ЛIыгъэм и щапхъэт

Хэку зауэшхуэм кхъухьлъатэзехуэу хэта ди зауэлIхэм ящыщщ ди республикэм щыщ, Куба къуажэм къыщалъхуа ТхьэкIумащIэ Абдулыхь. Кхъухьлъатэзехуэ хахуэм тетхыхьащ КъБР-м зауэм, лэжьыгъэм, къару зэщIэузэдахэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я советым щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ и комиссэм и унафэщI ПЩЫБИЙ СулътIан. ЛIыхъужьыр лIыгъэщIапIэ зэритащ, хахуагъэм къылъыкъуэкIам теухуауэ къытхуитхам щIэджыкIакIуэхэр щыгъуазэ фыхудощI.

Гвардием и лейтенант нэхъыжь ТхьэкIумащIэ Абдулыхь Куба къуажэм къыщалъхуащ. Еджэным и гур хуэпабгъэрти, я къуажэм икIыурэ Псыхъурей нэс кIуэрт, километри 6 хуэдиз зэпичу. Абы классибл къыщиухауэ, Налшык педучилищэм щIэтIысхьэри, ехъулIэныгъэ иIэу щеджащ. Зэреджэм хуэдэурэ, аэроклубми кIуэрт ар. Авиацэм дихьэхри, 1937 гъэм педучилищэр къигъанэри, Ейск гъэмахуэ еджапIэм щIэтIысхьащ. Ар къызэрыхихамкIи щыуакъым – курсант нэхъыфIхэм хабжэрт. Ейск еджапIэр къиухри, дзэм кIуащ ТхьэкIумащIэр – къулыкъу щищIащ Балтикэм, Бэракъ Плъыжьыр зезыхьэхэм я 12-нэ авиаэскадриль щхьэхуэм хэтащ. Абы хэта кхъухьлъатэзехуэхэр 1939 гъэм япэу япэувауэ щытащ белофиннхэм. Зэхэуэхэм къыщигъэлъэгъуа хахуагъэм папщIэ ТхьэкIумащIэ Абдулыхь къыхуагъэфэщащ «Бэракъ Плъыжь» орденыр.

1940 гъэм Абдулыхь унэм къагъакIуэжащ, зыгъэпсэхугъуэ пIалъэ иIэти. Абы щыгъуэ унагъуэ диухуащ я къуажэм щыщ бзылъхугъэ Мэлбахъуэ Налжан. Куэд дэмыкIыу Абдулыхьрэ Налжанрэ Ленинград ирагъэжьащ, Абдулыхь къулыкъур къыпэплъэрти.

Мэкъуауэгъуэм и 21-м ТхьэкIумащIэр зыхэт эскадрилым зигъэпсэхурт, уэгум ихьэн хуейтэкъым а махуэм. АрщхьэкIэ жэщым къызэщIагъэушащ. Хэку зауэшхуэр къэхъеят…

ТхьэкIумащIэ Абдулыхь яхэхуащ полковник Преображенскэм и авиацэм. Зауэм и япэ махуэхэм щегъэжьауэ ТхьэкIумащIэр нэмыцэ фашистхэм япэщIэтащ а гупым хэту. Нэмыцэхэм нэрыгъыу яубыдат Балтикэ флотым и кхъухьхэр щIрагъэлъэфэныр. Зэхэуэ гуащIэхэм ящыщ зым теухуауэ дивизэм и газетым щатхырт: «Мес кхъухьлъатэзехуэ ТхьэкIумащIэр. Абы хахуэу ехъумэ Балтикэм и кхъухьхэр. Совет информбюром и пщыхьэщхьэ хъыбархэм I94I гъэм шыщхьэуIум и 5-м къызэритамкIэ, Ейск авиаэскадрилым и кхъухьлъатэзехуэхэм Балтикэ хым тет бийр хагъащIэрт хахуэу. Кхъухьлъатэзехуэ ТхьэкIумащIэм уэгум щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм щыхигъэщIащ бийм и «Ю – 88» кхъухьлъатищ». ШыщхьэуIум и 28-м а газетым щатхащ мыпхуэдэу: «Ди кхъухьлъатэзехуэ лъэщхэм хым щIрагъэлъэфащ бийм и транспортитху. Ди зауэлIхэу Смирнов, ТхьэкIумащIэ, Годунов сымэ нэмыцIэ кхъухьлъатищ къраудыхащ».

Абдулыхь къулыкъу къыдэзыщIахэу Нижний Новгород щыщ Сутырин Б. Н; Евпаторием щыщ Румянцев Д. А; Алма-Аты щыщ Петров Г. С сымэ я гукъэкIыжхэм къазэрыхэщыжымкIэ, ТхьэкIумащIэр хахуэт, къикIуэт зымыщIэт, фашистхэм щысхь яхуиIэтэкъым, зыхэт гупым фIыуэ къалъагъурт. Абы и псалъэр ялъытэрт къулыкъум къыдыхэтхэм». ТхьэкIумащIэм и лIыгъэм щыхьэт техъуэрт Лениным и орденыр къызэрыхуагъэфэщари. Абы щыгъуэ дэфтэрым итт мыпхуэдэу: «ТхьэкIумащIэр зэхэуэ I85-м хэтащ, абыхэм ящыщу 35-м жэщу. Уэгум щызауэу I94I гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м «Ю-88» кхъухьлъатэр къриудыхащ. Бадзэуэгъуэм и 9-м Церель хытIыгум деж къыщриудыхащ аргуэру зы «Ю-88». Бийм я тIасхъэ щIихыну кIуауэ, «МЕ - I09» кхъухьлъатищым яIущIэри, зэхэуэ хэхуащ, абыхэм ящыщу зыр къриудыхащ. Уэгу зэхэуэ гуащIэхэм тIэунейрэ уIэгъэ щыхъуащ. I94I гъэм шыщхьэуIум и 2-м и кхъухьлъатэм мафIэ къыщIэнауэ къетIысэхащ».

1942 гъэм фокIадэм и 21-м ТхьэкIумащIэ Абдулыхь къыхуагъэфэщащ «Бэракъ Плъыжь» орденыр. Абы теухуа унафэм Iэ щIидзащ Хы фIыцIэ флотым и дзэ - уэгу къарухэм я унафэщIым.

1943 гъэм шыщхьэуIум и 23-м ТхьэкIумащIэр бийм и кхъухьлъатэзехуэхэм щахуэзащ уэгум. Абдежым уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ. ПсэзэпылъхьэпIэм иту и кхъухьлъатэр щIылъэм къигъэтIысащ. ЩIэхыу госпиталым нагъэса пэтми, зауэлIым и уIэгъэр мыхъужынт…

ТхьэкIумащIэ Абдулыхь уэгум ихьащ 415-рэ, зэхэуи 100-м щIигъум лIыгъэ щызэрихьащ, бийм и кхъухьлъатэ II къриудыхащ. Лениным и орденыр, «Бэракъ Плъыжь» ордениплI къыхуагъэфэщащ.

ЗауэлIым и Iыхьлыхэм яхъумащ абы къулыкъу къыдэзыщIахэм я письмохэр. Абыхэм ящыщ зым, Румынцевым ейм, итщ мыпхуэдэу: «Орёл-I8» - т и цIэ лейр. Уафэгум бийр щыхигъащIэрт зэпымыууэ. Фашистхэм ятекIуауэ щIылъэм къетIысэхыжырт, апхуэдэу екIуэкIын хуейуэт зэрыдигугъэри. Новороссийск, Кърым, Темрыкъуэ - а щIыпIэхэм я уафэгур и зекIуапIэт ди бгъэ уардэ ТхьэкIумащIэ Абдулыхь».

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

Читать также: