыпсэхэм (убыххэм, шапсыгъхэм, абазэхэхэм, натхъуейхэм зэреджэр арат) ягу ирихьакъым адыгэхэр къазэрыхыхьар, тэлайкIи зашыIащ, ауэ хьэщIагъэ ирахын дэнэ къэна, зыкъаIэтри, зауэ иращIылIащ хьэщIэхэм. Адыгэпщхэм я Iуэхуи, я щхьэкIуи зыти, гъущIыпсэхэр зэдагъэбиину къызэкъуэуващ.

ГъущIыпсэхэм яхэтт Хъурмэ Бжьыбгъу, Щауэтэхъу Нашэ, Къуаджэ Хъуэжь сымэ. ЗэрыжаIэжымкIэ, Щауэтэхъу Нашэ, сыт хуэдэ удын хьэлъэ телъами, уIэгъэ хъуам и псэр хэмыкIауэ къыIэщIыхьэмэ, зыгъэхъуж Iэзэт. АдреитIыр Шапсыгъым ис лIы цIэрыIуэхэт.

ГъущIыпсэхэр джэбэгъурэ сагъындакъкIэ зэщIэузэдат. Джэбэгъу хъужыр баш кIыхьщ, и дзэпкъитIыр зэщIэлъыкIауэ, къамэ жан и пэм пылъу, метритI нэхърэ нэхъ кIыхьу, жыжьэу щытым уеуэмэ, пиупщIу, урепыджмэ, ириIулIу. Адыгэ уэркъхэм джатэрэ сагъындакърэ якIэрыщIат. Пщы уэркъыдзэу къуэкIыпIэмкIэ къикIахэм дзыныр я хабзэт, гъущIыпсэхэм хэлъэдэныр я щIасэт.

ДзитIыр Ныхэтх деж щызэрихьэлIащ, зэзэуэн хуей щыхъум. Абазэхэхэр зауэм къыщыхыхьар УэщнэIу дежщ. Ахэр зрихьэлIар Лабэ-Псыжь Iуфэ Iуса адыгэхэрщ.

Къаныкъуэ Идрис зи пашэ къэбэрдеидзэр зрикIуэ бгы гъуэгур зы лъагъуэ закъуэти, гупыр абы даубыдэу даукIыхьыну мурад ящIащ гъущIыпсэхэм. Абазэхэхэм жыг гуп ирахщ, я щхьэкIэхэр кIапсэкIэ зэрапхри, къеIэмэ, къэбэрдейхэм къытрагъауэурэ щIрагъэпIытIэну къагъэхьэзыращ. Апхуэдэ дыдэуи ящIащ. Дзэр щыблэкIым къуэгъэнапIэм къуэс гъущIыпсэхэм щхьэж и кIапсэр къиукъуэдийри, жыгыжьхэр къэбэрдейхэм трагъэуащ. Зы Анчокъуэ гуэрым и жыг Iыхьэр къыхуэгъэуатэкъыми, абы зэрыщIигъэщтэжам къыхэкIыу, абазэхэхэм а щIалэм ГутIэ фIащауэ щытащ. Жыгхэр къызэхэуэу, гъуэгур зэхуэщIа щыхъум, къэбэрдей шуудзэр къуэм къыдэнащ.

Зэрыхьзэрийр къыщызэщIэстэм Ауджэдж къаныр къэгуоуащ жи: «Шыгъуэтыж есыр къэсу щытмэ, къуэм дыдишыжынщ, фымыгужьей», - жиIэри. АрщхьэкIэ, Ауджэджыр е къэсакъым, е дишыжыфакъым. Сытми, абазэхэхэр зыщыгугъар а щIыпIэм къащыдэхъуакъым – къуэм даубыда къэбэрдейхэм зыкъызэкъуахри, гъущIыпсэхэм хьэлэчыр къыхалъхьащ. Абы теухуауэ «УэщнэIу зауэ» жиIэу уэрэдыжь щыIэщ, а зэхэуэм къэбэрдейхэм къайхъулIам хуаусыжауэ.

А зэхэуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа къэбэрдейхэр Ныхэтх икIауэ адэкIэ щыкIуэцIрыкIым, шапсыгъхэр къапэуващ. «Уэ нэкIуэпакIуэу ныхыхьэ, сы сыныфкIэлъыпхъэрынщ, фэ къэвублэ!» - гупхэм щхьэж я къалэнымкIэ зэгурыIуащ шапсыгъ пашэхэр.

Шапсыгъ пашэр Къаныкъуэр зытес пщIэгъуалэм сагъындакъкIэ къеуэри, шым и кIэбдзым зыхригъэсащ. ПщIэгъуалэр абы игъэIэлауэ, илъ-ипкIырт, лъыр уэру къыщIэжырти, зиукIыжырт. Ар зылъэгъуа къэбэрдеидзэм и лъэри щIэхуащ.

Шапсыгъхэр джабэгъукIэ къауэу, мыдрейхэр сагъындакъкIэ уэжу, гъущIыпсэхэм зэребгъэрыкIуэн Iэмал джабэгъухэм кърамытурэ, къуэкIыпIэ адыгэхэр зэтраукIащ. Къаныкъуэпщри хэкIуэдащ а зауэм. ЗэраукIар удын гъущэщ, зыукIам и Iэщэр башт, щаукIа щIыпIэр Ныуэжьейщ, щыщIалъхьэжари Хьэдэкъуэщ.

Зауэм къыхэкIыжа гупым къыздикIамкIэ ягъэзэжащ. Гъуакъуэ къыщысыжым, нэхъапэIуэкIэ ягъэтIылъа мывэхэм кърихьэлIэжати, псэууэ къэнам щхьэж и мывэ зырыз къыхихыжщ Iуащхьэми, нэгъуэщI щIыпIэ деж щызэтрадзащ. Апхуэдэу щащIым, псэухэм я Iуащхьэр цIыкIужьейуэ, зэуапIэм къинам я Iуащхьэр ину къанэри, дзэзешэхэм къагурыIуащ я цIыху куэд а зауэм зэрыхэкIуэдар. Къаныкъуэм и дзэм хэтахэм я мывэ IуащхьитIыр нобэр къыздэсым Гъуакъуэ итщ.

А зауэм иужькIэ адыгэпщхэм я къуажэхэр псы Iуфэм къыIуашыжри, нэхъапэIуэкIэ щыпсэуа губгъуэмкIэ ягъэзэжащ.

- Гурыщхъуэ сощI Бзиикъуэ зауэм хэша хъуа бжьэдыгъухэм я адэжьхэм ялъ ящIэжу, 1796 гъэм гъущIыпсэхэм езэуауэ. Сыту жыпIэмэ, апхуэдэ къэхъугъэр хъыбарыжьу яхэлъагъэнущ щIэблэм, гъужьгъэжь гъэтIылъаи хуаIащ шапсыгъхэмрэ абазэхэхэмрэ. Бзиикъуэ зауэм ялъ щащIэжауэ аращ, - жеIэ Асфар.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: