Зэманыр щыткIийми, цIыхугъэр яхуэхъумэрт

Адыгэхэм апхуэдизкIэ тхыдэ куу яIэщ, ар лIыхъужьыгъэкIэ гъэнщIащи, сыт хуэдэ зэманми ди лъэпкъым къытетхыхьу, ар яфIэтелъыджэрэ, яфIэгъэщIэгъуэну щытащ. Абыхэм я щапхъэ зыбжанэ къыдохь зэддзэкIауэ.

 
Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Бгъэжьнокъуэ Барэсбий: «1967 гъэм Израилым Сирием и Джолан лъагапIэхэр щиубыдам, абы адыгэ къуажэ 14 дэтт. Израилым и дзэхэм унафэ къыхуащIат адыгэхэр щIыпIэм ирамыгъэIэпхъукIыну, мамыру абдеж зэрыщыпсэуныр къыхузэрагъэпэщыну. АрщхьэкIэ адыгэхэм я унэхэр ябгынащ. Израилым и зауэлIхэр щIэупщIэрт яухуа псэупIэхэр къагъанэу ахэр щIикIым. ЛIыжьхэм жэуап иратыжырт: «Щхьэхуитыныгъэрщ. Зэрапхъуа щIыналъэм сыт хуэдэу гъащIэр щымыфIами, ар дыдейкъым. Дэ, адыгэхэр, зэи зыми я жыIэм дыщIэтакъым». 
1970 гъэм Иорданием къыщыхъуа палестинэ зыкъэIэтыныгъэр зэтегъэувыIэными адыгэхэм я гуащIэ хэлъащ. Адыгэхэмрэ бедуинхэмрэ я къару закъуэкIэ къэралыр граждан зауэмрэ Арафат Ясир и зауэлIхэм ар зэтракъутэнкIэ хъуну зэрыщытамрэ кърагъэлат. Иорданием и пащтыхьхэр, Абдаллэ бин Хъусени яхэту, яхъумэныр къызэзыгъэпэщар шэрджэс гвардиерщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, адыгэр а къэралым и шынагъуэншагъэм и нэщэнэу ялъытэ.
Адыгэхэм мыхьэнэшхуэ щаIащ, уеблэмэ ноби щаIэщ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и гъащIэм. Апхуэдэт: Къандур Иззэт - иордан дзэм и генштабым и унафэщIу, Хьэшимит пащтыхьыгъуэм шынагъуэншагъэмкIэ и къарухэм я унафэщIу щытар; Исмэхьил Ануар-Мухьэмэд - Иорданием и пащтыхьым дзэ IуэхухэмкIэ и чэнджэщэгъуу, Иорданием къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министру щытар; Абазэ Мамдухь Хьэмди - Сирие Республикэм и дзэ-хьэуа къарухэм я генштабым и унафэщIу щытар; Шурдым ТIэхъсин Хьэмид -Иорданием зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэу щытар; Мудар Ауни - Иорданием и пащтыхь дзэ-хьэуа къарухэм я командующэ нэхъыщхьэу щытар.
Тхыдэдж Крушинский Михаил и тхыгъэхэм щыщ пычыгъуэ: «…Ауэрэ адыгэпщитху нэхъ лъэрызехьэ, икIи бей хъуащ. Ахэр псори Украинэм и Подольскэ щIыналъэм щетIысэхащ. Гъэ къэс шэрджэс зауэлIхэр Польшэм къакIуэрт, пятигорск къэзакъхэм я полк хэхахэм хыхьэну. Илъэс зыбжанэ дэкIри, а полкхэр Польшэм и дзэм и Iыхьэ нэхъыщхьэ хъури, 1795 гъэ пщIондэ апхуэдэу екIуэкIащ Урысейм, Пруссием, Австрием Польшэр яубдыу ар ягуэшыху. А полкхэр къызэзыгъэпэща адыгэпщхэр дунейм ехыжа нэужь, Польшэми и щхьэхуитыныгъэр щыфIэкIуэдым, шэрджэсхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъури, поляк, украин, тэтэр зауэлIхэр зыхэт гупхэм трагуэшащ. АрщхьэкIэ полкхэм яхъумащ я адыгэ теплъэмрэ хьэл-щэн хьэлэмэтхэмрэ: хабзэхэр, Iэщэхэр, зэрызауэ Iэмалхэр. Нобэ Польшэм и тхыдэтххэм къыхагъэщ а пщитхум а зэманым Польшэм и дзэм хуабжьу зрагъэужьауэ зэрыщытар. «1572 гъэм мэлыжьыхьым и 13-м тыркудзэ лъэщыр Молдавием щыIэ полякыдзэхэм щебгъэрыкIуэм, Польшэм и дзэ частхэм гужьеяуэ зэуапIэр ябгынат, Темрыкъуэ и «пятигорск» полкым къищынэмыщIа. Ар и закъуэ зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэтащ, Польшэм и гупхэм къагъэзэжу тыркухэр къагъэувыIэжыху».
Косовэ и Приштинэ къалащхьэр адыгэ мухьэжырхэм XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм къызэрагъэпэщауэ щытащ, нэхъ ипэкIи ЧеркескэкIэ еджэрт. 
Тхыдэр щыхьэт тохъуэ мыбыи: адыгэ мухьэжырхэм Иорданием и къалащхьэ Аммани XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм яухуауэ щытащ. Япэу абы щетIысэхар адыгэ-шапсыгъхэрт. А щIыпIэм щыIар пасэрей урым амфитеатрым къыщIэнахэрт, ихъуреягъкIэ къум нэщIт. Адыгэхэм яхузэфIэкIащ абдеж къалэ зэщIэгъагъэ щаухуэну, иужькIэ Иорданием и къалащхьэ хъужауэ. Адыгэхэр эмир Абдаллах дэIэпыкъуат Трансиордан эмиратыр къызэригъэпэщынымкIэ. Адыгэхэрат, хьэрыпхэратэкъым, Абдаллах Иорданием и щхьэхуитыныгъэм щыщIэбэным абы щIэгъэкъуэн хуэхъуар…
Сирие Ищхъэрэм щыIэ Минбедж къалэм и лъабжьэри зыгъэтIылъауэ щытар адыгэ Iэпхъуэшапхъуэхэрщ, I878 гъэм. Апхуэдэщ Канев, Черкасы, Чигирин къалэхэри».
Дзэ тхыдэдж, генерал Фадеев Ростислав: «Шэрджэсым зэрыпэщIэта зэманым къриубыдэу Урысейр хунэсат япэхэр къимыхьэхуфыурэ, Польшэр, Прибалтикэр, Финляндиер залымыгъэкIэ зыгуигъэхьэну, Тыркум иращIылIа зауи 4 къихьыну, Къэжэрыр хигъэщIэну, Наполеон и дзэр зэхикъутэну, Кърымыр, Дагъыстэныр, Шэшэныр, Кавказ ЩIыбыр иубыдыну, нэгъуейхэр зэтрикъутэну. Урысей къэралыгъуэм и дзэм хэтхэр, хахуагъэрэ зауэлI хьэл-щэнкIэ къакIэрыхуми, адыгэ дзэ пакIэм ахэр ефIэкIт IуэхугъуитIкIэ - щхьэ бжыгъэрэ IэщэкIэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, аращ а зауэм мыхьэнэшхуэ щызиIар. Кавказ зауэр шэрджэс лъэпкъым и тхыдэ напэкIуэцI нэхъ гууз дыдэщ. 
Зауэ зэманыр ткIийуэ щытми, адыгэхэм я цIыхугъэр яхуэхъумэрт. Кавказ зауэм и тхыдэм къыхощыж я лIыгъэкIэ цIэрыIуэ хъуну хунэса урыс офицерхэр зауэм щыхэкIуадэм, абы я лIыгъэм пщIэ хуащIу, адыгэхэм я лIыкIуэхэр дыуэщIым ягъакIуэу, хэкIуэдахэм я щIыхькIэ зэгурыIуэныгъэ зращIылIэрэ зауэр махуищкIэ къызэтрагъэувыIэу зэрыщытар. КIэш Адэлджэрий зэритхыжымкIэ, а уэркъ хабзэр икIэм-икIэжым бгырысхэм зэран къахуэхъужащ». 
Урыс публицист Абрамов Яков: «Зэман кIыхькIэ екIуэкIа Кавказ зауэм щыгъуэ урысыдзэхэм я деж хэIущIыIу щыхъуат бгырысхэр Iэзэу уIэгъэхэр зэрагъэхъужыр. Абы щыгъуэми ахэм Iэпкълъэпкъым зэрыхэIэбэ операцэ ящIыртэкъым, атIэ езыхэм я хущхъуэгъуэ Iэмалхэр яIэжт. Урыс офицер куэдым нэхъ къащтэрт езыхэм я дохутыр-хирургхэм я деж нэхърэ, бгырыс Iэзэхэм я деж зыщагъэхъужмэ, икIи зэи хущIегъуэжыртэкъым. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, бгырыс Iэзэхэм я Iэмалхэр тегъэщIапIэншэу къэнащ икIи щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ яхуэджыжынукъым».

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: