Ди зэпыщIэныгъэхэр ягъэбыдэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ творческэ лIыкIуэхэр хэтащ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр Белгород областым къыщыщызэIуах гуфIэгъуэ зэхыхьэшхуэм.

Ипэ махуэм Белгород областым и къалащхьэ Белгород къалэм щыщIадзащ абы ехьэлIа дауэдапщэхэм. Махуэшхуэр гала-концерткIэ ирагъэжьати, областым и творческэ гупхэм зыкъыщагъэлъэгъуащ. Зэхыхьэм хьэщIэ лъапIэу хэтащ Кавказ Ищхъэрэм и щэнхабзэ къулейр дахэу утыку къизыхьа «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблыр, «Балкария» къэрал IуэрыIуатэ-этнографие къэфакIуэ ансамблыр, уэрэджыIакIуэхэр.
Махуэшхуэ концертыр къызэIуахащ Бирюков Эдуард игъэзащIэ «Люди - Родина моя» уэрэдымкIэ. Абдеж утыку къыщихьащ ди республикэм икIа, Ищхъэрэ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм, урысхэм я лъэпкъ фащэхэмкIэ зэщыхуэпыкIа къэфакIуэхэр. 
Пшыхьым кърихьэлIа хьэщIэхэм, белгороддэсхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ Белгород областым и губернаторым и япэ къуэдзэ Пономарев Илья:
- Урысейм и лъэпкъхэр зэрызэкъуэтыр зыужьыныгъэм и лъабжьэщ, ди къэралым и тхыдэм и кIыхьагъкIэ уриплъэжмэ, зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм я къежьапIэщ. I943 гъэм мыбдеж, Белгород щIыналъэм, Хэку зауэшхуэм и зэманым бийм удынышхуэ щеддзауэ, дыщытекIуауэ щытащ - Урысейм ис лъэпкъ щэ бжыгъэхэм я лIыкIуэхэм нацист дзэхэр щызэтракъутэри, ди дзэхэр адэкIэ кIуэтауэ щытащ. Ноби ди къэралым ис лъэпкъ псори зылI и быну зэкъуэту ди гъунапкъэхэр яхъумэ, зи щхьэр къэзыIэта нацизмэм хахуэу пэщIэуваауэ, - жиIащ къулыкъущIэм. 
Пономаревым къыхигъэщхьэхукIащ Белгород областым зэман мытыншыр къызэринэкIынымкIэ Урысей псор иджыпсту сэбэп зэрыхуэхъур, гузэвэгъуэ къызылъысым деж икIэщIыпIэкIэ дэIэпыкъуэгъур къызэрысыр. Абыи аргуэру зэ къегъэлъагъуэ ди лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэмрэ ди къэралым и зыужьыныгъэмрэ ефIэкIуэным псори зэгъусэу зэрытелажьэр.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и цIэкIэ белгороддэсхэм ехъуэхъуащ республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин: «Зэрыхабзэу, «Урысеишхуэр» жытIэу деса щхьэкIэ, абы и купщIэр нэсу къыдгурыIуэркъым. Пэж дыдэу, ар псалъэ дыгъэл къудейкъым, атIэ и щIы IыхьэкIи, ис лъэпкъкIи, иригъэкIуэкI IуэхукIи, цIыху бжыгъэкIи инщ икIи уардэщ. Ди къэралым и лъапIагъыр, псом япэрауэ, и цIыхухэрщ, фэрэ дэрэщ. ИкIи мыбы сыкъызэрыкIуэрэ цIыху гуапэ, цIыху гъуэзэджэ куэд дыдэ слъэгъуащ, я нэгум гуфIэр къищу, я псэр зэIухауэ, ягукIэ хьэлэлу. Мис ахэращ ди зэкъуэтыныгъэм лъабжьэ хуэхъур».
Къумахуэ Мухьэдин Пономарев Илья иритащ Европэм щынэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ къызэрыщ сурэтыр, бысымхэми хьэщIэхэм хуагъэхьэзыра, белгород щIыуэпсым и телъыджагъыр къызытещ сурэтышхуэ къратащ. 
Концертым и япэ Iыхьэм утыкур ягъэбжьыфIащ Белгород областым щIыхь зиIэ и артистхэм, къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гупхэм, лъэпкъ щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм. Къызэхуэсахэр игъэгушхуащ «Голос» проектым и щытекIуа Кареевэ Машэ, абы «Матушка-Земля» уэрэдыр игъэзэщIащ. ЕтIуанэ Iыхьэм белгороддэсхэм Iэгуауэшхуэ щыхуаIэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа хьэщIэхэм. Къызэхуэсахэм я пащхьэ зыкъыщагъэлъэгъуащ «Кабардинка», «Балкария» ансамблхэм. 
Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Белгород областымрэ куэд щIауэ зэкIэлъокIуэ, зэныбжьэгъугъэ я зэхуаку дэлъщ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ди республикэм и санаторэхэм гъэ къэс я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ, зыщагъэпсэху, я нэгу зыщрагъэужь Белгород щыщ сабийхэм. Иджыри ди лIыкIуэхэр мы махуэшхуэ зэхыхьэм зэрыхэтар сэбэп хуэхъунущ ди зэпыщIэныгъэр нэхъри гъэбыдэным.
 

Iэрысэ Iэсият.
Поделиться: