УиIэмкIэ уарэзыныр

(Псысэ)

Интернетыр къызэрытщхьэпэхэм язщ лъэпкъ куэдым я литературэм, цIыхухэм я гупсысэкIэм, дуней тетыкIэм дызэрыщигъэгъуазэр. Ущие дахэрэ гупсысэкIэ гъэнщIа тхыгъэм фыщыдгъэгъуэзэнращ мы тхыгъэр зэддзэкIыным щхьэусыгъуэ хуэхъуар.

ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэту лэжьапIэ хъарзынэхэри зыIэрызыгъэхьэжа щIалэгъуалэ гуп я егъэджакIуэу щытам деж кIуащ  лъагъунлъагъу. Щхьэж и Iуэху зэрыдэкIым чэзууэрэ тепсэлъыхьащ, ауэрэ зыIууэ гугъуехьхэри абыхэм къаIуэтэн щIадзащ.

ХьэщIэхэм шей къахуищIыну профессорыр шхапIэмкIэ щIыхьащ. Зимыгъэгувэу абы къигъэзэжащ, шей зэрыт фалъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд (фарфорым, абджым, хрусталым, пластикым къыхэщIыкIауэ, нэхъ лъапIэхэри къызэрыгуэкIхэри яхэту) иIыгъыу.

ЩIалэгъуалэм шей фалъэхэр зэбграха нэужь, тэлай дигъэкIри, егъэджакIуэм жиIащ: «Гу лъыфтамэ, фалъэ нэхъ лъапIэ дыдэхэр зэбгрыфхащ.  Дэтхэнэми и щхьэм нэхъыфI зэрыхуигъэфащэм ар и нэщэнэщ. Нэхъыбэж вжесIэнщи, аращ лъэпощхьэпо фхуэхъур, зи гугъу фщIы гугъуехьхэри «къыщIэунэхур». Уегупсысмэ, фалъэм елъыта атIэ абы итыр фIы хъуныр е мыхъуныр?! Си гугъэмкIэ, елъытакъым. Ар хьэпшып лъапIэ къудейщ, уеблэмэ дызэфэр зыхуэдэр языныкъуэми игъэпщкIуу.

Девгъэгупсысыт, сытыт фэ нэхъапэкIэ фигу къихьар? Шей фефэныр аракъэ?! Ауэ щыхъукIи, фыIэбэри, дэтхэнэми къэфщтар теплъэ дахэ зиIэрщ, уеблэмэ хэт сыт хуэдэ фалъэ къылъысами зэвгъэзэхуэжу фызэплъыжащ. Иджы, мыпхуэдэу девгъэплъ: гъащIэр - ар фызэфа шейра, лэжьыгъэ, ахъшэ, цIыхухэм факъызэрыщыхъу жыфIэми – а псор мис а фалъэращ. Ди гъащIэр купщIафIэу щытыныр зы «фалъэми» елъытакъым. АрщхьэкIэ языныкъуэм а «фалъэм» апхуэдизкIэ мыхьэнэшхуэ идотри, тщогъупщэ дызыхуеяр абы ита шей IэфIыр (гъащIэр) арауэ зэрыщытар.

ЦIыху насыпыфIэхэм нэхъыфI дыдэу щыIэу хъуар яIэкъым. Ауэ ахэр щIэнасыпыфIэр - яIэмкIэ зэрыарэзырщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, насып жыхуаIэжыр уиIэмкIэ (мащIэ-куэдми) уарэзынырщ, армыхъумэ, узыхуей псор уиIэныркъым. Зэхэвмыгъэгъуащэ!».

Уэ пщIэжрэ?!

Бжьыхьэ махуэ уэфIт. ЛIэщIыгъуэ ныбжь зиIэ мэзыр дыгъэ къэплъам зыхуигъафIэу щытт. Илъэсищэ бжыгъэ къагъэщIауэ мыбы ит жыгхэм я лъабжьэр иджыри быдэ дыдэщ, я тхьэмпэхэрщи, къудамэхэм Iуву фIэлъщ. Я лъэдийхэр мыхъуамэ, абыхэм апхуэдиз «къапсэуауэ» къызэрыпщIэн щыIэтэкъым. Жыгейхэмрэ пкIейхэмрэ я лъэдий гъумхэр быIуэбышэщ, икIи я зэкIэлъымыкIуагъэм, зэрыжытIауэ, я ныбжьыр къагъэлъагъуэ. Мэзым и IувыпIэ дыдэм зэныбжьэгъуищ, зи ныбжьыр зымыщIэж пкIей жыгищ, хэтт. Абыхэм я щхьэкIэ баринэхэм япэм хуэдэу удахьэхыжыртэкъым, я лъэдийхэри кунэф зэрыхъурэ куэд щIат. АрщхьэкIэ, сыт хуэдизу жьы мыхъуами, мы жыгхэм гъэщIэгъуэну ящIэжырт я щIалэгъуэм ялъэгъуа псори.

- Сыт хуэдэу зэман дахэ диIа дэ! - Iущащэрт пкIей жыгыжьым и тхьэмпэхэр. - СощIэж си лъэдий лантIэхэм зашантIэурэ дэнэ лъэныкъуэкIи зызгъэзэфу щыщытар. Къысхуихуащ, дауи, гъуэжькуийуэ къызэкъуэу жьым сыкъиуфэрэзыхьрэ си гъащIэр икъутэну щыхэта. Ауэ сыт щыгъуи сэ нэхъ сыкъарууфIэти, жьым сытекIуэрт…

- Уэ пщIэжрэ, - пищащ абы и гъунэгъу пкIейм, - къуалэбзухэм япэ дыдэу ди жыг щхьэкIэхэм щаухуа абгъуэхэр! Сыту сыгузэват бзу шырыр абгъуэм къыщиху пэтам!

- Ди япэ дыщафэ тхьэмпэхэр-щэ! Сабийхэр Iэгъэбэгухьэ мэзым къыщыкIуэкIэ, ахэр я хъуржынхэм щызэхуахьэсырт. Пэжщ, зэманыгъуэ дахэ диIащ, - къэкIыргъащ, уэршэрым къыхыхьа ещанэ пкIейр. Ауэ ар хуеищэтэкъым а псом иджыпсту тепсэлъыхьыжыну. Арати, щхьэукъуащ.

- Сэ сыхущIегъуэжыркъым къэзгъэщIа гъащIэм, - пищащ и псалъэм япэ пкIейм. - Къапщтэмэ, щIалэгъуэр акъылыншэщ икIи щхьэпрех, жьыгъэр Iущщ, апхуэдэуи щыпкъэщ. Феплъыт, жыгыщIэхэр иджыпсту къызэрытхудэплъейм! Абыхэм я дежкIэ щапхъэщ ди лIыгъэр, бэшэчагъэр.

- Шэч хэмылъу, узахуэщ! - диIыгъащ абы и псалъэхэр етIуанэ пкIейм.

Жыгхэр щым хъуащ. Щхьэщытхъу тIэкIуи мащIэу зыхэлъ я гупсысэхэм ахэр иджыри яIыгът. Зэуэ жыгхэр къызэщыуащ, зы пщащэ цIыкIу абыхэм гъунэгъу къащыхуэхъум. А цIыкIур нэфIэгуфIэт, щIалагъэм и напщIэ телът. Хъыджэбзыр жыг абрагъуэхэм хуеплъэкIакъым, уеблэмэ я гурыгъу-гурыщIэ зригъэщIэнуи игу къэкIыххакъым. Абы и нэр нэгъуэщIт зытеплъызар. Дыгъэ нурым я дамэ щхъуэкIэплъыкIэхэр пэлыду хьэндырабгъуэхэр мэз Iувым щызелъатэрт. «Сыт телъыджэ!» - къиIущэщырт пщащэм.

- Ар дэ къыдэплъыхакъым, - я жагъуэ хъуащ пкIей зэныбжьэгъуищым. - Ар дауэ, зы махуэкIэ фIэкIа мыпсэу хьэндырабгъуэ цIыкIум нэхъ хуэфащэ апхуэдэ гулъытэ?!

Жыгхэр Iэнкун хъуащ. Щыму зыкъомрэ хъыджэбз цIыкIум кIэлъыплъащ ахэр. Апхуэдиз илъэс бжыгъэ къагъэщIам иджы япэу къагурымыIуэу арат щIалэгъуалэм яфIэлъапIэмрэ щапхъэу къалъытэнкIэ хъунумрэ…

Джэду хьэжы зещI

Джэдур Iэмал хуекIуэу дзыгъуэхэр зэтришхыхьыну мурад ищIат. Лейуэ зэрихьам хущIегъуэжауэ, и гуэныхьхэр ипшыныжыну хьэжыщI кIуэну зигъэIуащ. Дзыгъуэхэри я гъуэм къикIыу къыхуэкIуэну лIыкIуэ яхуищIащ, яриха лейр къыхуагъэгъуну елъэIуну зэрызэхуишэсыр яжриIэну.

Дзыгъуэхэм я фIэщ хъури, утыкум къихьащ. Джэдуми зигъэуардэу яхыхьэри къыщIидзащ:

- Къэпым щхьэ зэриIэр, а къэпым илъыр абыкIэ къипх зэрыхъур псоми фщIэрэ? - жиIэри яхэупщIыхьащ.

- Сыт щIэдмыщIэр? - жаIащ псоми зыжьэу.

- АтIэ, а къэпыщхьэмкIэ къивмыхыу къэп щIэрыпсыр щIэвугъуэныр сыт? - жиIэри дзыгъуэхэр зэтриукIащ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: