Къалэм уиутIыпщыркъым![]() «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ 2026 гъэм зэIузэпэщ ящIынущ Шэджэм щIыналъэм цIыхухэр куэду щызэхуэс, зыщагъэпсэху и щIыпIэхэр.
ЖыпIэнурамэ, Шэджэм къалэм лэжьыгъэшхуэ щызэхаублэнущ мы гъэм. Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэгъэпсауэ ди къэралым щрагъэкIуэкI урысейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуа, «Къалэм уиутIыпщыркъым» проектыр ягъэзэщIэн щIадзэнущ. Абы щхьэкIэ, гранту кърата сом мелуан 91-р трагъэкIуэдэнущ щIыпIэхэм ящыщу япэ игъэщыпхъэу къалэдэсхэм къагъэлъэгъуа хьэблэщIэр зэIузэпэщ щIыным. Ар зыхуэзэр къалэ дэжыпIэрщ икIи гектари 2,5-рэ абы иубыдынущ.
Поделиться:
Читать также:
15.04.2026 - 13:26 →
Уэрэдыр зи гъащIэ гъусэ
14.04.2026 - 12:39 →
Хьэршым и япэ тхьэмахуэр зэхуащIыжащ
10.04.2026 - 15:39 →
Хьэрш щIэныгъэм зезыгъэужьа
08.04.2026 - 15:18 →
Космонавтикэм и махуэм ирихьэлIэу зэхашэну зэIущIэхэр
28.03.2026 - 10:15 →
ЦIыхубэм гуапэу зэдаIэт
| ||






