Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм иУказ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Наркотикым пэщIэтынымкIэ и комиссэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2014 гъэм мэлыжьыхьым и 30-м къыдигъэкIа Указ №101-УГ-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм иУказ

1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Наркотикым пэщIэтынымкIэ и комиссэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2014 гъэм мэлыжьыхьым и 30-м къыдигъэкIа Указ №101-УГ-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, и цIэмрэ 3-нэ пунктымрэ хэт «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ комиссэм» псалъэхэр «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и комиссэм» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIауэ.
 2. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
 
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ,
2026 гъэм щIышылэм и 15-м
№5-УГ

 

Поделиться: