Доныжь цIыкIу и бжэнибгъур

Адыгэ хъыбархэмрэ таурыхъхэмрэ гъэщIэгъуэну къыщыгъэлъэгъуащ мэз, унагъуэ псэущхьэхэр. Ахэр мэпсалъэ, бзаджагъэ йокIуэ, зэпоуэ. Псэущхьэхэм я хьэл-щэнхэмкIэ къызэпкърыха мэхъу фIымрэ Iеймрэ, насыпым, къулеягъэм, нэгъуэщI хъугъуэфIыгъуэхэми я Iэмалхэр. ДАДЭ Адэлбий итхыжахэм ящыщщ «Доныжь цIыкIу и бжэнибгъур» хъыбарыр. ЩIагъыбзэ гъэщIэгъуэн хэлъщ мыбы лъэщагъым, акъылым, IэкIуэлъэкIуагъэм теухуауэ.

ГЪУЭТ Синэ.

Доныжь цIыкIу бжэнибгъу иIэт: зыр зы ныбэу, зыр ныбитIу, зыр ныбищу, зыр ныбиплIу, зыр ныбитхуу, зыр ныбихыу, зыр ныбиблу, зыр ныбийуэ, ебгъуанэр ныбибгъуу. Бжэныжьибгъур махуэ къэскIэ езыр-езырхэу хъуакIуэрт, ныбибгъу зиIэ бжэныжьыр бжэныхъуэу. Доныжь цIыкIу дакъэжь мафIэм зригъэууэ, и лъакъуэр яжьэм хэгъэлъэдауэ жьэгум дэст. Зы махуэ гуэрым бжэныжьибгъур хъуакIуэ кIуат. Зыкъомрэ хъуэкIуа нэужь, зы ныбэ фIэкIа зимыIэ бжэныжьым и ныбэ из хъури жиIащ:

- НакIуэ, ныбитI, дыгъэкIуэж.

- Уэ узыныбэ щхьэкIэ, сэ сыныбитIщ, адрей ныбэм из сщIын хуейщ, зыкъом дэкIмэ, сынэкIуэжынщ, - жиIащ ныбитIым. Ныбэ закъуэ зиIэ бжэныжьыр къэкIуэжыну къежьэжащ. Пхъэбгъу лъэмыжышхуэм къэсри, «быргу-быргу» жригъэIэу техьащ. Дыгъужьыжьым и дзэр илъу лъэмыж кIапэм къыкIэщIэсти, Іэуэлъауэр щызэхихым, къэпсэлъащ:

- Хэт ар?

- Сэращ.

- Уэ ухэт?

- Сэ сы-бжэнщ.

- Хэт урей?

- Доныжь цIыкIу.

- Дэнэ укъикIыжрэ?

- ХъуакIуэ.

- Ари хъунщ. АтӀэ Доныжь цIыкIум сыт и лIыгъэ?

- Сыт и лIыгъэн? Доныжь цIыкIур яжьэхэсщ. И лъакъуитIыр яжьэм хэгъэлъэдауэ, махуи жэщи жьэгум дэсщ.

- Доныжь цIыкIу абы фIэкIа лIыгъэ щимыIэкIэ, мэ-тIэ, - жиIэри бжэныжь цIыкIур къиубыдри ишхащ.

Ауэрэ зыкъом дэкIауэ, ныбитI зиIэ бжэныжь цIыкIуми и ныбэм из хъуащ. Ныбищ зиIэм бгъэдыхьэри жриIащ:

- НакIуэ, си къуэш, дыгъэкIуэж.

- Хьэуэ, сэ иджыри сынэкIуэж хъунукъым, уэ уныбитI щхьэкIэ, сэ сыныбищщ, си ныбэ ещанэм из хъумэ, мыгувэу сынэкIуэжынщ, - жиIащ ныбищ зиIэ бжэным. НыбитІ зиIэ бжэныжь цIыкIур къэкIуэжыну и закъуэу къежьэжащ. Пхъэбгъу лъэмыжым къэсыжри, «быргу-быргу» жригъэIэу щытехьэм, и нэр къижу дыгъужьыжьыр лъэмыж щIагъым щIэсти, Іэуэлъауэр щызэхихым, къыщылъэтри щIэупщIащ:

- Хэт ар?

- Сэращ.

- Уэ ухэт?

- Сэ сы-бжэнщ.

- Хэт урей?

- Доныжь цIыкIу.

- АтIэ, иджы дэнэ укъикIыжрэ?

- ХъуакIуэ.

- А псори хъарзынэщ, ауэ Доныжь цIыкIу сыт и лIыгъэ? – щIэупщIащ дыгъужьыр.

- Сыт и лIыгъэн?! Яжьэхэсщ, и лъакъуитIыр яжьэм хэгъэлъэдауэ, къыдэмыкIыу жьэгум дэсщ.

- Мэ-тIэ, абы фIэкIа Доныжь цIыкIу лIыгъэ щимыIэкIэ, - жиIэри, къиубыдри ишхащ.

Апхуэдэурэ дыгъужьым Доныжь цIыкIу и бжэнийр ишхащ.

Жэщ хъупауэ, ныбибгъу зиIэ бжэн ебгъуанэр, ерагъыу и ныбэм из ищIри, зещэтэжу ныбэкъ хъуауэ, къежьэжащ. И гъусэ бжэнийри дыгъужьыжьым щызыIуригъэлъэда лъэмыжым кIыфI хъупауэ къэсыжри, мо хьэлъэ хъуа бжэным пхъэбгъу лъэмыжыр игъэпсалъэу къыщытехьэм, лъэмыж щIагъым жейуэ щIэлъ Дыгъужьыжьыр къызэрыщтар къримыгъэщIэну макъ гъумыщIэкIэ щIэупщIащ:

- Хэт ар?

- Сэращ, сэра! – жиIащ бжэным, зигъэпагэу.

- Уэ ухэт?

- Сэ сы-бжэн ныбибгъущ.

- Хэт урей?

- Доныжь цIыкIу срейщ.

- АтIэ нобэ лъандэрэ дэнэ ущыхэта?

- Нобэ лъандэрэ хъуакIуэщакIуэ сыщыIащ.

- А зи гугъу пщIы Доныжь цIыкIу сыт и лIыгъэ?

- Доныжь цIыкIум и лIыгъэращ: сэ хъуакIуэщакIуэ сыкъыщикIыжкIэ, къэзубыда-къэзукIахэм я фэр трехри пщампIапхъэ, пыIапхъэ, джэдыгупхъэ къыхещIыкI, - жиIащ Ныбибгъу.

- АтIэ сыт а уи щхьэщыгум тет кIыхьышхуитIыр? – къеупщIащ дыгъужьыжьыр.

- А тIур си Іэщэщ, дыгъужь сыхуэзэмэ, сопыджри ирызоукI, - жиIащ бжэн ныбибгъум.

- АтIэ а Ӏэуэлъауэшхуэ зыщIхэр сыт? – еупщIащ аргуэру дыгъужьыр.

- Ахэр си лъакъуэжьышхуэхэрщ, дыгъужь сыхуэзэмэ, сритепкIэурэ щIым щыщ хъужыхукIэ хызоутэ, - жиIащ гушхуауэ бжэн ныбибгъум.

«Апхуэдиз къарурэ лIыгъэрэ зыхэлъ Доныжь цIыкIумрэ бжэн ныбибгъумрэ сэ псэууэ сакъелынкъым», - жиIэри дыгъужьыжьыр щтэри щIэпхъуэжащ.

Бжэн ныбибгъури зигъэпагэу кIуэжри и нэгу щIэкIахэр къуажэм дэс цIыхухэм щахуиIуэтэжым, хэт бжэгъу иIыгъыу, хэт гуахъуэ иIыгъыу, хэти джыдэ иIыгъыу къыдэжхэри дыгъужьым и лъэужьыр ирахужьащ. Мыгувэу ахэр дыгъужьыжьым лъэщIыхьащ. Щхьэж иIыгъ ІэщэмкIэ яубэрэжьурэ,

абыхэм дыгъужьыр и пIэм кърамыгъэкIыу абдеж кIэ щратащ. Бжэну ишха псори и ныбэм зэрыпсэууэ къикIыжащ. Доныжь цIыкIу бжэнийр япэм иту ихужри гуфIэжу кIуэжащ.

Поделиться:

Читать также: