ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсым и махуэу гъатхэпэм и 3-р ягъэувынымкIэ унафэр къыщащтар ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2013 гъэм дыгъэгъазэм и 20-м иригъэкIуэкIа и зэхуэсыщхуэрщ.
Зыхуэгъэзар щIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэм гулъытэ хэха хуэщIынырщ. Ар, къызэралъытамкIи, къэралхэм я зэхуэдэ икIи я зэхуаку дэлъ жылагъуэ Iуэхущ, зыхуэгъэзам цIыхухэр хузэщIигъэуIуэу. Къызыхуриджэр сыт жытIэмэ, мэзгъэфIэнхэмрэ лъэпкъ паркхэмрэ, мэзкъуэдыхэмрэ дыкъэзыухъуреихь дунейм хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэмрэ дэнэ къэна, псэущхьэрэ къэкIыгъэу дэнэкIи дызыщыхуэзэхэми дащысхьынымрэ лей нэхъ къызытехьахэм дакъыщхьэщыжынымрэщ.
Къыхэгъэщыпхъэщ зи гугъу махуэр хэгъэунэхукIынымкIэ ООН-м щIэсхэм тегъэщIапIэ нэхъ яхуэхъуауэ щытар 2013 гъэм и гъатхэм СИТЕС зэгухьэныгъэм я зэIущIэ ину Таиланд хэгъэгум щекIуэкIам къыщыхалъхьа жэрдэмыр арауэ зэрыщытри. Нэхъ пыухыкIауэ къэдгъэлъагъуэмэ, а зэхуэсырат пэщIэдзэ хуэхъуар цIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсым и махуэу гъатхэпэм и 3-р гъэбелджылынымкIэ ООН-м зэрызыхуагъэзауэ щытами.
ЩIыуэпсым къыщхьэщыжхэм ящыщ а гупым а гъэ дыдэм къыхагъэщат алъандэрэ цIыхуIэ зылъэмыIэсу къекIуэкIа псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ сату иращIыныр зымыгъэзахуэ икIи къызэпызыуд дэфтэрыр («Конвенция о международной торговле видами дикой фауны и флоры, находящимися под угрозой уничтожения») 1973 гъэм гъатхэпэм и 3-м (илъэс 40 ипэжкIэ) къащтауэ зэрыщытари.
1973 гъэм дунейм къытехьа а зэгурыIуэныгъэм хыхьэныр щхьэж зыхуей Iуэхугъуэу къыщIэкIами, а дэфтэрым Iэ щIэзыдза къэралхэр абы къыщыгъэлъэгъуахэр ягъэзэщIэн хуейуэ къатехуащ. Дызэрыт зэманым зи гугъу тщIы СИТЕС зэухылIэныгъэм зыхезыгъэубыда къэралхэм я бжыгъэр 185-м нэсащ. СССР-р абы щыхыхьауэ щытар 1976 гъэращ, Урысей Федерацэр а къэралыгъуэшхуэм къызэрытепщIыкIыжам къыхэкIыу, а дэфтэр дыдэм Iэ щыщIидзар къыщащта хабзэщIэхэр нэхъ щызэтеува 1992 гъэращ.
Ауэ щыхъукIи, дыкъэзыухъуреихь дунейм хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэр (мэзкъуэдыхэмрэ мэзгъэфIэнхэмрэ) зэрыщыIэр IэмалыфIщ псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ ижькIэрэ зэрыщытауэ къызэтегъэнэнымкIи, уеблэмэ абыхэм ящыщ языныкъуэхэм заужьынымкIи.
Гъатхэпэм и 3-м мэзгъэфIэнхэмрэ лъэпкъ паркхэмрэ цIыхухэр щызэхуашэс, дерс гъэщIэгъуэнхэм щрагъэдаIуэ, къинэмыщIауи кIэрыхубжьэрыхухэр щызэхуахьэс, псынащхьэхэр щагъэкъабзэ, щIыуэпсыр хъумэным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм щахутопсэлъыхь.
А Iуэхугъуэхэм я мыхьэнэр зыхуэкIуэжыр зыщ: унафэщIхэр (властыр), цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр, хьэрычэтыщIэхэр, ЩIым цIыхуу тетыр щIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэм гулъытэ хэIэтыкIа зэрыхуэщIыпхъэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм зэрыхуэсакъыпхъэм къыхуеджэнырщ щIыпIэ пхыдзахэр зи хэщIапIэ хьэкIэкхъуэкIэхэр, къэкIыгъэхэр щытыкIэ гугъу зэритым жылагъуэр щыгъуазэ щIынырщ.
СИТЕС зэгухьэныгъэм зи нэIэ тет псэущхьэ лIэужьыгъуэхэм датепсэлъыхьмэ, апхуэдэхэм я бжыгъэр мини 6,6-м ноблагъэ. КъэкIыгъэхэм ящыщу къызыщхьэщыж лъэпкъыгъуэхэм я гугъу тщIымэ, ахэр мин 34,3-м щIегъу. Зи гугъу ящIхэр къыщрабжэкIащ IэнатIэм а Iуэхум триухуа и тхыгъищым, тхьэмыщкIагъэрэ гузэвэгъуэу къаъэIэсар я инагъ-цIыкIуагъкIэ зыхуэдэр зэкIэлъыхьыжауэ.
Гу лъытапхъэщ, Урысей Федерацэм щIыуэпсым хэгъэщхьэхукIауэ яхъумэ и щIыналъэу дызыщрихьэлIэм и Iыхьэ щанэр ЮНЕСКО-м и биосферэ хъумалъэу къызэралъытари дыкъэзыухъуреихь Iэхэлъахэм и хъугъуэфIыгъуалъэ нэхъ зыхуэсакъыпхъэхэм зэрыхабжари. Абыхэм хагъэхьащ Кавказ биосферэ мэзгъэфIэнри. Иужьрейм зыщиубгъуащ иджырей Краснодар краймрэ Адыгэ Республикэмрэ бгыщхьэхэмкIэ щаIэ я щIыгушхуэхэм. Абы мэши щащIэркъым, Iэщи щыхъуакIуэркъым.
ЩIыуэпсыр хъумэным хуэунэтIа щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ щрагъэкIуэкI щIэпIэщ, зэрыгурыIуэгъуэщи, федеральнэ мыхьэнэ зиIэ мэзгъэфIэнхэмрэ лъэпкъ паркхэмрэ, Абдежым щакIэлъоплъ къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ къадекIуэкI щыIэкIэ-псэукIэр зыхуэдэм, Iэхэлъахэм и теплъэм зэрызыщихъуэжым, къинэмыщI абы хуэдэхэми.
Лъэпкъ паркхэмрэ мэзкъуэдыхэмрэ хэзыгъэунэхукIахэм зытращIыхьар ди планетэм и экосистемэр хъумаи къегъэлаи зэрыхъунырщ. АрщхьэкIэ, абы щхьэкIи къэмынэу, дыкъэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэм щытыкIэр нэхъри зэрыщызэIыхьэр къэтлъытэмэ, къыхэдгъэща IэмалхэмкIи зэрызэфIэмыкIынур гурыIуэгъуэщ. Абы къыхэкIыуи мыхьэнэшхуэ зиIэщ тщыщ дэтхэнэми, и унэ-лъапсэм деж къыщыщIидзэу, абы къедза и Iэхэлъахэми хуэсакъын зэрыхуейр зэхищIыкIыным.
Къэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэм емыгуэуэнымкIэ цIыхубэм и дэIэпыкъуэгъу нэхъыщхьэщ езы щIыуэпсым щыхагъэщхьэхукIа экосистемэхэр, е нэгъуэщIу жытIэмэ, пкъынэ-пкъынэу щызэрыубыда и Iыхьэшхуэхэр.
Апхуэдэ хэкIыпIэ зэрыщыIэрщ, ООН-м къызэрыхилъхьауэ, 2021 гъэм къыщыщIэдзауэ 2030 гъэм нэсыху къриубыдэ илъэсипщIыр экосистемэхэр (мэзхэри, губгъуэхэри, псыпцIэхэри хэту) зэрыта щытыкIэм игъэувэжыным щIыхухахар.