Псапэщ икIи гуапэщ

Нарткъалэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм и лэжьакIуэхэр иджыблагъэ щыIащ Осетие Ищхъэрэ-Аланием и къалащхьэ Владикавказ дэт сымаджэщым, икIи дзэ Iуэху хэхам хэтхэм ящыщу уIэгъэ хъуахэм папщIэ концерт щагъэлъэгъуащ. 
Мы хабзэр къыщежьар иджыкъым. Хэку зауэшхуэм щыгъуэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр ди къэралым къыщизэрыхьам, зауэм хэтхэм ящыщу уIэгъэ хъуахэм папщIэ сымэджэщхэм концерт щагъэлъагъуэрт артистхэм, зауэлIхэм я псэм телъ бэлыхьыр зы напIэдэхьеигъуэ нэхъ мыхъуми щхьэщахрэ я гукъыдэжыр къаIэту.
Владикавказ къыщызэрагъэпэща а зэIущIэм хэтащ Зауэм ныкъуэдыкъуагъэ къыхэзыхам я урысейпсо «ВоИн» жылагъуэ зэгухьэныгъэм Аруан районым щиIэ и къудамэм и унафэщI Дзыгъуэнэ Алик, «Эдельвейс» литературэ-поэтикэ зэгухьэныгъэм хэт ХьэхъупащIэ Iэмин, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щоджэн Валерэ, къэфакIуэ Iэзэ Сэралъп Марьянэ, уэрэджыIакIуэхэу Шэрхъ Любэ, Иуан Каринэ, Нетребин Руслан, Мысостышхуэ Залым, Уэлджыр Миланэ сымэ. 
Къэбэрдейм икIа артистхэр зэрыкIуар гуапэ ящыхъуат зи узыншагъэр зэтезыгъэувэжу сымаджэщым щIэлъ дзэлIхэм. Концерт гъэлъэгъуапIэм и пэшым зи лъэ зэрихьэ сэлэтхэр щызэхуэсат. УIэгъэ нэхъ хьэлъэ зыгъуэтахэу Къэхъун къуажэм щыщ Джатэ Ислъамрэ Псыгуэнсу къуажэм щыщ Темыркъан Рустамрэ, я хэкуэгъу артистхэр къахуэкIуауэ щызэхахым, къэтэдж мыхъуну дохутырым къажриIа пэтми, щIакъуэ башхэр яIыгъыу концертыр щагъэлъэгъуэну пэшым щIыхьащ. ГуфIэр я нэгум къищу сэлэтхэр ядежьурт уэрэджыIакIуэхэм. Я узыншагъэм къитIасэу щытамэ, уэрэдымрэ къафэмкIэ «Нартхасэ» ансамблым хэт Мер Миланэрэ Къэшэж Иналрэ ягъэзэщIа уэрэдхэм къыдэфэнут. 
Сымаджэщым щIэлъ сэлэтхэм псалъэ дахэкIэ захуигъэзащ Сэралъп Марьянэ. 
- Пычыгъуэ-пычыгъуэурэ зэхэлъ ди гъащIэм зэман-зэманкIэрэ лъэпощхьэпо куэд къыщохъу. Ди Хэкур зыубыдыну къежьа бийм, гъунапкъэм къевмыгъэбакъуэу, псэемыблэжу фыпэщIэтщ фэ, ди дзэлI хахуэхэр. Ину фIыщIэ фхудощI, ди щхьэр фхудогъэщхъ дзэ Iуэху хэхам хэт дэтхэнэми. Фэр мыхъуамэ, дэ псори гугъуехь дыхэхуэнут. Мамыр гъащIэм фыщIэбэну къыфтехуа фэбжьыр псынщIэу фщхьэщыкIауэ, фи унагъуэм узыншэу дэтхэнэ зыри Тхьэм фригъэкIуэлIэж! Фэ къыфкъуэкIа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ дэ зэи тщыгъупщэнкъым, - жиIащ Сэралъпым.  
 Абы и псалъэм къыпищащ Дзыгъуэнэ Алик. 
- Япэрауэ, фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ мы Iуэхугъуэр гукъэкI зыщIахэм. Еджагъэшхуэхэм зэрыжаIащи, цIыхум зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми и гуапэ пщIымэ, бгъэгуфIэмэ, и гукъыдэжыр къеIэт, и гур хегъахъуэ. АпщIондэхукIэ цIыхум и гукъеуэр зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми щхьэщокI. Мыпхуэдэ зэхыхьэхэр псапэщ икIи гуапэщи, нэхъыбэрэ тхузэхэшэмэ, фIы дыдэщ. ЕтIунэрауэ, дэтхэнэ зы дзэлIми фIыщIэ фхудощI, фи щхьэр зыхэфлъэнкIэ хъуну Iуэхум фызэрыпэрытым папщIэ. ФIыщIэри щIыхьри хуэфащэщ, фэ, лъэпкъылIу, Хэкум и щхьэщыжакIуэу фызыгъэса фи адэ-анэхэм. Дэри зэрытхузэфIэкIым хуэдэу зыфщIэдгъэкъуэну дыхьэзырщ. Сыхуейщ фи унагъуэхэм узыншэу фахыхьэжыну, фIуэтэжыну, - жиIащ абы. 
Мыр дыщIыгъужыпхъэщ. Хэкум и хъумакIуэм и махуэм теухуауэ къызэрагъэпэща Iуэхур я фIыщIэщ Нало З.А. и цIэр зэрихьэу Аруан районым щыIэ техник ныбжьыщIэхэм я станцым хэкупсэ гъэсэныгъэмкIэ и центрымрэ ЩэнхабзэмкIэ унэмрэ я лэжьакIуэхэм. Абыхэм закъыщIигъэкъуащ УФ-м СледствиемкIэ и комитетым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм.  

 

Чым Надя.
Поделиться:

Читать также: