КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, худэжникхэм я урысей академием, СССР-м, КъБР-м, Сочэ къалэм я СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэхэм, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр 2001 гъэм зыхуагъэфэща Акъсырэ МуIэед Алий и къуэр къызэралъхурэ илъэс 95-рэ ирокъу.
Адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ япэ адыгэ профессиональнэ сурэтыщI Акъсырэ МуIэед Псыгуэнсу къуажэм 1931гъэм мазаем и 23-м къыщалъхуащ. 1947 гъэм ар ягъэкIуащ ди къэралым и еджапIэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщ зым - Саратов къалэм дэт художественнэ училищэм. Ар ехъулIэныгъэкIэ къиухри, къигъэзэжащ. 1981-1984 гъэхэм КъБАССР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу лэжьащ, мызэ-мытIэу хэтащ союзпсо зэхуэсхэм.
Акъсырэм и лэжьыгъэхэм ноби щIэупщIэшхуэ яIэщ. Ахэр щахъумэ Налшык, Ставрополь щыIэ художественнэ музейхэм я фондхэм. КъищынэмыщIауэ, Урысейм и щIыналъэхэм, хамэ къэралхэм щыпсэу цIыху щхьэхуэхэми абы и сурэтхэр зэхуахьэс. МуIэед и лэжьыгъэхэм апхуэдэ щIэупщIэ щIаIэм и щхьэусыгъуэхэм ящыщщ и щIэныгъэм зэпымыууэ зэрыхигъэхъуэным зэрыхущIэкъуар, къигъэсэбэп Iэмалхэм зэрызригъэужьар.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщ гъэлъэгъуэныгъэхэм, ар Москва, Ленинград, Налшык ирехъу, Акъсырэ МуIэед жыджэру хэтащ 1952 гъэм щыщIэдзауэ. 60 гъэхэм щегъэжьауэ 90 гъэхэм пщIондэ КъБР-м и сурэтыщIхэм я гъэлъэгъуэныгъэу Мэхъэчкъалэ, Грознэ, Дон Iус Ростов, Винницэ, Краснодар, Орджоникидзе, Ставрополь къалэхэм къыщызэрагъэпэщахэми Акъсырэм и лэжьыгъэхэр утыку къыщрахьащ. Налшык, Москва, Ставрополь, Пятигорск къалэхэм, нэгъуэщI щIыналъэхэми и щхьэзакъуэ выставкэхэр зыбжанэрэ щекIуэкIащ. Абы и лэжьыгъэхэр щагъэлъэгъуащ Иорданиемрэ Сириемрэ.
Сабиигъуэ дыдж зиIа, зи адэ-анэр пасэу зыфIэкIуэда Акъсырэ МуIэед зэрыцIыкIурэ есат гугъуехьхэр къызэринэкIыфу. Абы и лэжьыгъэхэм ящыщ куэд теухуащ Хэку зауэшхуэм щыгъуэ ишэча гугъуехьхэмрэ и нэгу щIэкIа гузэвэгъуэхэмрэ. Ауэ абыхэм «гъэр» заригъэщIакъым. Акъсырэм хузэфIэкIащ гъащIэм и IэфI, и дахэ къигъэлъэгъуэну. Бгы уардэхэр, сэхуран гъэгъахэр, дыгъэ бзийхэр зытеджэгухь щIыуэпсыр, гъэм и зэманхэм я теплъэ дахэхэр, натюрмортхэр, удз гъэгъахэр, бзылъхугъэхэм я сурэтхэр, республикэм и теплъэхэр къызэрыщ и сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэр удэзыхьэхщ, узыгъэгупсысэщ. Абыхэм щыболъагъу и Хэкум, щIыуэпсым хуиIэ лъагъуныгъэ иныр.
Акъсырэ МуIэед и IэщIагъэм теухуауэ иIа ехъулIэныгъэхэм и фIыщIэ хэлът сыт щыгъуи абы и Iуэхухэр къыдэзыIыгъа, щIэм тезыгъэгушхуэ и щхьэгъусэ Лидэ. И унагъуэм илъа хабзэмрэ зэгурыIуэмрэ арагъэнщ зи плъыфэхэр зэгъэкIуа и лэжьыгъэхэм лъабжьэ яхуэхъуар. НэхъыжьыфIыр иригушхуэрт и IэщIагъэм и къуэмрэ и пхъурылъхумрэ зэрыпащам, и сурэтхэр цIыхухэм щIэщыгъуэ зэращыхъум.
Республикэм и сурэтыщI гъуазджэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ Акъсырэ МуIэед и Iэдакъэм къыщIэкIа лэжьыгъэхэм къыщыгъэлъэгъуащ Хэку зауэшхуэр, щIыналъэм и щIыуэпс къулейр, абы и цIыхухэм ящыщу республикэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIуахэр. А фIыр, дахагъэр, тхыдэм хыхьэжа Iуэхугъуэхэр къызытещ сурэтхэр щIэблэм егъэщIэным, хьэщIэу, зыплъыхьакIуэу къытхуэкIуэхэм къыддалъагъуным мыхьэнэшхуэ зэриIэм шэч хэлъкъым.
Илъэс 85-рэ и ныбжьу, Акъсырэ МуIэед дунейм ехыжащ 2016 гъэм. Езым и псэм зыхищIа дуней псо къызэринэкIащ сурэтыщI гъуэзэджэм.