Кавказ тажым хэс налмэс лъапIэ![]() Мазаем и 21-м ди къэралым щагъэлъапIэ Экскурсоводым и дунейпсо махуэр. Абы ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым МенеджментымкIэ, туризмэмрэ хьэщIагъэ индустриемкIэ и институтым экскурсие гъуэгухэмкIэ зэпеуэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. «ХьэщIэщ Iуэху», «Туризм» унэтIыныгъэхэм, абы пыщIа IэщIагъэхэм щыхурагъаджэ къудамэхэм я студентхэм лэжьыгъэ 25-м щIигъу кърагъэхьат зэхьэзэхуэм, ауэ кIэух Iыхьэм нэсар проектибл къудейщ. НэхъыфIу къыхахахэм, Iуэхум нэхъ гупсэхуу елэжьахэм я IэдакъэщIэкIхэм еплъын и пэ къихуэу ныбжьыщIэхэм захуигъэзащ къудамэм и унафэщI Лыджыдэ Рэмэзан: - Фэ, туризмэмрэ хьэщIагъэмрэ епха IэнатIэм и IэщIагъэлI хъунухэр, сыт хуэдэ унэтIыныгъэ къыхэфхми, проектхэр зэпымыууэ фщIын хуей хъунущ, щхьэзакъуэу, унагъуэу, зэныбжьэгъухэм зэгъусэу загъэпсэхуныр къахузэвгъэпэщын папщIэ. Фи проектхэм гупсысэ гуэр щIэлъу, тыншу щыт къудей мыхъуу, гукъыдэж къывэзытын Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм яхуэфщIэфу фыхъуну сынывохъуэхъу. Фэ фщыщ дэтхэнэми зрырегъасэ къытрагъэзэжурэ цIыхухэр къыздэкIуэн зыплъыхьыпIэхэр къыхихыфу!» КъэпщытакIуэхэм ещанэ увыпIэр зыхуагъэфэща Къалэ Иринэ («ХьэщIэщ Iуэху» къудамэм и I-нэ курсым щоджэ) игъэхьэзырар «Дзэлыкъуэ щIыналъэм и турист зекIуапIэхэр» проектырат. Абы пщащэм хигъэхьащ республикэм и щIыпIэ мыцIыхухэр: Каменскэ къуажэм и гуэлхэр, Приречнэ жылэм и шы гъэхъупIэр, тхъуэбзащхъуэ псынэхэр, удзыпцIэ хъупIэхэр. «Сэ сыхуейщ сыкъыщалъхуа щIыпIэм и дахагъымкIэ цIыхухэм садэгуэшэну, зыплъыхьакIуэхэр зэзэмызэххэ зыдэплъэ Дзэлыкъуэ районым и плIанэпэ дахэхэр згъэлъэгъуэну. Бгы лъапэм щылъ тафэхэм къыщыщIэдзауэ бгыщхьэ лъагэхэм удрешей си «гъуэгум». Абы дэкIуеиху адыгэ фащэхэр зыщыгъ гидхэр тепсэлъыхьынущ ди республикэм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ къулейм, щыIэкIэ-псэукIэм, нэгъуэщIхэми. ХьэщIэхэм Iэмал яIэнущ къуажэм дэт хьэщIэщым – бзылъхугъэм и пщэфIапIэм – шэджагъуашхэ щащIыну, Кавказым и хуабагъэ нэс зыхащIэну. Дауэ щымытми, Къэбэрдей-Балъкъэрыр Кавказым и тажым хэс налмэс лъапIэщ», - иригушхуэу жиIащ Иринэ. ЕтIуанэ увыпIэр къихьащ «Телъыджэхэм я бгъуэнщIагъым и зыплъыхьакIуэ гъуэгур» проектыр зи IэдакъэщIэкI Тиловэ Елизаветэ («ХьэщIэщ Iуэху», 2-нэ курс). Маршрутым Кавказым и щIыщIагъ экосистемэм ущегъэгъуазэ. Елизаветэ и лэжьыгъэр спелеотуризмэм япэу зыщыбгъэгъуэзэнымкIэ проект нэгъэсащ. Шынагъуэншагъэм и хабзэхэр зэпкърыхауэ итхащ. «БгъуэнщIагъым и кIуэцIым хуабэр градуси 7- 11 щохъу, щыгъын хуабэ, страховкэ Iэмэпсымэхэр пIыгъын хуейщ. Iуэхум къыхэтлъытащ бгъуэнщIагъым и джабэхэм ежэх ткIуаткIуэхэм уеIусэ зэрымыхъунур зыплъыхьакIуэхэм ягурыгъэIуэн зэрыхуейри, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы а щIыпIэм и щыIэныгъэр, зыужьыныгъэр илъэс пщIы бжыгъэкIэ къызэтригъэувыIэфынущ. Мыр зыплъыхьыпIэ къудейкъым, атIэ щIыуэпсым хуэсакъынымкIэ дерсщ», - къыхигъэщащ Елизаветэ. Зэпеуэм щытекIуащ «КъуэладжитI» проектым и автор Геляхов Абдуллыхь («ХьэщIэщ Iуэху», 1-нэ курс). МахуитIкIэ екIуэкI турым хохьэ къуэладжэ дахэхэм - Шэджэмымрэ Бахъсэнымрэ - зыщуплъыхьыныр, экстремальнэ нэгузыужьыпIэхэр. «Туристым и пIэм зизгъэувэурэ зэхэзгъэуващ гъуэгур: уасэм, бронь зэращIым, Iэмэпсымэхэм, шхыным, уеблэмэ аптечкэм сегупсысащ. ЗекIуэм и упщIэ псоми жэуап етыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Мыбдежым щхьэж къызэрикI теухуауэ и Iуэхур иубзыху хъунущ. Ухуеймэ, гупыр хьэщIэщым и пIэкIэ шэтырхэм щIэбгъэс хъунущ, ахъшэу текIуадэр нэхъ мащIэ хъун папщIэ. Нэхъыщхьэр зыплъыхьакIуэм и гъуэгуанэр гъэщIэгъуэну гъэнщIа къудей мыхъуу, ар дэтхэнэми хузэфIэкIыу щытынырщ, сэ сызэреплъымкIэ», - жиIащ Абдуллыхь. ТекIуа псоми кубокхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ иратащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм шэч къытрахьэркъым лэжьыгъэ нэхъыфIхэр щIыналъэм и турист IуэхущIапIэхэм къызэрыщагъэсэбэпынум. Къыхэгъэщыпхъэщ КъБКъУ-м МенеджментымкIэ, туризмэмрэ хьэщIагъэ индустриемкIэ и институтым IэщIагъэлI ахъырзэман хъунухэр зэрагъэхьэзырыр зэпеуэм къызэригъэлъэгъуар.
Поделиться:
Читать также:
10.03.2026 - 16:02 →
ЩIэныгъэм лъагъуэхэр пхрашу
03.03.2026 - 13:16 →
ЩIалэгъуалэм я зэхэщIыкIыр къаIэт
02.03.2026 - 15:43 →
Япэ увыпIэхэр къыхуагъэфэщащ
24.02.2026 - 12:48 →
Зэреджэм хуэдэурэ зрагъасэ
17.02.2026 - 15:55 →
ЩIалэгъуалэм я унэм
| ||





