Шэрджэс

ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа, зи анэдэльхубзэр нэгъэсауэ фIыуэ зыщIэу щыта Къэрмокъуэ Хьэмид тхыгъэ куэди зэридзэкIащ ди тхыдэм теухуауэ. Абыхэм язщ Лондон къыщыдэкI «Таймс» газетым и корресподент Лонгворт Джеймс 1837 гъэм Шэрджэсым къакIуэу адыгэхэм зы илъэсым щIигъукIэ яхэса нэужь, и гукъэкIыжхэр иту къыдигъэкIауэ щыта тхылъыр. 
Щыгъуазэ фыдощI а тхыгъэм къыхэтха пычыгъуэм, зэрыжытIащи, Къэрмокъуэ Хьэмид зэридзэкIауэ. 
… Шэрджэсым сыкIуэн и пэ, Синоп зыбжанэрэ зыщысIэжьэн хуей хъуащ, кхъухьым сыпэплъэурэ. Синоп сыздыдэсым нэIуасэ сыхуэхъуащ Хьэжы зи цIэ тырку сатуущIэ; хьэпшып ишэурэ, Шэрджэсым кIуэрейт ар, абы хэгъэрей щикуэдт, я Iуэху зытетми щыгъуазэт. НэIуасэ дызэхуэхъуа нэужь, тырку сатуущIэр къызэупщIащ: «Нэгъуей Исмел пцIыхурэ?» - жиIэри. ЗэрызмыцIыхур щыжесIэм, абы и хъыбар сригъэдэIуащ. 
СатуущIэм къызэрызжиIамкIэ, Нэгъуей Исмел Занокъуэ Сафарбий и бзэгузехьэт, езы Занокъуэр, шэрджэсым я лIыкIуэ цIэр зытригъэIукIауэ, Истамбыл дэст. Урыс министрым къащытрикъузэм, ар Истамбыл дагъэкIри тэтэр къалэ цIыкIу гуэрым, Базарджик, дагъэтIысхьат. 
Нэгъуей Исмел Занокъуэ Сафарбий и тхылъ зэриIыгъыр къищIащ сатуущIэм, къысщибзыщIакъым шэрджэсхэм къахуигъэхь тхылъым итри: Занокъуэм зэритхымкIэ мистер Уркхарти, Белли, сэри дытIасхъэщIэхт, шэрджэсхэм я тIасхъэ щIэтхын, абы урысхэр щыгъуазэ тщIын фIэкIа нэгъуэщI Iуэху зетхуэртэкъым. Мистер Уркхарти Истамбыл дэсащ, инджылыз лIыкIуэм деж щылэжьащ, Шэрджэсым щыIащ, Лондон яшэжами, зэрыхузэфIэкIкIэ ядоIэпыкъу шэрджэсхэм; Белл Шэрджэсым кIуауэ щыIэт, Iэщэ, бдзапцIэ яхуишауэ. Занокъуэр зыхэтыр пцIы къыткIэлъызэрихьэурэ дызэригъэулъиинт, ар къехъулIамэ, «шэрджэс лIыкIуэ» цIэр фIэмыкIуэдынкIэ гугъэрт. 
Уигу фIы щыщIэнт, апхуэдэ хъыбар зэхэпхамэ! ИтIани сыщIегъуэж хъунутэкъым: шэрджэсхэм я Iуэху зытетыр си нэкIэ зэзгъэлъагъун щхьэкIэт сыкъыщIежьар - ахэр зауэ гуащIэм зэрыхэтым сыщыгъуазэт; сяпэ кIуауэ щыIэ си лъэпкъэгъу Белли сыхуэзэн хуейт. 
Толъкъунхэр нэхъ увыIэжа нэужь, хым дытехьащ. Хы Iуфэм гъунэгъу зыхуэдмыщIыщэурэ дыздэкIуэм, Шэрджэсым дынэблэгъауэ, пшэ хужьыбзэхэм къахэплъ Iуащхэмахуэ ди нэгу къыщIэуващ…
Май мазэм (1837гъэм) сыхьэтипщIым деж хы дэупIэ гуэр дыдыхьэри хъурзэр еддзыхащ. Кхъухьым дикIынути, хы Iуфэм щытлъэгъуар цIыху зыщыплIщ. Iэнкун дыхъуауэ зытIэжьэху, мэзым зы шу къыхэкIащ; псым къыхыхьэри, къыдбгъэдэкIуэтащ ар, Iэ къытхуищIри псым хэкIыжащ. Мэзым къыхэкIыурэ, хы Iуфэр цIыху куэдыкIейм яуфэбгъуащ асыхьэтым - хэт шущ, хэт лъэсщ: шэч хэлътэкъым ахэр дэ къызэрытпежьам. 
Кхъухьым дыкъикIа нэужь, хы Iуфэм Iут хьэщIэщым дашащ. Сэ жьантIэм сыдагъэтIысхьащ, зырыз-тIурытIурэ къыщIохьэ бысымхэр; «Узэпэщмэ!» - жаIэри фIэхъус къызах, абы къыфIагъэкIыркъым. Псори зэщIэузэдащ: дохъутейм илъ фочхэр я плIэм фIэдзащ, я сэшхуэхэмрэ я къамэхэмрэ я бгым ищIащ. ЦIыху екIу защIэщ шэрджэсхэр, бжьыфIэхэщ, Iэчлъэчхэщ - апхуэдэщ хьэщIэщым къихьахэм я нэхъыбапIэр - дауи, зауэлIщ ахэр, мафIэлыгъэр Iэджэрэ ягъэунэхуауэ. Сыхьэт ныкъуэ хуэдэ къэтауэ, хьэщIэщым къихьэжащ тырку сатуущIэр. Абы къызжиIащ гъуэгу дытехьэн зэрыхуейр; уанэшищ къыIуашащ хьэщIэщ бжэIупэм. Шым сыщышэсым, гу лъыстащ адыгэ уанэр зыми зэремыщхьым, сышэса нэужьщ абы пэхъун зэрыщымыIэр си фIэщ щыхъупар. Тырку уанэр жыжьэуи щIыхьэнукъым шэрджэсхэм я уанэм - уи Iэпкълъэпкъым зегъэпсэху абы уисмэ, шым махуэ псом укъемыпсыхакIэ уешыркъым. ЗекIуэмрэ зауэмрэ хуэщIащ шэрджэс уанэр: абы здисым зрегъэзэкIри зоуэкI шэрджэс шур, зыкъригъэзэкIыжмэ, сэшхуэр егъабзэ… Махуищ гъуэгу дытета нэужь, цIыху цIэрыIуэ гуэрым и хьэщIэщым драшащ, абы къыщыдаха хьэщIагъэр зэи сщыгъупщэжынукъым. ХьэщIэм пащI щыIэкъым шэрджэсым, сэри апхуэдэущ къызэрысхущытар. Адэ-мыдэкIэ къикIыурэ, куэд къыслъыгъуэзащ а хьэщIэщым сисыху. Псоми зи гугъу ящIыр зыт: урысхэр Пшат деж къыщитIысыкIынущ. Абы щхьэкIэ гузавэу фэ ятеткъым шэрджэсхэм - зэрыIэдэбщ, ихъу-илъ яхэслъагъуэркъым. Зауэ я щыпэлъагъукъым шэрджэсхэм, есэжащ абы, зауэм я нэхъ гуащIэм хэхутэкIи къэдзыхэ я хабзэкъым. 
Пшат деж къыщитIысыкIынкIэ хъуну дзэм нэхърэ шэрджэсхэр сэ нэхъ згъэпIейтеяуэ къысщыхъуащ. Сыхэт сэ, сыт сакъыщIыхыхьар, сыт си мурадыр - зэрызэхэсхыжымкIэ, арат шэрджэсхэр нэхъ зытепсэлъыхьыр. Инджылыз пащтыхьым срилIыкIуэ, дауэ къысхущыт ар, кхъухькIэ къахуэсшар псоми яхуэзгуэшыну, хьэмэрэ ныбжьэгъу къысхуэхъура сызэтэнур - шэрджэсхэр зытепсэлъыхьыр апхуэдэ гуэрт. Си тыгъэм папщIэ фIыщIэ зыхуащIынур хэт: тырку пащтыхь Махьмуд ЕтIуанэра, хьэмэрэ инджылыз король Вильям ЕплIанэра - ари яхузэхэгъэкIыртэкъым шэрджэс гупцIанэхэм… 
 ЕтIуанэ махуэм и пщэдджыжьым си хьэщIэщым къихьахэм яхэтащ Шупагуэ Ислъам-Джэрий. Уэркъ цIэрыIуэхэм ящыщу аращ япэ сызрихьэлIар. И щхьэм пщIэ зэрыхуищIыжри, фIэлIыкI зэриIэри и фэмкIэ къиIуатэрт абы. Ислъам-Джэрий лIыкут, шевалье (уэркъ жыхуиIэщ) Мариньи гу литауэ зэрыщытащи (Шэрджэсым 1818 гъэм къэкIуэгъащ а француз дипломатыр, абы теухуауэ гъуэгуанэ тхыгъи къызэринэкIащ), и шынэхъыжьым, Нэгъуей, хуэдэу лъэрызехьэ хъунтэкъым ар, зэрыIущымрэ зэрыцIыху гъэсамкIэ абы ефIэкIми. Мариньи хэгъэрей зыхуэхъуауэ щыта лIым сызэрырихьэлIар си гуапэ хъуащ. Ар езым и гуапэ мыхъуауэ фэ есплъащ япэщIыкIэ - абы и щхьэусыгъуэр нэхъ иужькIэщ къыщызгурыкIуар. КъызэрыщIэкIамкIэ, абы игу къеуар езым деж сызэремыблэгъарт - Ислъам-Джэрий пщIэшхуэ щиIэт Пшат, япэ сыздеблэгъэн хуеяри абы дежт, иужькIэ къызэрызжаIамкIэ. Арат мыбы, Пшат деж, щыхабзэр: хьэщIэ лъапIэ къахыхьэмэ, япэ здихьэр Шупагуэхэ я унагъуэрт. Тырку сатуущIэм сыщигъэуауэ къыщIэкIащ: абы Шупагуэхэ урысхэм я тIасхъэщIэхыут зэрилъытэр. Абыхэм я пэIэщIэ сищIын щхьэкIэт а унагъуэм сыщIримышар - аращ езым къызжиIар. Шупагуэхэ урысхэм тIасхъэщIэх яхуэхъуауэ я фIэщ хъуртэкъым, уеблэмэ а лъэпкъым теплъэ мыхъу лъхукъуэлIхэм. ЦIыху цIэрыIуэ къытхыхьэмэ, езым хуэфащэм дежщ здеблэгъэн хуейр, тырку сатуущIэр дэни еблагъэ хъунущ - арат лъхукъуэлIхэр а Iуэхум зэреплъыр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Инджылызым нэс къикIа хьэщIэр Шупагуэ Мэхьмэт деж зэремыблэгъар а лъэпкъым я жагъуэ хъуащ, дзыхь езмыгъэзауэ ялъытэри. Дзыхь езмыгъэзауэ ялъытэкIэ, емыкIу яIэтэкъым Шупагуэхэ. Абы и щхьэусыгъуэр нэхъ жыжьэ къыщожьэ. 
1818 гъэм щыщIэдзауэ, шевалье Мариньи зыпащIэри, урысхэм я мурадащ шэрджэсхэм сату дащIын, ахэр сатукIэ къыдахьэхын. СатукIэ яублами, урысхэр зэщэр нэгъуэщI гуэру къыщIэкIынут. Ар къыгурыIуакъым Индар (тыркухэр Индар - оглукIэ зэджэм) и къуэ Мэхьмэт: урыс сатум хыхьащ, урыс дзэпщхэр къызэрыхуэбзафIэм игъэжакъуэри, абы текIуэдэж пэтащ. Урыс пащтыхьым хуэзащ Шупагуэ Мэхьмэт, ар тыгъэ лъапIэхэмкIэ къыхуэупсащ. Индар и къуэ Мэхьмэт урысхэм дзыхь иригъэзащ, лъхукъуэлIхэм ахэр жыжьэуи зрагъэкIуэлIакъым, ар дэнэ къэна, хы Iуфэм кърашэлIа я хьэпи-шыпи ягъэсащ. Индар и къуэр урысхэм къащхьэщыжащ - арат лъхукъуэлIхэм ягу темыхуэххэнур: Шупагуэхэ хьэрэм ящIащ. Я лъэпкъым пэувыжаи къахэкIащ Шупагуэхэ. 
Мылъкушхуэ зэрыбгъэдэлъым, зэрыцIэрыIуэ дыдэм и фIыгъэкIэ, Индар и къуэ Мэхьмэт хэутэн зригъэщIакъым. КъуиплI иIэти, плIыри зыщIэбэныр зыт: Пшат деж щаIа пщIэр къызэрыдахыжынт. Зэшхэр зауэлI хахуэт, зрамыкурэ зытемыгушхуэнрэ щыIэтэкъым. Тынштэкъым апхуэдэ лъэпкъ лъэрызехьэм упэувыныр, ар къагурыIуэрт жагъуэгъу къахуэхъуа лъхукъуэлIхэми. ЗэшиплIым я нэхъыжьым, Нэгъуей, лъэкI къигъанэкъым я лъэпкъым и пщIэр къыдихыжынкIэ, Шупагуэхэ урысхэм зэрамытIасхъэщIэхыр зэуапIэм къыщигъэлъэгъуащ: Суджыкъу деж щекIуэкIа иужьрей зауэм абы урыс генералыр хиукIыхьащ… 
Ислъам-Джэрий иджыри къэс къызэрысхуемыблэгъам и щхьэусыгъуэр къызжиIэжащ: зекIуэ ежьати, хущIыхьакъым. «Ди адэри къеблэгъэнут, - жиIащ абы. - Гукъыдэмыжщи, дунейм къытехьэркъым армыхъу». Абы иужькIэ хэгъэрей дызэхуэхъуащ Ислъам-Джарийрэ сэрэ, Шэрджэсым сисыху, дэнэ сыкIуэми, гъусэ къызэрысхуэхъунур, и нэIэ зэрыстримыгъэкIынур къызжиIащ…   

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪАНКЪУЛ Раисэщ.
Поделиться: